Еврейхэм яхуэгъэза тхылъ 4
4
4-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
1Тхьэм и гупсэхужыпӀэм дызэрыщӀыхьэнумкӀэ дыкъызэригъэгугъа Ӏуэхур зэримыхъуэкӀауэ зэрыщытым иджыри тетщи, фэ фщыщ гуэр абы щӀэмыхьауэ къызэрымынэным фыхуэсакъ. 2А гупсэхужыпӀэм и хъыбарыр абыхэм зэралъэӀэсам хуэдэу, дэри къытлъэӀэсащ. Ауэ абыхэм зэхаха хъыбарыфӀым и фӀагъ къекӀыу щытакъым, а хъыбарыфӀыр щызэхахым, я фӀэщ хъуатэкъыми. 3Аращи, дэращ, фӀэщхъуныгъэ зиӀэ хъуахэращ, Тхьэм и гупсэхужыпӀэм щӀыхьэнухэр, Тхьэм зэрыжиӀам хуэдэу:#4:3 Тхьэм зэрыжиӀам хуэдэу – еплъ Уэрэд ЛъапӀэхэм (Сабур) 94:11.
«Сахуэгубжьурэ, „Сэ ахэр си гупсэхужыпӀэм
къыщӀэзгъэхьэнукъым“, жысӀэри псалъэ
быдэкӀэ ар згъэпэжащ».
Дунейр къыщигъэщӀам къыщыщӀэдзауэ Тхьэм и Ӏуэхухэр иухауэ щыта пэтми, итӀани апхуэдэу жиӀащ. 4Ебланэ махуэм теухуауэ Тхьэм зэрыжиӀэр и псалъэ тхахэм хэту щӀыпӀэ гуэрым деж итщ:#4:4 Тхьэм къызэрыжиӀэр … щӀыпӀэ гуэрым деж итщ – еплъ 1 Мусэ 2:2. «Тхьэм и Ӏуэху псори иухри, ебланэ махуэм зигъэпсэхужащ». 5А щӀыпӀэм деж Тхьэм къызэрыжиӀэр итщ:#4:5 Тхьэм къызэрыжиӀэр итщ – еплъ Уэрэд ЛъапӀэхэм (Сабур) 94:11. «Сэ ахэр си гупсэхужыпӀэм къыщӀэзгъэхьэнукъым».
6Аращи, Тхьэм и гупсэхужыпӀэм щӀыхьэну цӀыху гуэрхэр иджыри щыӀэщ. Ауэ пасэ зэманым а гупсэхужыпӀэм и хъыбарыр зылъэӀэса цӀыхухэр, Тхьэм едэӀуэн зэрамыдам щхьэкӀэ, абы и гупсэхужыпӀэм щӀыхьакъым. 7Апхуэдэу зэрыщытым щхьэкӀэ, абы и ужькӀэ куэд дэкӀауэ, Тхьэм мы псалъэхэр Даут бегъымбарым и гум кърилъхьэу къыщыжригъэӀам, «Нобэ» жыхуиӀэ нэгъуэщӀ махуэ къигъэуващ, нэхъапэм зэрыжытӀам хуэдэу,#4:7 нэхъапэм къызэрыжытӀам хуэдэу – еплъ Уэрэд ЛъапӀэхэм (Сабур) 94:8.
«Тхьэм и макъыр нобэ зэхэфхмэ,
фи гур ерыщу щывмыгъэт».
8Нун и къуэ Ехьошуа#4:8 Нун и къуэ Ехьошуа – Исус Навин арщ. Тхьэм и гупсэхужыпӀэм а цӀыхухэр щӀигъэхьатэмэ, Тхьэм «Нобэ» жыхуиӀэ нэгъуэщӀ махуэм и гугъу ищӀынтэкъым. 9Аращи, Тхьэм ебланэ махуэм гупсэхугъуэм зэрыхэтам хуэдэу, Тхьэм и цӀыхухэри езым и гупсэхужыпӀэм иджыри щӀыхьэнущ, 10сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ, хэту щытми, Тхьэм и гупсэхужыпӀэм щӀыхьэм и Ӏуэхур иухауэ зегъэпсэхуж, Тхьэм и Ӏуэхухэр иухыу, гупсэхугъуэм зэрыхэтам хуэдэу. 11Аращи, а гупсэхужыпӀэм дызэрыщӀыхьэным и ужь дивгъэт. Ди адэжьхэм Тхьэм едэӀуэну зэрамыдам хуэдэу, дэ тщыщ гуэр Тхьэм емыдаӀуэу щремыт. Ар мыхъумэ, а цӀыхур Тхьэм и гупсэхужыпӀэм щӀыхьэнукъым.
12Тхьэм и псалъэхэм гъащӀэшхуэмрэ лъэкӀыныгъэшхуэмрэ яхэлъщ. Ахэр Тхьэм и бгъуитӀымкӀэ джатэ жанэм нэхърэ нэхъ жаныжщ. Псэри, гури, къупщхьэри, куцӀри зэхагъэкӀыу цӀыхум и гущӀэлъапсэм нэсыху пхрокӀ. ЦӀыхум и гупсысэхэри и мурадхэри зэхаху. 13Тхьэм къигъэщӀа псоми ящыщ гуэри езым и пащхьэм гъэпщкӀуа щыхъуркъым. Тхьэм и нэхэм я дежкӀэ Ӏуэху псоми я щхьэ техауэ икӀи нахуэу щытщ. Тхьэращ жэуап зэттынур.
Дин пашэшхуэ къытхуэхъуар Хьисэщ
14Аращи, уафэм дэкӀуеижауэ, Тхьэм и Къуэ Хьисэ дин пашэшхуэу диӀэщи, дэ диӀэ фӀэщхъуныгъэм дытету щыпкъагъэкӀэ дривгъакӀуэ. 15Дин пашэшхуэу диӀэр лъэкӀыныгъэ зэрыдимыӀэр къызыгурыӀуэн зылъэмыкӀ дин пашэшхуэкъым. ШейтӀаным гуэныхь дигъэщӀэну зэрыхэтым хуэдэу, ди дин пашэшхуэми сыт и лъэныкъэукӀи гуэныхь иригъэщӀэну хэтащ ар, ауэ гуэныхь иригъэщӀэн хущӀэфӀэкӀакъым. 16Аращи, дэӀэпыкъуэгъу дыхуэныкъуэ щыхъукӀэ, Тхьэм гущӀэгъу къытхуищӀын икӀи и нэфӀ къытщыхуэн щхьэкӀэ Зи гущӀэгъур иным и тахътэм дыгушхуауэ девгъэкӀуалӀэ.
Currently Selected:
Еврейхэм яхуэгъэза тхылъ 4: KbdNTGP2017
Highlight
Copy
Compare
Share
Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017