YouVersion Logo
Search Icon

Еврейхэм яхуэгъэза тхылъ 3

3
3-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
Мусэ бегъымбарым нэхърэ нэхъ лъапӀэщ Хьисэ
1Си къуэш лъапӀэхэ, Тхьэм и бын фыхъуну фэри фыкъыхуриджащ. Аращи, ди фӀэщхъуныгъэм и дин пашэшхуэ хъун щхьэкӀэ Тхьэм къытхуигъэкӀуа Хьисэ фегупсыс. 2Тхьэм и унагъуэм щыщ цӀыху псоми Мусэ бегъымбарым щыпкъагъэ зэрахуиӀам хуэдэу, Хьисэи езыр зыгъэува Тхьэм щыпкъагъэ хуиӀащ. 3Унэм нэхърэ унэ зыщӀым нэхъ щӀыхь зэриӀэм хуэдэу, Мусэ нэхърэ Хьисэ нэхъ щӀыхь хуэфащэщ. 4ЦӀыху гуэрым имыщӀа унэ щыӀэкъым, ауэ псори зыщӀар Тхьэращ. 5Мусэ Тхьэм хуэлажьэурэ, Тхьэм и унэ псоми Ӏуэху щищӀэу зэрыщытамкӀэ Мусэ и гум щыпкъагъэ илъащ икӀи Тхьэм къыжиӀэну псалъэм щыхьэт техъуащ. 6Мэссихь Тхьэм и унагъуэр зи ӀэмыщӀэ илъ Къуэщ. Дигу дымыгъэныкъуэу, дызэрыгуфӀэу икӀи дызыщыгугъыу дызыпэплъэ Ӏуэхум и кӀэм нэсыху дыхуэпэжмэ, дэри абы и унагъуэм дыщыщщ.
Тхьэм и цӀыхухэм я гупсэхужыпӀэр
7Аращи, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм зэрыжиӀэм хуэдэу:#3:7-11 Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм зэрыжиӀэм хуэдэу – еплъ Уэрэд ЛъапӀэхэм (Сабур) 94:8-11.
«Нобэ Тхьэм и макъыр зэхэфхмэ,
8фи гур ерыщу щывмыгъэт,
фи адэжьхэм губгъуэ нэщӀым
щащӀэу зэрыщытам хуэдэу.#3:8 фи адэжьхэм губгъуэ нэщӀым щащӀэу зэрыщытам хуэдэу – еплъ 2 Мусэ 17:1-7, икӀи 4 Мусэ 20:1-13.
Абыхэм Тхьэм едэӀуэн ядакъым,
Тхьэм и шыӀэныгъэр здынэсыр
ягъэунэхуну хэтащ».
9(Тхьэм мыпхуэдэуи жеӀэ:)
«Губгъуэ нэщӀым фи адэжьхэм си шыӀэныгъэр
здынэсри си Ӏуэхухэр зыхуэдэри щагъэунэхуну хэтащ.
Си Ӏуэхухэри ялъагъуу щытащ илъэс плӀыщӀкӀэ.
10Абы щхьэкӀэ а цӀыхухэм сахуэгубжьри,
мыпхуэдэу жысӀащ: „Ахэр ягукӀэ зэпымыууэ
мэгъуащэ,
си гъуэгухэр зыхуэдэри ящӀэркъым“.
11Аращи, сахуэгубжьурэ, „Сэ ахэр си гупсэхужыпӀэм
къыщӀэзгъэхьэнукъым“, жысӀэри,
псалъэ быдэкӀэ ар згъэпэжащ».
12Си къуэшхэ, фэ фщыщ гуэрым и щӀыб гъащӀэ зиӀэ Тхьэм и гъуэгум хуигъэзэжу, фӀэщхъуныгъэ зимыӀэ гу бзаджэ зэримыӀэным фыхуэсакъ. 13Гуэныхь щӀэным и хьилагъэкӀэ дишэхауэ фэ фщыщ гуэрым и гур ерыщ мыхъун щхьэкӀэ, махуэ къэс фызэрыгъэгушхуэ, «Нобэ» жыхуаӀэ зэманым дыхэтыху. 14Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ нэхъапэм дызыщыгугъа Ӏуэхухэм и кӀэм нэсыху дыхуэпэжмэ, дэ псори Мэссихь и гъусэхэм ящыщ дохъу. 15Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу,#3:15 Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу – еплъ Уэрэд ЛъапӀэхэм (Сабур) 94:8.
«Тхьэм и макъыр нобэ зэхэфхмэ,
фи гур ерыщу щывмыгъэт,
фи адэжьхэм губгъуэ нэщӀым
щащӀэу зэрыщытам хуэдэу».
16Тхьэм и макъыр зэхэзыхауэ, едэӀуэн зымыдахэр хэт? Мусэ бегъымбарым Мысырым къришыжыгъа цӀыху псори аракъэ? 17Тхьэр илъэс плӀыщӀкӀэ зыхуэгубжьауэ щытар хэт? Гуэныхь зыщӀауэ, зипкъхэр губгъуэ нэщӀым къинэжахэракъэ? 18ИтӀанэ «Сэ ахэр си гупсэхужыпӀэм къыщӀэзгъэхьэнукъым», жиӀэу, Тхьэм псалъэ быдэкӀэ ар игъэпэжурэ, зыжриӀар хэт? ЕдэӀуэн зымыдахэракъэ? 19Абыхэм фӀэщхъуныгъэ зэрамыӀам щхьэкӀэ Тхьэм и гупсэхужыпӀэм щӀыхьэн зэралъэмыкӀар долъагъу.

Highlight

Copy

Compare

Share

None

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in