YouVersion Logo
Search Icon

Уэрэд 16

16
16-нэ Уэрэд
ЦӀыху хейм и тхьэлъэӀу
Даут и тхьэлъэӀу
1Захуагъэ сызэрытетым папщӀэ
си лъэӀу зэхэх, Зиусхьэн,
уи нэӀэ къытегъэт си джэ макъ,
хьилагъэ зыхэмылъ ӀупщӀэм я лъэӀум
уи тхьэкӀумэ къыхуэгъазэ.
2Си хеягъэ къэгъэлъагъуэ,
Уи нэхэми щыпкъагъэр ирелъагъу.
3Уэ си гур бгъэунэхуащ,
жэщу укъэкӀуащ си деж,
укъызэплъэкӀуащ,
ауэ мыхъун къысхэбгъуэтакъым сэ;
Ӏеягъэ гуэри жысӀэркъым.
4ЦӀыхухэм сыт хуэдэ бзаджагъэ ящӀами,
уи жьэ къыжьэдэкӀ псалъэхэм сытемыкӀыу,
залымыгъэ зезыхьэхэм я гъуэгум
пэӀэщӀэ зысщӀащ.
5Си лъэр уи гъуэгум тетщ,
сылъэпэрэпакъым.
6Уэ зыпхузогъазэ сэ, сыту жыпӀэмэ
Уэ жэуап къызэптынущи, си Тхьэ;
уи тхьэкӀумэхэр сэ къысхуэгъази,
си псалъэр Уэ къызэхэх.
7Уи лъагъуныгъэ мыкӀуэдыжу Уэ пхэлъри
къыслъыгъэс –
къапэувыжхэм ящыпхъумэну
уи Ӏэ ижьым деж
щхьэегъэзыпӀэ лъыхъуэхэм
я КъегъэлакӀуэщ.
8Нэкум хуэдэу сыкъэхъумэ,
уи дамэхэм я жьауэ щӀагъ сыщӀ.
9БзаджащӀэхэу сэ къыстебанэхэм
самылъагъуну,
саукӀын зыфӀэигъуэ си бийхэу
сыкъэзыувыхьхэм сащыхъумэ.
10Абыхэм ягухэр гущӀэгъу щӀыным хузэхуэщӀащ,
жьэхъуу мэпсалъэ ахэр.
11Лъэбакъуэ счыху къэси
сыкъаувыхь;
я нэхэр къыстрагъэдиящ,
щӀыгум сытрадзэну;
12къопхъуэным хуэхьэзыр аслъэным ещхьщ,
тӀасхъапӀэ щӀыпӀэм щыс аслъэн шырым.
13СыкъэӀэт, Зиусхьэн,
япэув абыхэм, я лъэр щӀэуд.
Уи джатэмкӀэ саӀэщӀэхыж бзаджащӀэхэм,
14уи ӀэкӀэ, Зиусхьэн, цӀыхухэм,
мы дунейм афӀэкӀ псэукӀэ щызимыӀэхэм;
абыхэм я адэ-анэхэми
я ныбэхэр узыным нэсу,
я сабийхэми къэжьыным нэсу,
зрырегъэнщӀ;
я лӀэужьхэми
къелыжар къахуренэ.
15Сэ уи нэгу сыщӀэплъэнщ щыпкъагъэ сиӀэу;
сыкъэушыжмэ, узэрыслъагъумкӀэ
сигу зэгъэнущ.

Currently Selected:

Уэрэд 16: KbdNTGP2017

Highlight

Copy

Compare

Share

None

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in