YouVersion Logo
Search Icon

Апостол Паул Филимон хуитха тхылъ 1

1
ФӀэхъус
1Сэ сы-Паулщ. Хьисэ Мэссихь сызэрыхуэлажьэм щхьэкӀэ, лъэхъуэщым сыщӀадзауэ сыщӀэсщ. ФӀыуэ тлъагъуу, къыддэлажьэ Филимон, члисэ зэхуэсым щыщу уи унэм щызэхыхьэхэм, 2ди шыпхъу Апфие, Мэссихь щхьэкӀэ дэ къыддэлажьэ Архипп сымэ мы тхылъыр ныфхузотх, ди къуэш Тимофей#1:2 Тимофей – еплъ Кол. 1:1. си гъусэу.
3Тхьэуэ ди Адэ лъапӀэмрэ Зиусхьэну Хьисэ Мэссихьрэ къабгъэдэкӀыу нэфӀ щыхуэныгъэрэ гузэгъэгъуэрэ къыфлърес.
Паул Тхьэм щӀыхь зэрыхуищӀыр икӀи зэрелъэӀур
4Тхьэм сыщелъэӀукӀэ, уи гугъу зэпымыууэ сощӀ икӀи си Тхьэм щӀыхь хузощӀ.
5Зиусхьэн ХьисэкӀэ уиӀэ фӀэщхъуныгъэмрэ Тхьэм и цӀыху лъапӀэ псоми яхууиӀэ фӀылъагъуныгъэмрэ я хъыбарыр зэхэсхащ. 6Дэ диӀэ фӀэщхъуныгъэмкӀэ гъусэ укъытхуэхъуащ. Мэссихь ди псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ, Тхьэм фӀыуэ къытхуищӀэ псори уэрэ дэрэ зэхудиӀэ благъагъэм нэхъыфӀу къыдгуригъэӀуэну солъэӀу. 7Уи фӀылъагъуныгъэмкӀэ ину сыбгъэгуфӀащ икӀи си гур бгъэзэгъащ, си къуэш, Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм я гур бгъэзэгъащи.
Онисим щхьэкӀэ Паул Филимон зэрелъэӀур
8Аращи, Мэссихь ди псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ, блэжын хуеймкӀэ унафэ пхуэсщӀыну сытегушхуэ пэтми, 9итӀани фӀылъагъуныгъэкӀэ сынолъэӀумэ нэхъ къызощтэ. Сэ, Паул, лӀыжьыр, Хьисэ Мэссихь зэрыхуэлажьэм щхьэкӀэ, лъэхъуэщым щӀадзауэ щӀэсыр, 10си къуэ Онисим щхьэкӀэ сынолъэӀу, лъэхъуэщым сыздыщӀэсым ар си къуэм хуэдэ хъуащи. 11Япэм Онисим уэркӀэ сэбэпу щытакъым#1:11 сэбэпу щытакъым – Онисим псалъэм къикӀыр «сэбэпщ»., ауэ ар иджы уэркӀи сэркӀи сэбэпщ.
12Си псэм хуэдэу фӀыуэ слъагъу хъуа а цӀыхур иджы ныпхузогъэкӀуэж. 13ХъыбарыфӀыр цӀыхухэм зэрезгъащӀэм щхьэкӀэ, лъэхъуэщым сыщӀэсыху, ар уи пӀэкӀэ дэӀэпыкъуэгъу къысхуэхъун щхьэкӀэ, си деж щызгъэӀэну сыхуейт, 14ауэ уэ хуит сумыщӀауэ ар сщӀэну сыхуеякъым, уэ уи фӀыщӀагъэм хэгъэзыхь хэмылъу, ар уи гуапэу пщӀэн щхьэкӀэ. 15Тхьэм Онисим пӀалъэкӀэ ппэӀэщӀэ щӀищӀар 16унэӀутым хуэдэу мыхъужу, атӀэ унэӀутым нэхърэ нэхъыфӀыжу, фӀыуэ плъагъу къуэшым хуэдэу, игъащӀэкӀэ бгъуэтыжыну арагъэнкӀэ хъунщ. СэркӀэ куэду лъапӀэщ, уэркӀи нэхъ лъапӀэжщ, цӀыху хуэдэу икӀи Зиусхьэныр зи псэм щыщ къуэшым хуэдэу ар зэрыщытыр.
17Сэ сыбдэлажьэу сыплъытэмэ, сэ уэ укъызэрыспегъуэкӀынум хуэдэу, абыи пегъуэкӀ. 18ЗыгуэркӀэ и ягъэ къокӀауэ щытмэ, е уи щӀыхуэ телъмэ, сэ си деж щылъагъу. 19Сэ сы-Паулщ, щӀыхуэр сэ уэстыжынщ, си ӀэкӀэ сотх, ауэ Мэссихь уи псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ си щӀыхуэ уэ зэрыптелъыр ныбжесӀэн хуейкъым. 20Аращ, си къуэш, Зиусхьэным щхьэкӀэ уи фӀагъ къызэгъэкӀ. Зиусхьэныр уи псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ си гур гъэзагъэ. 21УкъызэрызэдэӀуэнум шэч лъэпкъ къытезмыхьэу ныпхузотх. СынызэролъэӀум нэхърэ нэхъыбэ зэрыпщӀэнури сощӀэ.
22НэгъуэщӀ гуэркӀи сынолъэӀу: ХьэщӀэщ къысхуэгъэхьэзыр; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм фызэрысхуелъэӀуам папщӀэ Тхьэм сынывитыжыну сыщогугъ.
Иужьрей фӀэхъус псалъэхэр
23Мэссихь Хьисэ зэрыхуэлажьэм щхьэкӀэ лъэхъуэщым щӀадзауэ къыздыщӀэс Епафрас#1:23 Епафрас – еплъ Кол. 1:7. фӀэхъус къуехыж. 24Сэ къыздэлажьэ Марк#1:24 Марк – еплъ Кол. 4:10., Аристарх, Димас, Лука#1:24 Лука – еплъ Кол. 4:14. сыми фӀэхъус къыуахыж.
25Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и нэфӀ къыфщрехуэ. Ӏэмин.

Highlight

Copy

Compare

Share

None

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in