YouVersion Logo
Search Icon

Уэрэд 72

72
72-нэ Уэрэд
Тхьэм и захуагъэ
Асаф и уэрэд
1Израил цӀыхухэми
зигукӀэ къабзэхэми
сыту къахуэфӀ Тхьэр!
2Сэ сещӀэным зымащӀэщ иӀэжар,
сыцӀантхъуи пэтащ.
3А бзаджэхэм зэрафӀыгъуэр слъэгъуащ,
а зыкъызыфӀэщӀыжхэм сэ сехъуэпсащ.
4Сыту жыпӀэмэ абыхэм къин ялъагъуркъым,
псэуныгъи гуащӀи яӀэщ.
5Адрей цӀыхухэр гузэвэгъуэ зэрыхэтым хуэдэу,
езыхэр хэткъым,
тхьэмыщкӀагъэми хэхуэркъым.
6Абы къыхэкӀкӀэ абыхэм пагагъэм
щыгъэм хуэдэу запкършэкӀащ
залымыгъэр я фащэщ абыхэм.
7Я нэхэр щэм къыщихуащ
гухэлъ бзаджэхэр я гум щызэпощэ.
8Мэубэ ахэр,
бзэгу зэрахьэ гухьэ-гужькӀэ;
допсэлъей, я щхьэ гъэкӀауэ.
9Уафэгур яуб я жьэкӀэ,
бзэгу зэрахьэу, щӀым къыщакӀухь.
10Аращи, цӀыхухэм абыхэм зыхуагъазэ,
зэрагъэмысэни ягъуэтыркъым#72:10 ягъуэтыркъым – е «псыуэ зыхуейхэр ирагъуэтылӀэ». ЕвреибзэкӀэ и мыхьэнэ ӀупщӀкъым..
11ЦӀыху бзаджэхэм жаӀэ:
«Хъунур Тхьэм дауэ къищӀа?
Псоми Я Нэхъ Лъагэр абы щыгъуазэ?»
12Аращ а бзаджэхэр зытепсэлъыхьыр,
ягу щӀэныкъуэ зыри щыӀэкъым,
ягъэбагъуэ я мылъкур абыхэм.
13АтӀэ псэнщӀэу сигу згъэкъабзэу,
си Ӏэ хьэкъыншэхэр стхьэщӀыжа?
14Къин солъагъу махуэ псом
Пщэдджыжь къэс удын сошэч.
15Ауэ цӀыху бзаджэхэм
жаӀэм хуэдэ жысӀатэмэ,
Уэ уи цӀыху лъэпкъым и пащхьэм
мысэ сыщыхъунти.
16Сегупсысащ сэ: дауэрэ
къызгурыӀуэну пӀэрэ ар?
КъызгурыӀуэныр къызэхьэлъэкӀащ сэ.
17Ауэ Тхьэм и унэшхуэм сыщыщӀыхьэм,
къызгурыӀуащ кӀэухыу яӀэнур.
18Ахэр гъуэгу цӀэнтхъуэрыгъуэм
Уэ тыбогъэувэ.
Уэ ахэр йогъэхуэх щыхупӀэм.
19Сыту атӀэ уащӀэдэмыщӀэу
унэхъуа ахэр –
щыӀэжкъым,
шынагъуэшхуэм екӀуэдылӀащ!
20Ахэр укъыщызэщыужкӀэ,
кӀуэдыж пщӀыхьэпӀэм хуэдэщ;
пщӀыхьэпӀэр зэрыкӀуэдыжым хуэдэу,
Уэ ахэр бгъэкӀуэдыжынщ, Зиусхьэн.
21Сыгу Ӏэлу, фыгъуэныгъэм сыщыхэтым,
сыахьмакъащ сэ,
22зэхэщӀыкӀи сиӀакъым,
хьеуан хуэдэ ситащ уи пащхьэ.
23Ауэ сэ дапщэщи сыпщӀыгъущ;
си Ӏэ ижьыр Уэ пӀыгъщ.
24КъызгурыгъаӀуэ, Уэращ си гъуазэр,
итӀанэ Уэ щӀыхькӀэ сызэпшэлӀэжынщ.
25Уэр нэмыщӀ, хэт щызиӀэр сэ уэгум?
Уэ усщӀыгъумэ, щӀыгум
зы теткъым сызыхуэныкъуэж.
26Си пкъи си гуи яхулъэмыкӀыжӀами,
Тхьэращ сигу зыгъэбыдэр –
игъащӀэкӀэ си ӀыхьэфӀыр.
27Сыту жыпӀэмэ мэкӀуэд Уэ ппэжыжьэхэр;
Уэ къыпхуэмыщыпкъэхэр лъапсэкӀуэд уощӀ.
28Тхьэм пэблагъэ зысщӀыныр сэркӀэ фӀыгъуэщ!
Зиусхьэну Тхьэр
щхьэегъэзыпӀэ сщӀащ сэ,
и ӀэщӀагъэ псори цӀыхум
езгъэщӀэн папщӀэ.

Currently Selected:

Уэрэд 72: KbdNTGP2017

Highlight

Copy

Compare

Share

None

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in