Уэрэд 7
7
7-нэ Уэрэд
Захуагъэм ехьэлӀа тхьэлъэӀу
1Биниамин лӀакъуэм щыщ Куш и Ӏуэху ехьэлӀауэ, Зиусхьэным зыхуигъазэу, Даут иуса гъыбзэ
2Уэ, Зиусхьэну си Тхьэ!
ЩхьэегъэзыпӀэкӀэ зыныпхузогъазэ сэ;
сыкъезыхуэкӀхэм псоми
сащыхъумэ, саӀэщӀэх;
3дэӀэпыкъуэгъу къысхуэхъун щызимыӀэм деж
аслъэным хуэдэу къызжьэхэпхъуэхэм
сызэралъафэурэ, сызэхомыгъэшхыхь.
4Зиусхьэн, си Тхьэ! Зыгуэр сӀэщӀэщӀамэ,
си Ӏэхэм ящӀэм захуагъэ хэмылъмэ,
5мамыру къыздэпсэуам
бзаджагъэкӀэ сыдызекӀуамэ,
лажьэ зимыӀэ сэ
бий къысхуэхъуар схъунщӀамэ#7:5 – и мыхьэнэр ӀупщӀкъым, ауэ мыпхуэдэ мыхьэнэ иӀэнкӀэ мэхъу: «сэ лажьэ симыӀэу зи ягъэ къызэкӀам гущӀэгъу хуэсщӀамэ»., –
6абы щыгъуэм си псэм къещэу
бийр къыслърежьэ, къысщӀрехьэ,
си гъащӀэри ятӀэм хрырекухь,
пщӀэуэ сиӀэри сабэ ирырещӀ#7:6 сабэ ирырещӀ – псэ схэмытыжу щыгум сыкъытрегъанэ..
7ЗыкъэӀэт, Зиусхьэн, уи губжьым ухэту,
си бийхэм я губжьышхуэм сыщыхъумэ,
си хьэтыркӀэ зыкъэгъэхъей –
хьэкум ятепщӀыхьыну бухэсащ.
8ЦӀыху куэд дыдэ кърыроувэкӀ;
абыхэм я щхьэкӀэ лъагэу къиувэ.
9Зиусхьэным цӀыху лъэпкъхэм
хьэкум ятрещӀыхь.
Зиусхьэн, си щыпкъагъэрэ
си къабзагъэкӀэ къыстещӀыхь хьэкум.
10БзаджащӀэхэм я гужьгъэжьыр еудых,
щыпкъагъэ зиӀэр гъэбыдэ:
Уэращ цӀыхухэм ягури я фэри
зыгъэунэхур, Тхьэ захуэ!
11ЗигукӀэ щыпкъагъэ зиӀэхэр
мыкӀуэду къезыгъэл Тхьэращ
сэ сыкъэзыхъумэ мэӀур.
12Тхьэр хьэкумыщӀ захуэщ,
махуэ къэси ткӀийуэ ер егъэкъуаншэ Тхьэм.
13И гуэныхьхэм зыгуэр хущӀемыгъуэжмэ,
Тхьэм и джатэр щӀелъыкӀ,
и шабзэр еузэдри бзэпсыр ешэщӀ;
14ажал Ӏэщэхэр хуегъэхьэзыр,
уалыгъуэн ещӀ и шабзэшэхэр.
15ЦӀыху Ӏейм и гум
бзаджагъэм лъабжьэ щещӀри,
гужьгъэжьыр и фэ хэлъщи,
пцӀыр абы къелъху.
16Мащэ куур етӀ,
итӀа мащэм
езыр йохуэж.
17Абы и гужьгъэжьыр езым и щхьэм къылъосыж,
и бзаджагъэр и щхьэм къытохуэж.
18Зиусхьэным и щыпкъагъэм папщӀэ
щӀыхь хузощӀ,
Псоми я нэхъ Лъагэу Зиусхьэным и цӀэм
щӀыхь уэрэд хужызоӀэ.
Currently Selected:
Уэрэд 7: KbdNTGP2017
Highlight
Copy
Compare
Share
Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017