YouVersion Logo
Search Icon

Еврейхэм яхуэгъэза тхылъ 1

1
1-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
Тхьэр езым и Къуэм и жьэкӀэ къызэрыпсэлъар
1Пасэ зэманым Тхьэр бегъымбархэм я жьэкӀэ куэдрэ икӀи зэмылӀэужьыгъуэу ди адэжьхэм къепсалъэу щытащ. 2Ауэ мы зэманым, мы дунейм и иужьрей дыдэ махуэхэм, Тхьэр и Къуэм и жьэкӀэ дэ къыдэпсэлъащ. Тхьэм Ӏуэху псори и Къуэм и ӀыхьэфӀ хъуну игъэуващ, абыи дунейр къригъэгъэщӀащ. 3Тхьэм и щӀыхьышхуэм и нэхур и Къуэм къыбгъэдэкӀыу къыттопсэ; и Къуэм и щытыкӀэр Тхьэм и щытыкӀэм хуэдабзэщ, лъэкӀыныгъэшхуэ зиӀэ и псалъэмкӀэ щыӀэ псори щегъэӀэ; абы и Къуэм цӀыхухэм ягухэм гуэныхьхэр зэрыригъэкъэбзыкӀыжын гъуэгу къахуигъэпсащ, уафэми дэкӀуеижри, тепщэныгъэшхуэ псори зиӀэ Тхьэм и ижьырабгъумкӀэ бгъэдэтӀысхьащ. 4Тхьэм «си Къуэ» жиӀэу, абы къызэреджэ цӀэр мелыӀычхэм я цӀэм нэхърэ зэрынэхъ лъапӀэм хуэдэу, Тхьэм и Къуэр мелыӀычхэм я щхьэ ищӀащ.
Къуэ лъапӀэр мелыӀычхэм я щхьэщ
5Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм мелыӀычхэм ящыщ гуэрым,
«Уэращ си Къуэр,
нобэ Адэ сыпхуэхъуащ»,
жриӀа?#1:5 Тхьэм жриӀа – еплъ Уэрэд ЛъапӀэхэм (Сабур) 2:7. Тхьэм мелыӀыч гуэрми теухуауэ
«Сэ Адэ сыхуэхъунущ,
езыри си Къуэ хъунущ»,
жиӀа?#1:5 жиӀа – еплъ Самуел бегъымбарым и хъыбар зэрыт етӀуанэ тхылъым (2-я Царств) 7:14.
6Езым къыхиха и Къуэ щӀасэр дунейм къыщытригъэхьэм, Тхьэм жиӀащ:#1:6 Тхьэм … жиӀащ – еплъ 5 Мусэ 32:43; Уэрэд ЛъапӀэхэм (Сабур) 96:7
«Тхьэм и мелыӀыч псоми ар ирегъэлъапӀэ».
7МелыӀычхэм теухуауэ Тхьэм мыпхуэдэу жиӀащ:#1:7 Тхьэм мыпхуэдэу жиӀащ – еплъ Уэрэд ЛъапӀэхэм (Сабур) 103:4.
«Тхьэм и мелыӀычхэр жьым хуэдэ ещӀ,
а ӀуэхутхьэбзащӀэхэри мафӀэ бзийхэм
хуэдэ ещӀ».
8И Къуэм теухуауэ Тхьэм мыпхуэдэу жиӀащ:#1:8-9 Тхьэм мыпхуэдэуи жиӀащ – еплъ Уэрэд ЛъапӀэхэм (Сабур) 44:7-8.
«Уэ, Тхьэ, уи тепщэныгъэшхуэ тахътэм
игъащӀэкӀэ утесынущ.
Уи тепщэныгъэшхуэм и башыр захуагъэрщ.
9Щыпкъагъэр фӀыуэ уолъагъу,
бзаджагъэр плъагъу хъуркъым.
Абы щхьэкӀэ Тхьэуэ уи Тхьэм уи гъусэхэм нэхърэ
гуфӀэгъуэм и дагъэр#1:9 гуфӀэгъуэм и дагъэр – а зэманым пащтыхь хъунум дагъэ лъапӀэ щахуэрт. уэ нэхъ къыпщихуащ».
10Тхьэм мыпхуэдэуи жиӀащ:#1:10-12 Тхьэм мыпхуэдэуи жиӀащ – еплъ Уэрэд ЛъапӀэхэм (Сабур) 101:26-27.
«Уэ, Зиусхьэн, щӀэдзапӀэм деж
щӀылъэм и лъабжьэхэр хэбгъэуващ,
уафэхэри уи ӀэщӀыгъэщ.
11Ахэр кӀуэдыжынущ, ауэ уэ умыкӀуэду
укъелынущ.
Щыгъыным хуэдэу ахэр жьы хъунущ.
12Щыгъыным хуэдэу, зэкӀуэцӀыпшыхьынущ,
икӀи зэхъуэкӀа хъунущ;
ауэ уэ узэрыщытым утету укъэнэжынущ,
уи илъэсхэми кӀэух яӀэнукъым».
13ИкӀи Тхьэм мелыӀычхэм ящыщу гуэрым,
«Уэ уи бийхэр лъэгущӀэтын пхуэсщӀыху,
си ижьырабгъумкӀэ къызбгъэдэтӀысхьэ»,
жриӀа?#1:13 Тхьэм … жриӀа – еплъ Уэрэд ЛъапӀэхэм (Сабур) 109:1.
14МелыӀычхэр Тхьэм хуэӀурыщӀэ псэуэ щытщ, мыкӀуэду Тхьэм къызэрыригъэлынур ӀыхьэфӀу къызылъысыну цӀыхухэм яхуэӀуэхутхьэбзэщӀэну ахэр Тхьэм къегъакӀуэ.

Highlight

Copy

Compare

Share

None

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in