Bible App logo
Search Icon

Апокалипсис 16

16
16-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
Тхьэм и губжьыр зэрыт фалъэхэр
1Макъышхуэ гуэр Тхьэм и унэшхуэм къыщӀэӀукӀыурэ мелыӀычиблым къажриӀэу зэхэсхащ итӀанэ: «ФыкӀуи, Тхьэм и губжьу фалъиблым итыр щӀылъэм тефкӀэ».
2Япэрей мелыӀычыр кӀуэри, и фалъэм итыр щӀылъэм трикӀащ. Хьэщхьэвылъэм и дамыгъэр зи натӀэ тедза цӀыхуу, абы и сурэт зыгъэлъапӀэхэм шын гущыкӀыгъуэ зэрыт уӀэгъэхэр я фэм телъ хъуащ асыхьэтым.
3ЕтӀуанэ мелыӀычым и фалъэм итыр хым хикӀащ. Хыр цӀыху лӀам и лъым хуэдэ лъы хъури, псэ зыпыту хым хэс псори лӀащ асыхьэтым.
4Ещанэ мелыӀычым и фалъэм итыр псышхуэхэмрэ псынэхэмрэ хикӀащ. Ахэри лъы хъуащ. 5Псыхэм я тепщэ мелыӀычым мыпхуэдэу жиӀэу зэхэсхащ итӀанэ:
«Уэ, Зиусхьэну щыӀауэ икӀи щыӀэр,
узахуэщ икӀи улъапӀэщ,
апхуэдэ хьэкумхэр зэрыпщӀам щхьэкӀэ,
6сыту жыпӀэмэ цӀыху Ӏейхэм
уэ уи цӀыху лъапӀэхэмрэ уи бегъымбархэмрэ
я лъыр зэрагъэжам папщӀэ,
лъы ебгъэфащ.
Ар абыхэм яхуэфащэщ».
7КъурмэнщӀыпӀэм къиӀукӀыу макъ гуэрым жиӀэу сэ зэхэсхащ итӀанэ:
«Аращ, уэ лъэкӀыныгъэшхуэ псори зиӀэ
Зиусхьэну Тхьэ,
цӀыхухэм хьэкум зэратепщӀыхьыр
пэжщ икӀи захуэщ».
8ЕплӀанэ мелыӀычым и фалъэм итыр дыгъэм трикӀащ. ЦӀыхухэр мафӀэкӀэ игъэсыну дыгъэр хуит хъуащ. 9Апхуэдэу щыхъум, дыгъэм цӀыхухэр хуабэ гуащӀэкӀэ игъэсащ. Мы гугъуехьышхуэхэм тепщэныгъэ яхузиӀэ Тхьэм и цӀэр ягъэулъиину и ужь итащ ахэр икӀи я гуэныхьхэм хущӀегъуэжу, Тхьэм щӀыхь хуащӀын ядакъым.
10Етхуанэ мелыӀычым и фалъэм итыр хьэщхьэвылъэм и тахътэм трикӀащ. Хьэщхьэвылъэм и тепщэныгъэм щӀэт цӀыхухэм кӀыфӀыгъэ къащхьэщыхьащ итӀанэ. Узышхуэ зэраӀэм щхьэкӀэ, цӀыхухэр я бзэгухэм едзэкъэжырт. 11Гугъуехьу яшэчымрэ уӀэгъэу ятелъымрэ щхьэкӀэ, уафэм щыӀэ Тхьэм хуэхъущӀэрт, я щыуагъэхэми хущӀегъуэжатэкъым.
12Еханэ мелыӀычым и фалъэм итыр Евфрат псышхуэм#16:12 Евфрат псышхуэр – еплъ 9:14. хикӀащ. Дыгъэ къуэкӀыпӀэмкӀэ къикӀ пащтыхьхэм гъуэгу яритын щхьэкӀэ псышхуэр жэщӀащ итӀанэ. 13Благъуэжьым и жьэми, хьэщхьэвылъэм и жьэми, бегъымбар нэпцӀым и жьэми, хьэндыркъуакъуэхэм я плъыфэр яӀэу, жин бзаджищ къажьэдэкӀыу слъэгъуащ иужькӀэ. 14Нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэр къэзыгъэлъагъуэ жин бзаджэщ ахэр. ЛъэкӀыныгъэшхуэ псори зиӀэ Тхьэм и махуэшхуэм щыгъуэ зэуэну, дуней псом я пащтыхьхэм я деж кӀуэурэ, ахэр зэхуашэс.
15(Хьисэ жеӀэ:) – Мис, уащхъуэдэмыщхъуэу дыгъуакӀуэр къызэрыкӀуэм хуэдэу сэ сыкъэкӀуэнущ. ПцӀанэу къыщикӀухькӀэ, и укӀытапӀэр цӀыхухэм ямылъагъун щхьэкӀэ, мыжейуэ икӀи сакъыу зи щыгъынхэр зыхъумэр гъуэгу махуэ теуващ.
16ЖуртыбзэкӀэ Армагеддон зи цӀэ щӀыпӀэм#16:16 Армагеддон зи цӀэ щӀыпӀэр – абы къикӀыр «Мегиддо къалэм и Ӏуащхьэр» арщ. А Ӏуащхьэр Израил къэралым и ищхъэрэ лъэныкъуэм итщ. А щӀыпӀэм израил цӀыхухэр я бийхэм куэдрэ щезауэрт. Еплъ Пащтыхьхэм я хъыбархэр зэрыт етӀуанэ тхылъым (4-я Царств) 23:29-30. а жин бзаджэхэм пащтыхьхэр щызэхуашэсащ итӀанэ.
17Ебланэ мелыӀычым и фалъэм итыр жьым хикӀащ. Тхьэм и унэшхуэм щӀэт тахътэм макъышхуэ гуэр къиӀукӀри, жиӀащ итӀанэ: «Ӏуэхур уха хъуащ». 18Уафэри хъуэпскӀащ, уафэгъуагъуэ макъышхуэхэри къэӀуащ, щӀыри ину хъеящ. ЦӀыхухэр дунейм къыщытехьам къыщыщӀэдзауэ щӀыр апхуэдизу хъеякъым зэи. 19Арати, къалэшхуэр Ӏыхьищу зэгуэкӀащ, хамэ лъэпкъхэм я къалэхэри зэхэкъутащ. Бабилэн къалэшхуэм#16:19 Бабилэн къалэшхуэр – еплъ 14:8. и цӀыхухэр и гум иримыгъэкӀыжу, Тхьэм езым и фалъэм ит фадэм иригъэфащ – Тхьэм и губжьышхуэм и фадэ дыджыращ зригъэфар. 20ХытӀыгу псори бзэхащ, бгыхэри ягъуэтыжакъым. 21Уэшхуэхэр уафэм къехри, цӀыхухэм къателъэлъащ. Зы уэм путищ хуэдиз и хьэлагът. Уэхэм цӀыхухэм гугъуехь зэрырагъэшэчам щхьэкӀэ, цӀыхухэр Тхьэм хуэхъущӀэрт, а гугъуехьыр икъукӀэ гугъуехьышхуэти.

Highlight

Copy

Compare

Share

None

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in