Апокалипсис 15
15
15-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
Иужьрей гугъуехьышхуэхэр мелыӀычхэм къызэрахьыр
1Абы и ужькӀэ нэгъуэщӀ нэщэнэ ин икӀи гъэщӀэгъуэныщэ уафэм щыслъэгъуащ: МелыӀычиблым иужьрей гугъуехьышхуиблыр къахьырт. Тхьэм и губжьыр уха мэхъу абыхэмкӀэ. 2ЗэхэткӀухьа мафӀэмрэ абджымрэ къыхэщӀыкӀауэ, хым и плъыфэ иӀэу зыгуэр слъэгъуащ итӀанэ. Хьэщхьэвылъэм, абы и сурэтым, абы и цӀэм и бжыгъэм#15:2 и цӀэм и бжыгъэр – еплъ 13:18. ятекӀуэгъа цӀыхухэр абджым къыхэщӀыкӀа хым и Ӏуфэм Ӏутт. Тхьэм ярита шыкӀэ пшынэхэр яӀыгъыу, 3Тхьэм хуэлажьэ Мусэмрэ Щынэмрэ я уэрэдыр#15:3 Мусэмрэ Щынэмрэ я уэрэдыр – еплъ 2 Мусэ 15:1-18. жаӀэрт:
«ЛъэкӀыныгъэшхуэ псори зиӀэ Зиусхьэну Тхьэ,
уэ блэжь Ӏуэхухэр Ӏуэхушхуэщ икӀи Ӏуэху гъэщӀэгъуэныщэщ.
Уи гъуэгухэр гъуэгу захуэщ икӀи гъуэгу пэжщ,
уэ цӀыху лъапӀэхэм урапащтыхьщ.
4Уэ, Зиусхьэн, къыпщымышынэ цӀыхуи
щӀыхьышхуэ къыпхуэзымыщӀ цӀыхуи щыӀэкъым.
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ лъапӀэ закъуэу щыӀэр уэращ.
ЩыпкъагъэкӀэ хьэкум зэрыпщӀэр
нахуэ зэрыхъуам щхьэкӀэ, лъэпкъ псори
уи пащхьэм ихьэнурэ уагъэлъэпӀэнущ».
5Сыщыплъэм, Тхьэм и унэшхуэу щыхьэтыгъэм и шэтырыр Ӏухауэ уафэм щыслъэгъуащ итӀанэ. 6Гугъуехьышхуиблыр къэзыхь мелыӀычиблыр Тхьэм и унэшхуэм къыщӀэкӀащ. Щыгъын хужьыбзэ лыду ящыгът, дыщэм къыхэщӀыкӀа бгырыпххэри я бгым щӀэпхат. 7ИгъащӀэкӀэ щыӀэну Тхьэм и губжьыр зэрыт фалъиблу дыщэм къыхэщӀыкӀар псэущхьиплӀым я зым мелыӀычиблым яритащ. 8Тхьэм и щӀыхьышхуэмрэ и лъэкӀыныгъэшхуэмрэ я Ӏугъуэр Тхьэм и унэшхуэм щӀэз хъуащ. МелыӀычиблым къахь гугъуехьышхуиблыр яухыху, Тхьэм и унэшхуэм щӀыхьэн зыми лъэкӀакъым.
Currently Selected:
Апокалипсис 15: KbdNTGP2017
Highlight
Copy
Compare
Share
Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017