YouVersion Logo
Search Icon

Еврейхэм яхуэгъэза тхылъ 12

12
12-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
Тхьэм и бынхэр ӀурыщӀэ зэрищӀыр
1Аращи, апхуэдэ щыхьэт гупышхуэ дяпэ иту зэрыдиӀэм щхьэкӀэ, дэтхэнэ хьэлъэу ттелъымрэ гуэныхьу дызэщӀэзубыдэмрэ зытедвгъэдзи, теубыдагъэ диӀэу, зэдэжэныгъэу къытпэщылъыр къэдвгъэж. 2Хьисэ ди нэхэр тедвгъэгъэт. Аращ фӀэщхъуныгъэм и гъуэгум дытезыгъэхьэу, пашэ къытхуэхъуу ди фӀэщхъуныгъэр нэгъэса зыщӀыр. И пащхьэм илъу щыта гуфӀэгъуэм щхьэкӀэ, цӀыхухэм жорым зэрыраӀулӀам и гугъуехь ишэчащ, жорым и емыкӀуми еплъакъым ар, Тхьэм и тахътэм и ижьырабгъумкӀэ бгъэдэтӀысхьащ. 3Фемышын икӀи фи гур фымыгъэныкъуэн щхьэкӀэ, Хьисэ Мэссихь фегупсыс. Езыр жагъуэу зылъагъу гуэныхьыщӀэ цӀыхухэм сыту гугъуехьышхуэ ирагъэшэча!
4Гуэныхьым фебэну, лъы къыфщӀэкӀыху, иджыри къэс фыпэувакъым абы. 5И бынкӀэ къывэджэурэ, Тхьэм фигу зэригъэзагъэр#12:5-6 Тхьэм … фигу зэригъэзагъэр – еплъ Сэлмэн пащтыхьым и псалъэжьхэм (Притчи) 3:11-12. фщыгъупщащ:
«Си бын, Зиусхьэным ӀурыщӀэ ущищӀкӀэ,
нэмыплъ епту ущымыт,
езыр къыщогийкӀи,
уи гур умыгъэныкъуэ,
6сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Зиусхьэным фӀыуэ
илъагъу цӀыхур ӀурыщӀэ ещӀ,
и быным хуэдэу ищтэ дэтхэнэми
гугъуехь ирегъэшэч».
7Аращи, Тхьэм ӀурыщӀэ фыщищӀкӀэ, теубыдагъэ зивгъэӀэ. Тхьэр апхуэдэу къывдогъуэгурыкӀуэ, и быну фызэрыщытым щхьэкӀэ. Адэм ӀурыщӀэ имыщӀ бын щыӀэ? 8Тхьэм и бын псори ӀурыщӀэ зэрищӀым хуэдэу ӀурыщӀэ фимыщӀмэ, и бынхэм фащыщкъым, атӀэ хабзэкӀэ къамылъхуахэм фахуэдэщ. 9Абы нэмыщӀ, мы дунейм дытету ди адэхэм ӀурыщӀэ дащӀмэ, фӀэлӀыкӀ яхудиӀэщ. Дыпсэун щхьэкӀэ, уафэм тес ди Адэ лъапӀэм абы нэхърэ нэхъыбэу дыхуэӀурыщӀэн хуейщ. 10Ди адэхэм зэман кӀэщӀкӀэ игъуэу зэралъытам хуэдэу, ӀурыщӀэ дащӀырт. Ауэ Тхьэм, и лъапӀагъэмкӀэ Ӏыхьэ диӀэн щхьэкӀэ, и фӀагъ къыдигъэкӀыну ӀурыщӀэ дещӀ. 11Зыгуэрым ӀурыщӀэ дыщищӀкӀэ, ди гуапэ хъуркъым, атӀэ ди гуауэ мэхъу. Ауэ Тхьэм ӀурыщӀэ ищӀурэ игъэса цӀыхухэм иужькӀэ фӀыуэ абы къахухэкӀыр щыпкъагъэмрэ гузэгъэгъуэмрэщ.
12Аращи, фэ фи Ӏэблэу гуэхуахэмрэ къару зыхэмылъыж лъэгуажьэхэмрэ къару яхэвгъэлъ. 13ЦӀыху лъашэр нэхъ Ӏей фымыгъэхъуу, ар хъужын щхьэкӀэ, гъуэгу захуэм фрикӀуэ.
Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэм нэмыплъ евмыт
14ЦӀыху псоми фазэрыгурыӀуэнми гукъабзагъэри зэрывиӀэнми фыхущӀэкъу; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ гукъабзагъэ имыӀэмэ, зыми Зиусхьэныр илъагъунукъым. 15Фэ фщыщ зыми Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэм зэрызыхимыгъэныным фыхуэсакъ. Зи зэран къакӀуэ лъабжьэ дыджу, цӀыху куэдыр зыгъэуфӀейр къыфхремыкӀ. 16Фэ фщыщу зыри зинэ зыщӀэ цӀыхухэм ящыщ иремыхъу, е Эсау#12:16 Эсау – еплъ 1 Мусэ 25:29-34; 27:30-40. хуэдэу Тхьэм и фӀэлӀыкӀ зи гум имылъ цӀыхухэм ящыщ иремыхъу. Эсау къуэ нэхъыжьым иӀэу щыта хуитыныгъэхэр шхыныгъуэ закъуэм щхьэкӀэ ищэжащ. 17ИтӀанэ, зэрыфщӀэщи, Тхьэм и нэфӀ зыщигъэхуэн щхьэкӀэ, Эсау и адэр Тхьэм иригъэлъэӀуну хуеящ#12:17 и адэр Тхьэм иригъэлъэӀуну хуеящ – еплъ 1 Мусэ 27:30-40., ауэ и адэм хуидакъым. Эсау гъыурэ и адэм елъэӀуа пэтми, ар и псалъэм тригъэкӀыфакъым.
18ФызэӀусэн флъэкӀыну мафӀэм ис бгым деж фыкъэкӀуакъым#12:18 мафӀэм ис бгым деж фыкъэкӀуакъым – е израил цӀыхухэм яхуэдэу, мафӀэм ис Синай бгым деж фыкъэкӀуакъым. Еплъ 2 Мусэ 19:16-22; 20:18-21.. КӀыфӀыгъэм, мазэхэм, жьышхуэм, 19бжьамиишхуэм и макъым, псалъэхэр къыжызыӀэ макъым я деж фыкъэкӀуакъым. Ар зэхэзыхахэр а макъыр аргуэру къемыпсэлъэжыну елъэӀуащ, 20сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ а макъым къыжиӀа унафэр яшэчын ялъэкӀакъым: «ХьэкӀэкхъуэкӀэр бгым еӀусэмэ, мывэхэмкӀэ е шабзэмкӀэ вгъэлӀэн хуейщ». 21Къахуэлъэгъуар шынагъуэшхуэти, Мусэ бегъымбарми, «Сошынэ икӀи сокӀэзыз» жиӀащ.#12:21 Мусэ бегъымбарми … жиӀащ – еплъ 5 Мусэ 9:19.
22Фэ фыкъыздэкӀуар Сион Ӏуащхьэр#12:22 Сион Ӏуащхьэр – абы къикӀыр Тхьэм и унэшхуэу уафэм щыӀэр аращ. арщ, гъащӀэ зиӀэ Тхьэм и къалэшхуэу, уафэм щыӀэ Ерусалиму мелыӀычхэр мин бжыгъэкӀэ здэщыӀэр арщ. 23Тхьэм и япэрей быну уафэм щыӀэ тхылъым зи цӀэ итхэм я махуэшхуэ зэхуэсми фыкъэкӀуащ. Тхьэуэ цӀыху псоми хьэкум ятезыщӀыхьым деж фыкъэкӀуащ, зи щыпкъагъэм щыщӀагъэ лъэпкъ хэмылъу, Тхьэм цӀыху нэгъэса ищӀахэм я псэхэм я дежи фыкъэкӀуащ. 24ЗэгурыӀуэныгъэщӀэр Тхьэмрэ цӀыхухэмрэ яку дэлъ зыщӀа Хьисэрэ абы лъыуэ къыщӀэкӀамрэ я деж фыкъэкӀуащ. Хэбэл и лъым нэхърэ Хьисэ и лъым Ӏуэху нэхъыфӀым нэхъ дыщегъэгугъ.
25Фысакъ, къэпсалъэм фи щӀыб хуэвмыгъазэ. Тхьэм деж къикӀ хъыбарыр щӀылъэм къыщыжызыӀэгъам зи щӀыб хуэзыгъэзахэм яхуэфащэ тезырыр ягъуэтыжащ. Аращи, уафэм къикӀыу дэ къыдэпсалъэм ди щӀыб хуэдгъазэмэ, абы нэхърэ нэхъ тхуэфащэ тезырыр дгъуэтынукъэ? 26Тхьэм и макъым щӀылъэр игъэхъеящ абы щыгъуэ, ауэ иджы Тхьэм псалъэ быдэ итащ:#12:26 псалъэ быдэ итащ – еплъ Хаггай (Аггей) бегъымбарым и тхылъым 2:6. «ЩӀылъэм и мызакъуэу, уафэри згъэхъеинущ аргуэру». 27«Аргуэру» жыхуиӀэ псалъэм къегъэнахуэ Тхьэм игъэхъей псори – Тхьэм къигъэщӀа псори – я пӀэм зэрырихыжынур. Тхьэм имыгъэхъея Ӏуэхухэращ къызэтенэнур.
28Аращи, зыми имыгъэхъеифыну тепщэныгъэр Тхьэм къызэрыдитым щхьэкӀэ фӀыщӀэ хуэдвгъэщӀ. ДгъэлъапӀэу, фӀэлӀыкӀ худиӀэу, и гум дрихьу дыхуэвгъэлажьэ, 29сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ди Тхьэр псори зыс мафӀэщ.

Highlight

Copy

Compare

Share

None

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in