YouVersion Logo
Search Icon

Уэрэд 6

6
6-нэ Уэрэд
Махуаем и тхьэлъэӀу
1УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. ШыкӀэ пшынэкӀэ дежьууэ. Даут и уэрэд
2Зиусхьэн! Губжь лыгъейм ухэту
сумыгъэкъуаншэ,
ущыгубжькӀэ сумыгъэпшынэ.
3СыгуащӀаджэщ, Зиусхьэн,
уи нэфӀкӀэ къызэплъ;
си къупщхьэхэр къэкӀэзызащи,
Ӏэзэгъуэ къысхуэхъу, Зиусхьэн.
4Псэуэ схэтыр гумэщӀыгъэм зэлъищтащ;
атӀэ Уэ, Зиусхьэн, сыт хуэдизрэ сызэбгъэжьэну?
5Зыкъысхуэгъазэ Уэ, Зиусхьэн,
къегъэл си псэр, мыкӀуэду,
уи лъагъуныгъэ мыкӀуэдыжкӀэ
кӀуэдыпӀэм сишыж.
6Сыту жыпӀэмэ ажал зыгъуэтам
игу Уэ укъэкӀыжынукъым:
хьэдрыхэ щыӀэу
уи щӀыхьыр хэт яхуэзыӀуэтэнур?
7Си щэӀуным сиухащ;
си гъуэлъыпӀэм жэщ къэси
нэпсыр щызогъажэ,
си пӀэр си нэпсымкӀэ соуфэнщӀ.
8Нэщхъеягъуэм ирихащ си нэр, иригъэгъукӀащ,
жьы хъуащ си бийхэм я ягъэкӀэ.
9СпэӀэщӀэ зыфщӀ бзаджащӀэхэм –
зэхихащ си гъы макъыр Зиусхьэным.
10Зэхихащ си лъэӀур Зиусхьэным;
си тхьэлъэӀур къабыл ищӀынущ Абы.
11УкӀытэжынщ си бийхэр псори,
зэлъищтэнщ я нэгухэр шынагъуэм;
зэщӀагъэкӀуэжынщ ахэр,
напӀэзыпӀэм трахынщ я напэр.

Currently Selected:

Уэрэд 6: KbdNTGP2017

Highlight

Copy

Compare

Share

None

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in