YouVersion Logo
Search Icon

Уэрэд 17

17
17-нэ Уэрэд
ТекӀуэныгъэм ехьэлӀа уэрэд
1УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. Даут и уэрэд
Зиусхьэным и ӀурыщӀэ Даут, Зиусхьэным
ар Шаули адрей и бий псоми емыкӀуэдылӀэну щащихъумэм, Зиусхьэным хуэкӀуэу мы уэрэдым
хэлъ псалъэхэр мыпхуэдэу жиӀащ:
2Уэ фӀыуэ узолъагъу, Зиусхьэн,
Уэращ къару къызэзытыр.
3Зиусхьэныращ сыкъэзыхъумэ абрэмывэ
быдапӀэу сиӀэр, бийхэм саӀэщӀэзыхыр,
си Тхьэр – си къуршу
щхьэегъэзыпӀэу сиӀэр,
си мэӀур, сыкъезыгъэл гуащӀэшхуэр, си щтапӀэр.
4ЩӀыхь зыхуэфащэ Зиусхьэным селъэӀуащи,
саӀэщӀехыж си бийхэм.
5Ажал лъахъэм сахузри,
псы уэр ябгэм сапхъуэтащ.
6Хьэдрыхэ лъахъэм зыкъызашэкӀащ,
сихуащ ажалым и хъым.
7ЩӀыпӀэ зэвым сихуауэ,
Зиусхьэным зыхуэзгъэзащ,
си Тхьэм селъэӀуащ къыздэӀэпыкъуну.
И унэшхуэм ису,
Абы си макъ зэхихащ,
лъэӀэсащ Абы си джэ макъыр.
8ЩӀыгур къэсысри, къэлъэлъащ,
къущхьэ лъащӀэхэр къэтхытхри, къэкӀэзызащ,
Тхьэр къэгубжьащи.
9Абы и губжьым зыкъригъэӀэтащ пшэсым,
и жьэм къыжьэдэкӀащ узыхь мафӀэр;
мафӀэлыгъэр Абы къиутхащ.
10Ар къехащ, уафэр къиблэрэкӀри,
Абы и лъэгу щӀагъым кӀыфӀыбзэ щыхъуащ.
11Къэрыубым#17:11 къэрыуб – дамэ зытет псэущхьэ. тетӀысхьэщ,
зиӀэтри, лъэтащ Ар,
жьым и дамэм Ар ирихьэжьащ.
12КӀыфӀыр тепӀэн зыхуищӀащ Абы,
псыр зыхэз уафапшэ Ӏувхэр
Абы зришэкӀащ.
13Абы и нэхунэ кӀэрыкӀащ пшэхэр
зэрызехьэу,
мафӀэстхъумрэ уэфымрэ къахэтакъуэу.
14Къыщыгъуэгъуащ Зиусхьэныр уафэгум,
Псоми я нэхъ Лъагэм и макъ къигъэӀуащ.
15КъиутӀыпщри и шабзэшэхэр
къатрипхъащ и бийхэм,
ирикъухьащ ахэр бжыкӀэ.
16Хым и щӀэр къэлъэгъуащ,
дунеишхуэм и лъабжьэхэр къыщӀигъэщащ,
уи бийхэм уащыхуэгубжьым,
уи гъуагъуэ макъкӀэ уащыхуилъым, Зиусхьэн.
17И Ӏэр лъагапӀэм къришиехащ,
сиубыдри сыкъыхишыжащ Абы псы уэрхэм.
18Си бий лъэщхэм саӀэпихащ,
сызылъагъу мыхъуу
сэр нэхъ гуащӀэшхуэхэм сащихъумащ.
19ТхьэмыщкӀагъэм сыщыхэт махуэм
абыхэм зыкъыспаӀэтащ сэ,
ауэ Зиусхьэныр щӀэгъэкъуэну сиӀащ.
20ЩӀыпӀэ Ӏэхуитлъэхуит сыкъришэри,
сэ Абы сыкъригъэлащ:
сыту жыпӀэмэ сэ Абы игу срохь.
21Щыпкъагъэу хузиӀам пэкӀуэу,
Зиусхьэным фӀы къысхуищӀащ;
си къабзагъэм хуэфащэ фӀы къысхуищӀащ.
22Сыту жыпӀэмэ сэ Зиусхьэным
и гъуэгухэм сахуэщыпкъэщ,
си Тхьэм и гъуэгу сытекӀакъым бзаджагъэкӀэ.
23Сыту жыпӀэмэ Абы и хьэкумхэр
псори си пащхьэщ,
хабзэу Абы игъэувахэм
пэӀэщӀэ зысщӀакъым.
24Абы и дежкӀэ мыхъун лъэпкъ сщӀакъым,
мысагъэм сыхэмыхуэн щхьэкӀэ, сысакъащ.
25Абы щыпкъагъэу хузиӀэм,
си Ӏэхэм я къабзагъэм пэкӀуэу
Зиусхьэным фӀы къысхуищӀащ.
26Къыпхуэпэжым
пэжыгъэ пхэлъу удызокӀуэ,
мыхъун гуэри зыбгъэдэмылъым
Уэри уигу хуилъкъым мыхъун.
27Къабзэм – къабзэу,
хьилэм хуэфащэ хьилагъэ
иботыж Уэ.
28Сыту жыпӀэмэ хэутэн ящӀа
лъэпкъыр Уэ хыбошыж,
ауэ зыкъызыфӀэщӀыжхэр уогъэцӀыкӀу.
29Си гъуэгу уэздыгъэр щӀыбогъанэ Уэ;
сызыхэт кӀыфӀыгъэр Абы къегъэнэху –
Зиусхьэну си Тхьэм.
30Узигъусэмэ, дзэ пакӀэм сытекӀуэнщ сэ,
си Тхьэр си гъусэу
къалэ блыным сыщхьэдэхынщ.
31ЩыщӀагъэншэщ си Тхьэм и гъуэгур,
Зиусхьэным и псалъэм
шэч хэлъкъым;
щхьэегъэзыпӀэкӀэ хуэкӀуэ псоми
Ар я мэӀущ.
32Сыту жыпӀэмэ Зиусхьэным нэмыщӀ,
хэт Тхьэр,
дыкъэзыхъумэ абрэмывэр хэт,
ди Тхьэм нэмыщӀ?
33Тхьэращ гуащӀэ къызэзытыр,
си гъуэгур щыщӀагъэншэ схуэзыщӀыр.
34Щыхь лъакъуэхэм хуэдэу,
егъэжан си лъэр,
лъагапӀэм сытрегъэт шынагъуэ хэмылъу.
35Си Ӏэхэр зэуэным хуегъасэ –
абыхэм жэз шабзэр яукъуэдиину.
36Сыкъызэребгъэлын мэӀур
Уэ къызэптащ,
уи Ӏэ ижьыр къысщӀоӀэ,
укъысхуэгумащӀэурэ сыбогъэлъэщ.#17:36 сыбогъэлъэщ – «уи щабагъым сегъэлъэщ».
37Си лъэбакъуэхэм щӀыпӀэ Ӏэхуитлъэхуит яхубощӀри,
си лъакъуэхэр щӀэщӀэркъым.
38Си бийхэм салъожьэ, сащӀохьэ,
хэзмыгъащӀэуи къэзгъэзэжыркъым.
39Сэ абыхэм лъэмбытӀ езгъэкӀуркъым,
къэтэджыжыни ялъэкӀыркъым;
мэджалэри, си пащхьэ къохуэ.
40Сыту жыпӀэмэ абыхэм сезэуэн слъыбогъэкӀ Уэ,
къыспэувахэр си пащхьэ щохуэх.
41Си бийхэм я щӀыб къысхубогъэгъазэри,
сызыхуэмылъагъухэр сэ согъэкӀуэд;
42дэӀэпыкъуэгъу хуейуэ мэгуо,
ауэ щыӀэкъым къезыгъэлын,
итӀани Зиусхьэным зыхуагъазэ,
ауэ Ар дэӀэпыкъуэгъу яхуэхъуркъым.
43Жьым сабэр зэрипхъэнкӀым хуэдэу,
сэ ахэр изокъухь,
уэрам фӀейм хуэдэу соутэ.
44ЦӀыху лъэпкъыу зыкъыспэзыӀэтам
сащыпхъумащ,
хамэ лъэпкъхэм пашэ сахуэпщӀащ.
СымыцӀыхуу щыта цӀыху лъэпкъхэр
къысхуэӀурыщӀэ хъуащ.
45Си макъ зэхаха къудеймэ,
жысӀэр ягъэзащӀэ,
си пащхьэ къыщоубзэ хамэхэр.
46Гъуэлагъэхэу хамэ лъэпкъхэр мэкӀэзыз
зэрыс гъэпщкӀупӀэхэм къокӀ.
47Зиусхьэныр псэущ,
сыкъэзыхъумэ абрэмывэм щӀыхь хуэфщӀ.
Тхьэуэ сыкъезыгъэлар урелъагэ,
Тхьэм и щӀыхьыр лъагэу фӀэт.
48Тхьэм сэр папщӀэ егъэпшынэ,
Абы цӀыху лъэпкъхэр си Ӏэ кърелъхьэ.
49Уэ, Тхьэуэ си бийхэм сакъыӀэщӀэзыхыжам,
къыстебанэхэм ящхьэ сыбощӀ;
цӀыху залымым сыкъыӀэщӀыбохыж.
50НэгъуэщӀ лъэпкъхэм я пащхьэм
Уи щӀыхь щысӀуэтэнщ абы папщӀэ,
Зиусхьэн, уи цӀэм щӀыхь уэрэд хужысӀэнщ.
51Тхьэм Езым и пащтыхьым
къыдрегъэх текӀуэныгъэшхуэхэр,
Езым къыхиха Даути абы къытехъукӀыжахэми
мыкӀуэдыжын лъагъуныгъэ
къахуегъэфащэ игъащӀэкӀэ.

Currently Selected:

Уэрэд 17: KbdNTGP2017

Highlight

Copy

Compare

Share

None

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in