YouVersion Logo
Search Icon

Еврейхэм яхуэгъэза тхылъ 13

13
13-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
Тхьэм игу дрихьын зэрыхуейр
1Зэшхэм хуэдэу, зэпымыууэ фӀыуэ фызэрылъагъуу щрет. 2ХьэщӀэр гъэлъэпӀэныр зыщывмыгъэгъупщэ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ апхуэдэу цӀыху гуэрхэм ямыщӀэу мелыӀычхэр ягъэхьэщӀащ.#13:2 мелыӀычхэр ягъэхьэщӀащ – еплъ 1 Мусэ 18:1-8; 19:1-3. 3Лъэхъуэщым щӀэсхэр, абы фадыщӀэсым хуэдэу, икӀи гугъуехь зышэчхэри, гугъуехь ядэфшэчым хуэдэу, зыщывмыгъэгъупщэ. Фэри мы дунейм тет цӀыхухэм фащыщщ.
4Нэчыхьыр цӀыху псоми ирегъэлъапӀэ, лӀымрэ фызымрэ я пӀэр къабзэу щрет. Тхьэм зинэщӀэхэр игъэкъуэншэнущ. 5Ахъшэм фыхуэмынэпсей, фиӀэм арэзы фытехъуэ. Тхьэм къыжиӀащ:#13:5 Тхьэм къыжиӀащ – еплъ 5 Мусэ 31:6.
«ИгъащӀэкӀэ ухыфӀэздзэжынукъым,
уи закъуэу укъэзгъэнэнукъым».
6Аращи, гушхуэныгъэкӀэ жыдоӀэ:#13:6 жыдоӀэ – еплъ Уэрэд ЛъапӀэхэм (Сабур) 117:6.
«Зиусхьэныр си дэӀэпыкъуэгъущи,
зыми сыщышынэнукъым.
ЦӀыхухэм сыт къызащӀэфынур?»
7Тхьэм и псалъэхэр къывжезыӀа фи унафэщӀ къушхэр зыщывмыгъэгъупщэ. Дунейм зэрехыжами феплъи, я фӀэщхъуныгъэм и лъэужьым фрикӀуэ. 8Хьисэ Мэссихь дыгъуасэ зэрыщытам хуэдэу, зызэримыхъуэкӀауэ ноби щытщ, игъащӀэкӀи щытынущ.
9Ӏуэху гъэщӀэгъуэн зэхуэмыдэу цӀыхухэм адрейхэр зрагъаджэхэм зыдевмыгъэхьэх. Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэкӀэ фигухэр вгъэбыдэмэ, фӀыщ, ауэ шхыныгъуэхэм теухуа унафэхэм пщӀэ яӀэкъым. А унафэхэм ятету ирикӀуэ цӀыхухэм абыхэм я фӀагъ ирагъэкӀакъым. 10Дэ ди къурмэнщӀыпӀэ диӀэщ. Шэтырым щылажьэу щытахэм а щӀыпӀэм щащӀ къурмэныпхъэм#13:10 къурмэныпхъэр – Тхьэм щӀыхьышхуэу хуэтщӀыр арщ. Еплъ 13:15. щыщ яшхыну хуитакъым.
11Дин пашэшхуэм цӀыхухэм я гуэныхьхэр ипшыныжын щхьэкӀэ, былымхэм я лъыр здихьыурэ, я нэхъ Пэш ЛъапӀэу жыхуаӀэм щӀыхьэу щытащ, ауэ былымхэм япкъхэр къалэм и щӀыбым мафӀэкӀэ щагъэсу щытащ. 12И лъымкӀэ цӀыхухэм я гур игъэкъэбзэжын щхьэкӀэ, куэбжэ щӀыбым#13:12 куэбжэ щӀыбым – Ерусалим и куэбжэр арщ. гугъуехь щишэчащ Хьисэи. 13КъращӀа емыкӀум ди Ӏыхьэ хэлъын щхьэкӀэ, Хьисэ деж къалэ щӀыбым дывгъакӀуэ. 14Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ мыбдежым мыкӀуэдыжын къалэ щыдиӀэкъым, ауэ къэунэхуну къалэм дыпоплъэ.
15Аращи, Хьисэ и цӀэкӀэ Тхьэм щӀыхьышхуэ зэпымыууэ хуэдвгъэщӀ – а щӀыхьышхуэр арщ дэ ди къурмэныпхъэр – езым и цӀэр зыгъэлъапӀэ жьэм къажьэдэкӀыр арщ дэ ди къурмэныпхъэр. 16ФӀы фщӀэнри зыщывмыгъэгъупщэ, фиӀэр нэгъуэщӀ цӀыхухэм ядэвгуэшынри зыщывмыгъэгъупщэ, апхуэдэ къурмэныпхъэхэр Тхьэм и гуапэщи.
17Фи унафэщӀ къуэшхэм къыжаӀэм федаӀуэ икӀи абыхэм фахуэӀурыщӀэ, ахэр Тхьэм жэуап езытыжын хуей цӀыхухэм хуэдэу, фи псэхэм яхуэсакъыу къыкӀэлъоплъри. Я Ӏуэхур къехьэлъэкӀыурэ ямылэжьэу, гуфӀэу ящӀэн щхьэкӀэ, абыхэм федаӀуэ. Я Ӏуэхур къехьэлъэкӀыурэ ящӀэмэ, абы и фӀагъ къывэкӀыркъым.
18Тхьэм фытхуелъэӀу. МыхъумыщӀэ дигу илъу зыдэтщӀэжыркъым, Ӏуэху псомкӀи щыпкъагъэ дигу илъу, дыпсэуну дыхуейщи. 19Псом хуэмыдэжу сыщӀывэлъэӀур фи деж Тхьэм щӀэх нызигъэгъэзэжыну фелъэӀунырщ.
Иужьрей фӀэхъус псалъэхэр
20Гузэгъэгъуэ къыдэзыт Тхьэм ди Зиусхьэну Хьисэ Мэссихьу мэлыхъуэ лэгъупэжьыр лӀахэм къахигъэтэджыкӀыжащ. Хьисэ и лъыр арщ мыкӀуэдыжын зэгурыӀуэныгъэу Тхьэм езымрэ дэрэ дяку къыдилъхьар мыхъурым хуэдэу зыгъэпэжар. 21Тхьэр зыхуейр вгъэзэщӀэн щхьэкӀэ, фӀыуэ фызыхуэныкъуэр фи гум кърырелъхьэ. Тхьэм игъуэу илъытэ Ӏуэхухэр Хьисэ Мэссихь и лъэкӀыныгъэкӀэ фрегъэгъэзащӀэ. МыкӀуэдыжын щӀыхьышхуэр зейр аращ. Ӏэмин.
22Си къуэшхэ, къызэрывгурызгъаӀуэ псалъэхэр фщтэнкӀэ сыныволъэӀу. Куэдыщэ ныфхуэстхакъым.
23Ди къуэш Тимофей#13:23 Тимофей – члисэ зэхуэс унафэщӀу Паул дэлажьэу, и гъусэхэм ящыщу щытар арщ. Еплъ Апостол. 16:1-3. щхьэхуиту къызэраутӀыпщыжар фщӀэну сыхуейщ. Мыгувэу къакӀуэмэ, абы сригъусэу фыслъагъуну сынэкӀуэнущ.
24Фи унафэщӀ къуэш псоми Тхьэм и цӀыху лъапӀэ псоми фӀэхъус схуефхыж. Италием щыщ къуэшхэм фӀэхъус къывахыж.
25Тхьэм и нэфӀ къыфщрехуэ фэ псоми.

Highlight

Copy

Compare

Share

None

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in