YouVersion Logo
Search Icon

Еврейхэм яхуэгъэза тхылъ 5

5
5-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
1ЦӀыхухэм я пӀэкӀэ езым хуэлэжьэну, тыгъэхэри езым хуихьыну, цӀыхухэм я гуэныхьхэр ипшыныжын щхьэкӀэ, тыхь хуищӀыну, Тхьэм дэтхэнэ дин пашэшхуэри цӀыхухэм къахех. 2Дин пашэшхуэр гурэ псэкӀэ лъэкӀыныгъэ зимыӀэ цӀыхуу зэрыщытым щхьэкӀэ, зэхэщӀыкӀ ямыӀэу гъуэща цӀыхухэм гущабагъэкӀэ ядэгъуэгурыкӀуэн лъокӀ. 3Апхуэдэу зэрыщытым щхьэкӀэ, дин пашэшхуэм езым и гуэныхьхэри цӀыхухэм я гуэныхьхэри ипшыныжын щхьэкӀэ, Тхьэм къурмэн хуищӀын хуейщ.
4Дин пашэшхуэ хъунымкӀэ щӀыхьыр зыми зыхуигъэфэщэжьыфынукъым. ЦӀыхур дин пашэшхуэ хъуну Тхьэм къыхуриджэн хуейщ, абы Хьэрун#5:4 Хьэрун – Мусэ бегъымбарым и къуэшу япэрей дин пашэшхуэ хъуар арщ. Еплъ 2 Мусэ 28:1-2. къызэрыриджам хуэдэу.
5Дин пашэшхуэ хъунымкӀэ щӀыхьышхуэр Мэссихь езым зыхуигъэфэщакъым, ауэ Тхьэм абы къыжриӀащ:#5:5 Тхьэм абы къыжриӀащ – еплъ Уэрэд ЛъапӀэхэм (Сабур) 2:7.
«Уэращ си Къуэр, Адэ сыпхуэхъуащ нобэ».
6Тхьэм ар къызэрыжиӀар и псалъэ тхахэм хэту, зыщӀыпӀэ деж итщ:#5:6 зыщӀыпӀэ деж итщ – еплъ Уэрэд ЛъапӀэхэм (Сабур) 109:4.
«Мелхиседек#5:6 Мелхиседек – еплъ 7:1-19. хуэдэу, уэри
дин пашэу ущытынущ игъащӀэкӀэ».
7Хьисэ дунейм щытета махуэхэм макъ хэӀэтыкӀакӀэ джэурэ, и нэпсыр къежэхыурэ,#5:7 и нэпсыр къежэхыурэ – еплъ Маттэ 26:36-46; Марк 14:32-42; Лука 22:41-43. лӀэныгъэм къыӀэщӀэзыхыфыну Тхьэм и фӀэщу елъэӀуащ. ЗэредаӀуэм щхьэкӀэ абы и макъыр Тхьэм зэхихащ. 8Езыр Тхьэм и Къуэми, ишэча гугъуехьхэмкӀэ Тхьэр зэрыхуейм тету едаӀуэу щытащ. 9И Ӏуэхур щригъэкъум, езым къедаӀуэ цӀыху псори игъащӀэкӀэ мыкӀуэдыну къезыгъэлыр аращ, 10Тхьэми ар дин пашэшхуэу, Мелхиседек хуэдэу, игъэуващ.
ФӀэщхъуныгъэм и гъуэгу фытемыкӀ
11Мы Ӏуэхум теухуауэ къыжытӀэн хуеяр куэд мэхъу. Ауэ фитхьэкӀумэ жьажьэщи, а Ӏуэхухэр зэхывэзгъэщӀыкӀыныр гугъущ. 12БлэкӀа зэманым фыщеплъкӀэ, мы зэманым фэ нэгъуэщӀ цӀыхухэм Мэссихь теухуа хъыбарыфӀыр евгъэщӀэн хуеящ, ауэ Тхьэм и псалъэхэм теухуа, япэ дыдэ зэвгъэщӀа Ӏуэхухэр зыгуэрым фигъэщӀэжыну фыхуэныкъуэщ. Фызыхуэныкъуэр шхыныгъуэ гъэткӀугъуейкъым, атӀэ быдзышэщ. 13Шэ фӀэкӀа нэгъуэщӀ емыфэр ар сабий къудейщ. Абы щыпкъагъэм и Ӏуэхур зэхищӀыкӀыркъым. 14Шхыныгъуэр – зи ныбжь нэсахэм щхьэкӀэщ. Абыхэм фӀымрэ емрэ ягукӀэ зэхагъэкӀыфу еса хъуурэ, ар хьэл-щэн яхуэхъуащ.

Highlight

Copy

Compare

Share

None

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in