YouVersion Logo
Search Icon

Уэрэд 28

28
28-нэ Уэрэд
Тхьэм и макъ лъэщыр
Даут и уэрэд
1Фэ, уафэм щыпсэухэ,#28:1 уафэм щыпсэухэ – «тхьэхэ». хуэвгъэфащэ
Зиусхьэным,
хуэвгъэфащэ Абы щӀыхьри къарури.
2Хуэвгъэфащэ Зиусхьэным и цӀэм щӀыхь,
фащэ лъапӀэр фщыгъыу,
Зиусхьэным щхьэщэ хуэфщӀ!
3Псыхэм ящхьэкӀэ
Зиусхьэным и макъ къыщоӀу;
Тхьэуэ щӀыхь зиӀэм
и макъыр щыблэ макъым хуэдэщ.
Зиусхьэным и макъыр
псы куэдым ящхьэкӀэ итщ.
4Зиусхьэным и макъыр лъэщщ,
Зиусхьэным и макъыр щӀыхьзехьэщ.
5Ашэ жыгхэр Зиусхьэным и макъым
ирещӀыкӀ;
Зиусхьэным и макъым ирещӀыкӀ
Ливан къущхьэм тет ашэхэр.
6Егъэджэгу, танэ хуэдэу,
Ливан къущхьэхэр,
Сирион къущхьэхэри –
выщӀэм хуэдэу.
7МафӀэ хъуаскӀэхэр къахегъэлъэт
Зиусхьэным и макъым.
8Зиусхьэным и макъым
губгъуэ нэщӀыр егъэзджыздж;
Зиусхьэным Кадеш губгъуэ нэщӀыр
егъэгулэз.
9Зиусхьэным и макъым
жыгейхэр егъэсыс#28:9 жыгейхэр егъэсыс – евреибзэкӀэ «бланэхэр егъэгулэз».,
мэзхэр еупцӀэн;
Абы и унэ лъапӀэм щӀэс псоми
щӀыхьышхуэ хуащӀ Абы.
10Псыдзэхэм ящхьэжкӀэ
и тахътэм тесщ Зиусхьэныр;
Зиусхьэныр пащтыхь тахътэм
игъащӀэм тесщ.
11Зиусхьэным и цӀыху лъэпкъым
гуащӀэ кърырет;
Зиусхьэным и цӀыху лъэпкъым
мамыркӀэ къыщрехуэ и нэфӀ.

Currently Selected:

Уэрэд 28: KbdNTGP2017

Highlight

Copy

Compare

Share

None

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in