Уэрэд 29
29
29-нэ Уэрэд
ЩӀыхь тхьэлъэӀу
1Тхьэм и унэшхуэр ягъэувыжу зыщыхуагъазэм жаӀа уэрэд. Даут и уэрэд
2Зиусхьэн, сызэхэпхащ,
си бийхэр къысщӀэбгъэнэкӀакъыми,
узгъэлъэпӀэнщ,
3Зиусхьэн, си Тхьэ! СынолъэӀуати,
Уэ сыбгъэхъужащ сэ.
4Зиусхьэн! Хьэдрыхэ сыкъипшыжащ,
абы кӀуахэм сакъыхэпшыжри
сыкъэбгъэпсэужащ.
5Уэрэд хужыфӀэ Зиусхьэным,
фэ, Абы и цӀыху лъапӀэхэм,
Ар зэрылъапӀэр зыщывмыгъэгъупщэу
щӀыхь хуэфщӀ.
6Сыту жыпӀэмэ напӀэдэхьеигъуэщ
Абы и губжьыр,
Абы и фӀыгъэ къызокӀ игъащӀэм:
пщыхьэщхьэм гъыныр си хьэщӀэщ,
пщэдджыжьым – гуфӀэгъуэр.
7ЩызифӀыгъуэм жысӀащ сэ:
«ИгъащӀэкӀэ сылъэпэрэпэжынкъым».
8Уи нэфӀ къысщыхуэщи, Зиусхьэн,
Уэ къупщхьэ быдэу сыбгъэуващ,
ауэ итӀанэ уи нэгу яфӀэбгъэпщкӀуати,
шынагъуэм сызэщӀищтащ.
9Абы щыгъуэм, Зиусхьэн,
сэ Уэ сыноджащ,
гущӀэгъу къысхуищӀыну
селъэӀуащ Зиусхьэным:
10«СылӀэмэ, и фӀагъыу сыт къокӀынур,
хьэдрыхэ сыкӀуэмэ?
Хьэдрыхэ сабэм уи щӀыхь жиӀэну?
Щыпкъагъэу Уэ пхэлъыр абы залъригъэщӀэну?
11Сызэхэхи, Зиусхьэн, къысхуэгъэгъу;
Зиусхьэн, дэӀэпыкъуэгъу къысхуэхъу».
12Си щыгъуэныр абы щыгъуэ
гуфӀэгъуэ къафэкӀэ Уэ схузэблэпхъуащ,
си щыгъуэ щыгъынхэр сщыпхри,
дэрэжэгъуэ фащэкӀэ сыпхуэпащ.
13Абы папщӀэ, зызмыущэхуу,
уи щӀыхьыр сигукӀи си псэкӀи соӀуатэ.
Зиусхьэну си Тхьэ! Сэ Уэ щӀыхь
игъащӀэкӀэ пхуэсщӀынщ.
Currently Selected:
Уэрэд 29: KbdNTGP2017
Highlight
Copy
Compare
Share
Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017