YouVersion Logo
Search Icon

Уэрэд 15

15
15-нэ Уэрэд
Тхьэм щыгугъым и тхьэлъэӀу
Даут и уэрэд
1Сыхъумэ, си Тхьэ, щхьэегъэзыпӀэ сщӀар Уэращ.
2Зиусхьэным жызоӀэ сэ:
«Уэращ си Зиусхьэныр;
фӀыуэ сиӀэр къызыбгъэдэкӀыр* Уэращ».
3ЩӀыгум тет Тхьэм и фӀэлӀыкӀ зыгу илъхэращ
щӀыхь зыпылъыр,
сызыщыгуфӀыкӀыр#15:2; 15:3 – евреибзэкӀэ я мыхьэнэр ӀупщӀкъым..
4НэгъуэщӀ тхьэхэм хуэлажьэхэм
гукъеуэ куэд къызыхуахьыж,
лъыр зыхэт я къурмэн ядэсщӀынкъым,
я тхьэхэм селъэӀункъым,
я цӀэхэм я гугъу къэсщӀынкъым.
5Зиусхьэн, Уэращ ӀыхьэфӀу сиӀэр,
си насыпыр зи Ӏэ илъыр Уэращ.
6Къысхуэбгъэфэща гъуэгухэр гуапэщ,
Ӏыхьэу къыслъысамкӀэ сарэзыщ.
7ЩӀыхь хуэсщӀынщ
сызыгъэгъуазэ Зиусхьэным;
жэщми си гум сеущий.
8Зиусхьэныр сигу изгъэхуркъым
игъащӀэкӀэ;
Ар си ижьырабгъущи,
сылъэпэрэпэнкъым.
9Аращ сэ сыщӀэгуфӀэр,
аращ гуфӀэгъуэм сыщӀыхэтыр;
шынагъуэ симыӀэуи сопсэу.
10Сыту жыпӀэмэ хьэдрыхэ сыкъибнэнукъым,
сэ пэжыгъэкӀэ сыпхуэӀурыщӀащи,
лӀахэм я дунейм себгъэкӀуэлӀэнкъым.
11ГъащӀэм екӀу гъуэгур сыбогъэлъагъу;
уи деж щыӀэр гуфӀэгъуэ защӀэщ,
Уи Ӏэ ижьырщ
тхъэгъуэр игъащӀэм къэзытыр.

Currently Selected:

Уэрэд 15: KbdNTGP2017

Highlight

Copy

Compare

Share

None

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in