YouVersion Logo
Search Icon

Уэрэд 22

22
22-нэ Уэрэд
Зиусхьэныр си Ӏэхъуэщ
Даут и уэрэд
1Зиусхьэныр си Ӏэхъуэщ,
сэ зыми сыхуэныкъуэнкъым.
2ХъупӀэ щӀагъуэхэм гупсэхуу
сыщегъэпсэу Абы,
сыбгъэдешэ псы Ӏэсэхэм.
3Си псэр къегъэпсэуж;
щыпкъагъэм и гъуэгу сытрешэ
Езым и цӀэм папщӀэ.
4Ажалым и ныбжь#22:4 – «Ажалым и ныбжь» е «КӀыфӀыгъэ куум и хъуатэ». хъуатэ сыдыхьэми,
сыщышынэнкъым ем,
Уэ укъысщӀыгъущи.
Уи Ӏэхъуэ башымрэ
гъуэгум щыпӀыгъ башымрэ
гузэгъэгъуэ къызатыж сэ.
5Си бийхэм ялъагъуу,
къысхуэбгъэхьэзыращ Уэ Ӏэнэ дэгъуэ,
жьантӀэр къызыбопэсри,
си Ӏэгубжьэм изыбзэ къыбощӀ.
6Апхуэдэу уи фӀыгъэ, уи нэфӀ,
махуэ дапщэ сэ къэзгъэщӀэнуми,
сыщыщӀэнкъым,
Зиусхьэным и унэм
игъащӀэкӀэ сыщыпсэунщ.

Currently Selected:

Уэрэд 22: KbdNTGP2017

Highlight

Copy

Compare

Share

None

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in