Bible App logo
Search Icon

Апокалипсис 14

14
14-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
ЦӀыху минищэрэ плӀыщӀрэ плӀым къыжаӀэ уэрэдыр
1Сыщыплъэм, Сион Ӏуащхьэм#14:1 Сион Ӏуащхьэр – Ерусалимщ. Щынэр тету слъэгъуащ итӀанэ. Щынэм и цӀэмрэ абы и Адэм и цӀэмрэ зи натӀэм тет цӀыху минищэрэ плӀыщӀрэ плӀырэ и гъусэт. 2Псыдзэ куэдым я макъышхуэмрэ уафэгъуагъуэшхуэм и макъышхуэмрэ хуэдэу макъ гуэр уафэм къиӀукӀыу зэхэсхащ итӀанэ. Макъышхуэу зэхэсхар шыкӀэ пшынэхэм я макъым хуэдэт. 3ТӀысыпӀэ лъапӀэм, псэущхьиплӀым, тхьэмадэ нэхъыжьхэм я пащхьэм уэрэдыщӀэ къыщыжаӀэрт. ЦӀыху минищэрэ плӀыщӀрэ плӀым фӀэкӀа а уэрэдыр зыми зригъэщӀэн лъэкӀакъым. Мы дунейм и цӀыхухэм ящыщу ахэрщ Щынэм зи щхьэ къищэхужар. 4Мыхэрщ цӀыхубзхэмкӀэ зызымыгъэуфӀеяр, ахэр къэзымыша-дэмыкӀуахэм яхуэдэщи. Щынэр дэнэ кӀуэми, абы кӀэлъокӀуэ. Мыхэращ Щынэм цӀыхухэм къахишу, зи щхьэхэр къищэхужу, Тхьэмрэ езымрэ щхьэкӀэ япэ игъэувар. 5Абыхэм я жьэхэм пцӀы зыхэлъ псалъэ къажьэдэкӀакъым. Лажьэ гуэри яӀэкъым.
МелыӀычищым къыжаӀэ хъыбархэр
6НэгъуэщӀ мелыӀыч гуэр уафэм щызелъатэу слъэгъуащ абы и ужькӀэ. Дунейм тет цӀыху псоми, лъэпкъ псоми, унагъуэ лъэпкъ псоми, бзэ псоми, къэрал псоми яхуиӀуэтэну Тхьэм и хъыбарыфӀу мыкӀуэдыжынур а мелыӀычым къихьырт. 7МакъышхуэкӀэ жиӀащ:
– Тхьэм фыщышынэ, щӀыхьышхуэри хуэфщӀ, Тхьэм цӀыху псоми я хьэкумыр#14:7 хьэкум – «суд» жыхуаӀэрщ. щатрищӀыхьыну сыхьэтыр къэсащи. Уафэри, щӀыри, хыри, псынащхьэхэри къэзыгъэщӀар вгъэлъапӀэ.
8А мелыӀычым нэгъуэщӀ мелыӀыч кӀэлъыкӀуэри жриӀащ:
– Къалэшхуэр зэхакъутащ. Бабилэн#14:8 къалэшхуэ Бабилэн – Рим къалэшхуэр арщ. къалэшхуэр зэхакъутащ. А къалэшхуэм и хъуэпсэныгъэ Ӏейхэмрэ зинэ щӀэнымрэ я фадэмкӀэ лъэпкъ псори игъэудэфащ.
9Ещанэ мелыӀыч гуэр а мелыӀычитӀым кӀэлъыкӀуэри, макъышхуэкӀэ мыпхуэдэу жиӀащ:
– ЦӀыху гуэрым хьэщхьэвылъэмрэ абы и сурэтымрэ игъэлъапӀэу, хьэщхьэвылъэм и дамыгъэр и натӀэм е и Ӏэм тедзауэ щытмэ, 10ари Тхьэм и губжьым и фадэ дыджым ефэнущ. А фадэу псы зыхэмытыр Тхьэм и губжьым и фалъэм хьэзыру итщ. МелыӀыч лъапӀэхэмрэ Щынэмрэ я пащхьэм мафӀэмрэ тхъуэбзащхъуэмрэ щахэту, а цӀыхум гугъуехьышхуэ ишэчынущ. 11Гугъуехьышхуэ езыгъэшэч мафӀэм и Ӏугъуэр игъащӀэкӀэ къыпихыурэ, уафэм дэкӀуеинущ. Хьэщхьэвылъэри абы и сурэтри зыгъэлъапӀэ цӀыхухэм жэщи махуи зыгъэпсэхугъуэ ягъуэтынукъым. Апхуэдэу, хьэщхьэвылъэм и цӀэр зытет дамыгъэр зытедза дэтхэнэми жэщи махуи зыгъэпсэхугъуэ игъуэтынукъым.
12Аращи, Тхьэм и цӀыху лъапӀэу абы и унафэхэр зыгъэзащӀэу, Хьисэми щыпкъагъэ хузиӀэхэм теубыдагъэ ярыреӀэ.
13Макъ гуэрым мыпхуэдэу къыжиӀэу, уафэм къиӀукӀыу зэхэсхащ итӀанэ:
– Тхы: Иджы къыщыщӀэдзауэ Зиусхьэныр зи псэм щыщу лӀэр гъуэгу махуэ теувэнущ.
– Ар пэжщ, – жеӀэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм. – Я Ӏуэхур загъэщӀауэ, загъэпсэхужынущ, я фӀыщӀагъэхэр ягъуэтыжынущи.
ЩӀылъэм и хэгъуэр къэсауэ, мелыӀычхэм ар къызэрахыр
14Сыщыплъэм, пшэ хужь гуэр слъэгъуащ итӀанэ. Уафэпшэм хэту «ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм» и плъыфэ зиӀэ гуэри къэслъэгъуащ. Дыщэм къыхэщӀыкӀа таж щхьэрыгът, гъубжэ жан иӀыгът. 15НэгъуэщӀ мелыӀыч гуэр Тхьэм и унэшхуэм къыщӀэкӀри, пшэм хэтым макъышхуэкӀэ жриӀащ: «Гъубжэр щтэи, хэ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ щӀылъэм и гъавэр хъуащ, хэгъуэр къэсащ». 16Пшэм хэтыр гъубжэкӀэ щӀылъэм щыхэри, щӀылъэм и гъавэ псори къихащ.
17НэгъуэщӀ мелыӀыч гуэр Тхьэм и унэшхуэу уафэм щыӀэм къыщӀэкӀащ. Абыи гъубжэ жан иӀыгът. 18ИтӀанэ нэгъуэщӀ мелыӀычу мафӀэм тепщэныгъэ хузиӀэр къурмэн щӀыпӀэм къыӀукӀри, гъубжэ жаныр зыӀыгъым макъышхуэкӀэ жриӀащ: «ЩӀылъэм и санэ къуэпсхэм япыт жызумхэр хъуащи, уи гъубжэр щтэи, къыпыупщӀ». 19ЩӀылъэм щыӀэ жызумыр мелыӀычым и гъубжэмкӀэ къыпиупщӀри, Тхьэм и губжьым и санэ зэрапӀытӀ чеишхуэм ирикӀутащ. 20Къалэшхуэм и щӀыб щыӀэу жызум зэрапӀытӀ чейм жызумхэр щапӀытӀащ. Шыхэм я шхуэхэм щӀэуэу куууэ, стадие#14:20 стадие – метри 192-рэ мэхъу. минрэ щихкӀэ зиубгъуу, жызум зэрапӀытӀ чейм лъы къикӀащ.

Highlight

Copy

Compare

Share

None

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in