YouVersion Logo
Search Icon

Уэрэд 21

21
21-нэ Уэрэд
Гузэвэгъуэ джэ макърэ щӀыхь уэрэдрэ
1УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. Нэхущыгъуэм деж къэлъагъуэ мэз бжэным ехьэлӀа уэрэдым и макъамэр щӀэлъу жаӀэ. Даут и уэрэд
2Си Тхьэ! Си Тхьэ! Сыт щхьэкӀэ
сыкъэббгына Уэ?
Сыт щхьэкӀэ спэжыжьэ ухъуа,
Сыт щхьэкӀэ сыкъыумыгъэлрэ,
си гухэщӀ макъ зэхыумыхрэ?
3Си Тхьэ! Сыгызурэ, сыноджэ махуэм,
арщхьэкӀэ Уэ жэуап къызэптыркъым;
жэщри аращ –
згъуэтыркъым гупсэхугъуэ.
4Ауэ Уэ улъапӀэщ,
тахътэм утесу,
израил цӀыхухэм щӀыхь къыпхуащӀ.
5Ди адэжьхэр Уэ къыпщыгугъащ;
хэкӀыжащ, къыпщыгугъти;
6ахэр Уэ къоджати,
псэууэ къэнэжащ;
Уэ къыпщыгугъырти,
щӀебгъэгъуэжакъым ахэр.
7СыхьэпӀацӀэщ сэ, сыцӀыхукъым,
цӀыхухэм нэмыплъ къызат,
лъэпкъым сызэрипэсыркъым.
8Сыкъэзылъагъу псори къысщодыхьэшх,
я нэщхъ къысхузэхалъхьэурэ,
я щхьэхэр ягъэсыс.
9«Мыр Зиусхьэным щыгугъащи,
хрешыж,
игу къыхуэфӀмэ, кърырегъэл», –
жаӀэ абыхэм.
10Уэращ сыкъизышар ныбэ кӀуэцӀым,
си анэм и бгъафэ сыщыщӀэлъам,
укъысхуэсакъащ.
11Ныбэм сыкъызэрикӀыу, Уэ сыппэщӀэхуащ;
си анэ и ныбэ сыкъыщикӀам
щыублауэ Уэращ си Тхьэр.
12Спэжыжьэ зумыщӀ; нэщхъеягъуэр благъэщ,
дэӀэпыкъуэгъуи щыӀэкъым.
13Танэжь куэдым сыкъаувыхьащ;
Башан и танэжь лъэщ куэдым
сыкъаухъуреихьауэ,
14аслъэным хуэдэу, я жьэ ущӀауэ,
къызжьэхэпхъуэурэ мэгъуахъуэ.
15Сэ, псым хуэдэу, сикӀутащ;
си къупщхьэхэр псори зэрыпкӀам хуэдэщ,
си гур шэхум хуэдэ хъуащ,
си бгъэм илъ гур ткӀуащ.
16Хьэкъущыкъу къутам хуэдэу,
си джийр#21:16 си джийр – евреибзэкӀэ «си гуащӀэ». гъущӀащ,
си бзэгур си джийм епщӀыжащ,
ажалым и сабэ сыхъуным
нэмыщӀ, Уэ къысхуэбгъэнэжаӀакъым.
17Аращ, сыкъаувыхьащ хьэхэм,
цӀыху ябгэхэм сыкъаухъуреихьащ,
си Ӏэхэм, си лъакъуэхэм къахэпыджащ.
18Къэплъытэн плъэкӀыни си къупщхьэхэр,
ауэ си бийхэр къызоплъ,
я нэхэр къыстраубыдауэ къызоплъ.
19Си щыгъынхэр зэхуагуэш,
си фащэхэм папщӀэ пхъэидзэ ящӀ.
20Ауэ Уэ спэжыжьэ зумыщӀ, Зиусхьэн,
Уэращ си щӀэгъэкъуэныр!
укъыздэӀэпыкъуну къэпӀащӀэ;
21си псэр щыхъумэ джатэм,
хьэхэм ящыхъумэ си гъащӀэр.
22Аслъэным и жьэм сыкъыжьэдэхыж,
вы Ӏэлым и бжьэм сыфӀумыгъахуэ.
23Си лъэпкъэгъухэм уи хъыбар езгъэщӀэнщ,
цӀыху зэхуэсым уи щӀыхь щысӀуэтэнщ.
24Зиусхьэным фӀэлӀыкӀ хузиӀэхэ,
Абы щӀыхь хуэфщӀ!
Екъуб и лӀэужьхэ,
Абы и щӀыхь фӀуатэ!
Израил лъэпкъым зэрыщыту
Абы фӀэлӀыкӀ хувиӀэ!
25Сыту жыпӀэмэ хэутэн ящӀам
Абы нэмыплъ къритакъым,
и нэгу щигъэпщкӀуакъым,
ауэ зэхихащ и макъ
дэӀэпыкъуныгъэкӀэ ар къыщелъэӀум.
26Зэхуэсышхуэм зи щӀыхь щысӀуатэр Уэращ;
Уэ фӀэлӀыкӀ къыпхуизыӀэхэм я пащхьэм
псалъэу стар щызгъэзэщӀэжынщ.
27ТхьэмыщкӀэхэр шхэнщ
икӀи загъэнщӀыжынщ;
Зиусхьэным зыхуэзыгъазэхэр Абы щретхъу;
гъащӀэ кӀыхь, насыпыфӀэ ирехъу ахэр!
28ЩӀыгум и къуапэ псоми
Зиусхьэныр ягу къыщыкӀыжынщи,
Абы зыкъыхуагъэзэнщ;
цӀыху лъэпкъ мащӀэ псоми
Абы и пащхьэ щхьэщэ щащӀынщ.
29Сыту жыпӀэмэ тепщэныгъэшхуэ зиӀэр
Зиусхьэныращ,
Абы и ӀэмыщӀэм илъщ цӀыху лъэпкъхэр.
30ЗыкъызыфӀэщӀыжауэ щӀыгум тет псоми
щхьэщэ хуащӀынщ Абы;
хьэдрыхэ кӀуэжыну псоми
щхьэщэ хуащӀынщ Абы;
ауэ Зиусхьэным и фӀыгъэкӀэ сэ сыпсэунщ.
31Къэхъуну цӀыхухэри хуэлэжьэнщ Абы,
къэкӀуэну щӀэблэхэм
Зиусхьэным и хъыбар хуаӀуэтэнщ.
32ДяпэкӀэ къэхъуну цӀыхухэм жраӀэнщ
Зиусхьэным захуагъэу хэлъыр.
Сыту жыпӀэмэ Зиусхьэныращ
ар зи ӀэщӀагъэр.

Currently Selected:

Уэрэд 21: KbdNTGP2017

Highlight

Copy

Compare

Share

None

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in