YouVersion Logo
Search Icon

Еврейхэм яхуэгъэза тхылъ 11

11
11-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
ЦӀыхухэр пасэ зэманым Тхьэм щыгугъыу зэрыщытар
1ФӀэщхъуныгъэр зищӀысыр – дызыщыгугъыу, дызыпэплъэ Ӏуэхухэр зэрыдгъуэтынур тщӀэныр арщ икӀи Ӏуэху нэрымылъагъухэм ди дзыхь едгъэзыныр арщ. 2Пасэ зэманым дунейм щыпсэууэ щыта цӀыхухэм фӀэщхъуныгъэ зэраӀам щхьэкӀэ Тхьэр щыхьэтыфӀ яхуэхъуащ.
3ФӀэщхъуныгъэ зэрыдиӀэм щхьэкӀэ, Тхьэм и псалъэкӀэ дунейр къызэригъэщӀар зэхыдощӀыкӀ. Аращи, цӀыхум и нэкӀэ илъагъур и нэкӀэ имылъагъум къыхэкӀащ.
4Хэбэл#11:4 Хэбэл – еплъ 1 Мусэ 4:3-10. фӀэщхъуныгъэ зэриӀам щхьэкӀэ, Каин ищӀа къурмэным нэхърэ нэхъ къурмэныфӀ ищӀащ. Тхьэм Хэбэл и тыгъэхэр щидам, Хэбэл фӀэщхъуныгъэ зэриӀам щхьэкӀэ, Тхьэр абы щыпкъагъэ зэриӀамкӀэ щыхьэт хуэхъуащ. Хэбэл дунейм ехыжащ, ауэ фӀэщхъуныгъэ зэриӀам щхьэкӀэ, иджыри хъыбар къытхуехь.
5Ханох#11:5 Ханох – еплъ 1 Мусэ 5:21-24. фӀэщхъуныгъэ зэриӀам щхьэкӀэ, Тхьэм абы лӀэныгъэр иримыгъэлъагъуу уафэм дрихьеящ. Тхьэм ар уафэм зэрыдрихьеям щхьэкӀэ, цӀыхухэм ар ягъуэтыжын ялъэкӀакъым. Тхьэм ар уафэм дрихьеин и пэкӀэ, Ханох Тхьэм и гум зэрырихьамкӀэ Тхьэм и псалъэ тхахэр щыхьэт абы хуохъу. 6ЦӀыхум фӀэщхъуныгъэ имыӀэмэ, Тхьэм игу ирихьынукъым; Тхьэм пэгъунэгъу хъуну хуей дэтхэнэми Тхьэр зэрыщыӀэмкӀи Тхьэм и гъуэгум лъыхъуэхэм я ӀыхьэфӀыр зэралъигъэсымкӀи фӀэщхъуныгъэ иӀэн хуейщи.
7ЦӀыхухэм ямылъэгъуа къэкӀуэну Ӏуэхухэм теухуауэ Тхьэм Нухь#11:7 Нухь – еплъ 1 Мусэ 6:13-22. хъыбар къыщригъащӀэм, Нухь фӀэщхъуныгъэ зэриӀам щхьэкӀэ, Тхьэм щышынэри, и унагъуэр мыкӀуэду къригъэлын щхьэкӀэ, кхъухь ищӀащ. Нухь иӀа фӀэщхъуныгъэмкӀэ дунейм и цӀыхухэм я къуаншагъэр нахуэ яхуищӀащ. ФӀэщхъуныгъэ зэриӀам щхьэкӀэ Тхьэм абы щыпкъагъэ иӀэу зэрилъытар и ӀыхьэфӀ хъуащ.
8Ибрэхьим#11:8 Ибрэхьим – еплъ 1 Мусэ 12:1-5. и ӀыхьэфӀ хъуну къэралым кӀуэну Тхьэм къыщыхуриджам, Ибрэхьим фӀэщхъуныгъэ зэриӀам щхьэкӀэ, Тхьэм едаӀуэри, здэкӀуэнур имыщӀэу щыта пэтми, итӀани гъуэгу техьащ. 9ФӀэщхъуныгъэ зэриӀам щхьэкӀэ, Тхьэм къритыну къызэригъэгугъа къэралым хамэм хуэдэу щыпсэууэ щытащ ар. А къэралым Ибрэхьим шэтырхэм щӀэсу щыпсэууэ щытащ. Исхьэкъри Екъубри шэтырхэм щӀэсащ. Ибрэхьим Тхьэм къызэригъэгугъа ӀыхьэфӀыр абы и гъусэу абыхэми къалъысыну щытащ. 10Ибрэхьими шэтырхэм щӀэсащ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ къалэшхуэу Тхьэм игъэпсауэ, игъэувауэ, мыкӀуэдыжын лъабжьэхэр зиӀэм пэплъэу щытащ.
11Сарэ#11:11 Сарэ – еплъ 1 Мусэ 18:11-14; 21:2. сабий имыгъуэтыну и ныбжьыр блэкӀауэ щыта пэтми, фӀэщхъуныгъэ зэриӀам щхьэкӀэ, сабий игъуэтыну Тхьэм къару къритащ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ къэзыгъэгугъа Тхьэр зэрыщыпкъэр Сарэ ищӀэу щытащи. 12ЛӀэн гъунэгъу хъуа пэтми, а лӀы закъуэм быну къытехъукӀар уафэм ит вагъуэхэм я бжыгъэм хуэдизу куэд хъуащ, хы Ӏуфэм Ӏулъ умыбжыфыну пшахъуэми хуэдизу бэгъуащ.
13Мы цӀыху псори фӀэщхъуныгъэ яӀэу лӀащ. Тхьэм къызэригъэгугъа Ӏуэхухэр ягъуэтакъым, ауэ жыжьэу ахэр ялъагъури щыгуфӀыкӀащ. «Мы дунейм хамэу икӀи хэхэсу дытетщ», жаӀащ абыхэм. 14Апхуэдэу жызыӀэхэм я къэрал пэжым зэрылъыхъуэр къагъэнахуэ. 15Я гум илъу щытар къэралу зэрыкӀыжар аратэмэ, ягъэзэжыну Ӏэмал яӀэнт. 16Ауэ къэрал нэхъыфӀ гуэрым щӀэхъуэпсу щытащ – ар уафэм щыӀэ къэралыр аращ. Аращи, езыхэм я ТхьэкӀэ щеджэкӀэ, Тхьэм емыкӀу ищӀыркъым, Тхьэм абыхэм къалэ яхуигъэпсащи.
17Тхьэм Ибрэхьим#11:17 Ибрэхьим – еплъ 1 Мусэ 22:1-14. и щыпкъагъэр щигъэунэхум, Ибрэхьим фӀэщхъуныгъэ зэриӀам щхьэкӀэ, Исхьэкъ къурмэныпхъэу къихьащ. 18«Исхьэкъ къытехъукӀыну цӀыхухэр арщ уэ уи бын пэжкӀэ зэджэнухэр», жиӀэу Тхьэм Ибрэхьим къигъэгугъа пэтми,#11:18 Тхьэм Ибрэхьим къигъэгугъа пэтми – еплъ 1 Мусэ 21:12. Ибрэхьим и къуэ закъуэр къурмэныпхъэ ищӀыну хьэзыру щытащ. 19Тхьэм Исхьэкъ лӀахэм къахигъэтэджыкӀыжын зэрылъэкӀынум Ибрэхьим щыгугъыу щытащ, Исхьэкъ лӀахэм къахэтэджыкӀыжауэ Ибрэхьим зэригъуэтыжари жыпӀэ хъунущ.
20Исхьэкъ#11:20 Исхьэкъ – еплъ 1 Мусэ 27:27-29, 39-40. фӀэщхъуныгъэ зэриӀам щхьэкӀэ, Тхьэм и нэфӀ къэкӀуэну зэманым Екъубрэ Эсаурэ къазэрыщыхуэнур яжриӀащ.
21Екъуби#11:21 Екъуб – еплъ 1 Мусэ 48:1-20. фӀэщхъуныгъэ зэриӀам щхьэкӀэ, лӀэн щыхъум, Исуф и къуэхэм ящыщ дэтхэнэми Тхьэм и нэфӀ къызэрыщыхуэнур жриӀащ икӀи и башым зытригъащӀэурэ,#11:21 и башым зытригъащӀэурэ – еплъ 1 Мусэ 47:31. Тхьэм щӀыхь хуищӀащ.
22Исуф#11:22 Исуф – еплъ 1 Мусэ 50:24-25. фӀэщхъуныгъэ зэриӀам щхьэкӀэ, и лӀэгъуэр къыщысым, израил цӀыхухэр Мысырым къызэрикӀыжынум и гугъу ищӀащ икӀи и хьэдэ къупщхьэхэр здыщӀалъхьэжын хуеймкӀэ усят къищӀащ.
23Мусэ бегъымбарым и адэ-анэм#11:23 Мусэ и адэ-анэр – еплъ 2 Мусэ 2:2. фӀэщхъуныгъэ зэраӀам щхьэкӀэ, Мусэ къыщалъхум, мазищкӀэ ягъэпщкӀуащ, сабийр зэрыдахэр ялъэгъуат, пащтыхьым и унафэми щышынатэкъыми.
24Мусэ#11:24 Мусэ – еплъ 2 Мусэ 2:10-12. фӀэщхъуныгъэ зэриӀам щхьэкӀэ, ин щыхъум, Фирхьэуным и пхъурылъхукӀэ къеджэу идэртэкъым. 25Гуэныхь щӀэнымкӀэ зы зэман кӀэщӀкӀэ зигъэтхъэжыным нэхърэ, Тхьэм и цӀыхухэм гугъуехь ядишэчыныр нэхъ къищтащ. 26Мысырым и мылъку псоми нэхърэ Мэссихь щхьэкӀэ езыр ягъэпудыныр нэхъ къулеигъэу илъытащ, ӀыхьэфӀу къылъысынум пэплъу щытащи. 27ФӀэщхъуныгъэ зэриӀам щхьэкӀэ, пащтыхьым и губжьым щымышынэу, Мысырым къикӀыжащ. ЦӀыхухэм ямылъагъу Тхьэр зэрилъэгъуам хуэдэу и гум теубыдагъэ илъу щытащ. 28Мусэ фӀэщхъуныгъэ зэриӀам щхьэкӀэ, израил цӀыхухэм ӀутӀыж махуэшхуэр#11:28 ӀутӀыж махуэшхуэр – еплъ 2 Мусэ 12:21-28. япэ дыдэ яригъэгъэлъэпӀащ, я бжэхэми лъы траутхэну унафэ яхуищӀащ, я щыпэлъхухэр зыгъэкӀуэд мелыӀычым имыгъэкӀуэдын щхьэкӀэ.
29Израил цӀыхухэм#11:29 израил цӀыхухэр – еплъ 2 Мусэ 14:21-31. фӀэщхъуныгъэ зэраӀам щхьэкӀэ, щӀы гъущэм зэрыщызекӀуам хуэдэу, Хы Плъыжьым зэпрыкӀащ, ауэ мысыр цӀыхухэр хым зэпрыкӀыну щыхуежьэм, псори итхьэлащ.
30Израил цӀыхухэм фӀэщхъуныгъэ зэраӀам щхьэкӀэ, Ерихон къалэр#11:30 Ерихон къалэр – еплъ Нун и къуэ Ехьошуа и хъыбар зэрыт тхылъым 6:12-21. махуиблкӀэ хъурейуэ къакӀухьа нэужь, къалэм и блыныр къызэтещэщащ.
31Рахав#11:31 Рахав – еплъ Нун и къуэ Ехьошуа и хъыбар зэрыт тхылъым 2:1-21; 6:22-25. псэжьым фӀэщхъуныгъэ зэриӀам щхьэкӀэ, фӀэщхъуныгъэ зимыӀэхэм ядэкӀуэдакъым, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ бий тӀасхъэщӀэххэр и гуапэу иригъэблэгъащ (икӀи нэгъуэщӀ гъуэгукӀэ къалэм ахэр дишыжащ).
32Иджыри сыт жысӀэнур? Гидеон, Барак, Шимшон, Ифтэх, Даут, Самуел сымэ, адрей бегъымбархэми я хъыбарыр къыжысӀэну зэманыр срикъунукъым. 33Абыхэм фӀэщхъуныгъэ зэраӀам щхьэкӀэ, нэгъуэщӀ пащтыхьыгъуэхэм ятекӀуащ, захуагъэр ягъэпсащ, Тхьэм къызэригъэгугъа Ӏуэхухэри яӀэ хъуащ. Аслъэнхэм я жьэхэр ягъэбыдащ, 34мафӀэшхуэхэри ягъэункӀыфӀащ, джатэхэм къаӀэщӀэкӀыжащ. ГуащӀэмащӀэу щытами, къару яӀэ хъуащ. ЗэуэнкӀэ лъэкӀыныгъэ яӀэ хъуащ, хамэхэм я дзэхэр ирахужащ. 35Фызхэм я лӀахэр къэхъужауэ ягъуэтыжащ. Тхьэм къыщигъэтэджыжкӀэ, нэхъ гъащӀэфӀ ягъуэтын щхьэкӀэ, нэгъуэщӀхэр (Тхьэр ягъэпцӀыну зэрамыдам щхьэкӀэ) я бийхэм щхьэхуиту къаутӀыпщыжакъым. Абыхэм гугъуехь ирагъэшэчурэ, ягъэлӀащ. 36ЦӀыхухэм абыхэм ящыщхэр ягъэикӀэурэ икӀи щӀопщкӀэ еуэурэ, гугъуехь ирагъэшэчащ, итӀанэ Ӏэхъулъэхъу иралъхьэри, лъэхъуэщым щӀадзащ. 37ЦӀыхухэм нэгъуэщӀ гуэрхэри мывэкӀэ еуэурэ яукӀащ, зыгуэрхэри пхъэм хуэдэу зэпахащ, нэгъуэщӀ гуэрхэри джатэкӀэ яукӀащ. ФӀэщхъуныгъэ зиӀэ цӀыхухэм мэлыфэрэ бжэныфэрэ ящыгъыу къакӀухьу, щыщӀагъэ яӀэу, гузэвэгъуэ хэту, цӀыхухэм хьэкӀэкхъуэкӀагъэ къращӀэу щытащ. 38Абыхэм я фӀыгъуэр дунейм хуэфащэу щытакъым. Губгъуэ нэщӀхэмрэ Ӏуащхьэхэмрэ къыщакӀухьу, бгъуэнщӀагъхэмрэ аузхэмрэ щыпсэууэ щытащ.
39Ауэ абыхэм фӀэщхъуныгъэ зэраӀам щхьэкӀэ, Тхьэр щыхьэтыфӀ а псоми къахуэхъуа пэтми, Тхьэм и цӀыхухэр къызэригъэгугъауэ щыта Ӏуэхухэр иджыри ягъуэтакъым. 40Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и гум илъу щытар дэркӀэ нэхъыфӀщ – ахэр дэ ди мыгъусэмэ, я щыпкъагъэм щыщӀагъэ лъэпкъ хэмылъу, езым дежкӀэ цӀыху нэгъэса зэрымыхъунуращ.

Highlight

Copy

Compare

Share

None

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in