Уэрэд 8
8
8-нэ Уэрэд
1УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. Гитит пшынэ дыкъуакъуэхэмкӀэ дежьууэ. Даут и уэрэд
2Зиусхьэну ди Тхьэ!
Уи цӀэр сыту щылъапӀэ щӀыгум дэнэкӀи,
уафэм нэхъ лъагэу
уи щӀыхьым зиӀэтащ!
3Сабийхэми сабий быдзафэхэми
я жьэкӀэ щӀыхь зыхуебгъэщӀащ,
къыппэувыжхэм ягу къеуэу,
уи бийхэмрэ лъыщӀэжакӀуэхэмрэ бгъэувыӀэну.
4Уи ӀэкӀэ пщӀа уи уафэм,
мазэу, вагъуэу бгъэувахэм
сэ сеплъ щыхъукӀэ,
5сыт цӀыхур зи лӀэужьыгъуэр,
уегупсысыну Уэ абы,
цӀыху лъэпкъым и къуи,
Уэ абы укӀэлъыплъэну?
6Уэ нэхърэ зымащӀэкӀэ нэхъ цӀыкӀуу
пщӀащ;
хуэбгъэфэщащ щӀыхьышхуэрэ
лъытэныгъэшхуэрэ.
7Уи ӀэщӀагъэхэр зэригъэкӀуэну
тепщэныгъэр ептащ;
щыӀэ псори
и лъэгу щӀагъ щӀэбгъэуващ:
8мэлхэри, выхэри,
абы хуэдэу
губгъуэм ис хьэкӀэкхъуэкӀэхэри,
9къуалэбзухэри, хым хэс бдзэжьейхэри,
хым хэс псэущхьэхэри.
10Зиусхьэн, ди Тхьэ!
сыту щылъапӀэ уи цӀэр щӀыгум дэнэкӀи!
Currently Selected:
Уэрэд 8: KbdNTGP2017
Highlight
Copy
Compare
Share
Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017