Уэрэд 27
27
27-нэ Уэрэд
Тхьэм зиущэхумэ
Даут и уэрэд
1Сыноджэ, Зиусхьэн:
си абрэмывэм макъыншэ зумыщӀ,
зыбущэхуу къызжумыӀэмэ,
хьэдрыхэ ехыжхэм яхуэдэ сыхъунщ.
2Къызэхэх си лъэӀу макъ,
сыноджэ щыхъукӀэ,
си Ӏэхэр, уи унэшхуэ лъапӀэм хуэсшийурэ,
къэсӀэт щыхъукӀэ.
3Ер зылэжьа бзаджащӀэхэм садумыгъэкӀуэд,
гъунэгъухэм яхэт щыхъукӀэ,
ахэр мамырыгъэм топсэлъыхь,
ауэ я гум бзаджагъэр илъщ.
4Ялэжьам елъытауэ ядэпсэу,
яхуэфащэмкӀэ етэж абыхэм;
я бзаджэщӀагъэ егъэпшыныж,
я ӀэщӀагъэ пегъуэкӀ егъэгъуэтыж.
5Зиусхьэныр зэрызекӀуэм,
абы я нэӀэ и ӀэщӀагъэм теткъыми,
зэхикъутэнщи, къигъэщӀыжынкъым ахэр.
6ЩӀыхьыр зейр Зиусхьэнырщ,
сыту жыпӀэмэ си лъэӀу макъ
Абы зэхихащ.
7Зиусхьэным гуащӀэ къызет,
мэӀу къысхуохъу;
сыщогугъ Абы сигукӀэ,
сэ Ар къыздощӀ,
си гур Абы къегъэжан;
абы папщӀэ си уэрэдкӀэ щӀыхь хузощӀ Абы.
8Зиусхьэныр и цӀыху лъэпкъым гуащӀэ къезытщ,
къыхиха пащтыхьым и хъумапӀэщ,
и быдапӀэщ.
9Уи цӀыху лъэпкъыр къегъэл мыкӀуэду,
Ӏэхъуэ хуэхъу, хуэгумэщӀ игъащӀэкӀэ
уи ӀыхьэфӀ хъу цӀыху лъэпкъым!
Currently Selected:
Уэрэд 27: KbdNTGP2017
Highlight
Copy
Compare
Share
Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017