Уэрэд 71
71
71-нэ Уэрэд
Пащтыхьым папщӀэ тхьэлъэӀу
1Уэ, си Тхьэ!
Ди пащтыхьым хьэкумщӀыкӀэ егъащӀэ,
Уи щыпкъагъэр игу илъхьэ.
2Уи лъэпкъым – щыпкъагъэкӀэ,
тхьэмыщкӀэу уиӀэхэм – захуагъэкӀэ
уадызекӀуэурэ, тепщэныгъэр иреӀэ.
3ЩыпкъагъэкӀэ псэу лъэпкъхэм
бгыхэмрэ Ӏуащхьэхэмрэ
берычэтыр къахурехь.
4ЦӀыху лъэпкъым тхьэмыщкӀэу хэтхэм
я Ӏуэху кърехъумэ,
кърегъэл зылъэмыкӀхэр,
цӀыхухэр егъэзыгъэ зыщӀхэр
зэхрекъутэ.
5Дыгъэмрэ мазэмрэ щыӀэху,
урегъэлъапӀэ уи цӀыхухэм –
щӀэблэхэр зэкӀэлъыкӀуэу.
6ПаупщӀа мэкъупӀэр къигъэкӀыжу,
уэру къытешхэурэ,
щӀыгур зыгъэщӀытэж уэшхым хуэдэ
ди пащтыхьыр ирехъу.
7Пащтыхьым тетыгъуэр ӀэщӀэлъыху,
зреуфэбгъу захуагъэм,
иребагъуэ мамырыгъэр,
мазэр щыӀэху.
8Хым щегъэжьауэ хым нэсыху,
Псым#71:8 псым – Евфрат. щегъэжьауэ щӀы гъунэм нэсу,
абы тетыгъуэр иреӀэ.
9Губгъуэ нэщӀым ис цӀыхухэм
бгъэгукӀэ зыщрадзых абы и пащхьэм,
сабэм иребзей и бийхэр.
10ХытӀыгухэм, Таршышым#71:10 Таршищ – Испание. я пащтыхьхэм
абы къуэды кърырет.
Шэбэмрэ#71:10 Шэбэ – Арабие хэкум и ипщэ лъэныкъуэмкӀэ щыӀа пащтыхьыгъуэ. Сэбэмрэ#71:10 Сэбэ – Хы Плъыжьым и адрейбгъукӀэ щыӀа пащтыхьыгъуэ. я пащтыхьхэм
тыгъэ къыхурехь.
11Пащтыхь псоми
щхьэщэ къыхурыращӀ абы;
хурелажьэ хамэ лъэпкъхэр.
12Сыту жыпӀэмэ къулейсызи,
тхьэмыщкӀи, дэӀэпыкъуэгъу зимыӀи,
елъэӀу псори
гугъуехьым къыхешыж абы.
13Игу ящӀогъу къарууншэхэм, егъэзыгъэ хъуахэм,
къулейсызхэм я псэр кърегъэл.
14Егъэзыгъэ цӀыхухэр залымыгъэкӀэ ягъэпсэухэр
яӀэщӀехыж;
и цӀыхухэм я псэхэр абы дежкӀэ лъапӀэщ.
15Пащтыхьыр бэрэ ирепсэу,
Щэбэ и дыщэм щыщ абы кърырет!
ФылъаӀуэ зэпымыууэ
Тхьэм и нэфӀ махуэ енкӀэ
абы къыщыхуэну.
16Щребагъуэ хэгъэгум гъавэр
Ӏуащхьэхэми гъэр бэв щрехъу;
Ливан Ӏуащхьэм зэрыщыбагъуэм хуэдэу,
бэв ирехъу.
ЩӀым удзыр зэрыщыуэрым хуэдэу,
къалэхэм цӀыхур щребагъуэ;
17абы и цӀэр игъащӀэкӀэ щреӀэ,
иремыкӀуэд дыгъэр щыӀэху.
Лъэпкъхэм абы и хьэтыркӀэ
Тхьэм и нэфӀ къащрехуэ.
ЦӀыху лъэпкъ псоми
Ар гъуэгу махуэ теувауэ жреӀэ.
18ЩӀыхь хуэфщӀ Израилым и Тхьэу Зиусхьэным,
телъыджащэхэр зылэжь закъуэм.
19ЩӀыхьышхуэ зиӀэ и цӀэм
лъытэныгъэ хурещӀ игъащӀэкӀэ.
Абы и щӀыхьыр щӀыгум дэнэкӀи
тез щрехъу.
Ӏэмин! Ӏэмин!
20Ишай и къуэ Даут
и тхьэлъэӀухэр иухащ.
Currently Selected:
Уэрэд 71: KbdNTGP2017
Highlight
Copy
Compare
Share
Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017