Еврейхэм яхуэгъэза тхылъ 2
2
2-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
Тхьэм дымыкӀуэду дыкъызэрыригъэлым и хъыбарыфӀыр
1Апхуэдэу зэрыщытым къыхэкӀкӀэ, Тхьэм и гъуэгум дытемыкӀын щхьэкӀэ, зэхэтха псалъэхэм куэду ди нэӀэ ятедгъэтын хуейщ. 2Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ мелыӀычхэм къаӀуэта псалъэхэм#2:2 мелыӀычхэм къаӀуэта псалъэхэр – Торэт хабзэр арщ. уащыгугъ хъуну къыщӀэкӀащ икӀи, хэту щытми, а псалъэхэм текӀам, е емыдэӀуам хуэфащэр Тхьэм иригъэпшыныжащ. 3Аращи, дымыкӀуэду Тхьэм дыкъызэрыригъэлым и хъыбар лъапӀэр тфӀэмыӀуэхуу дыщытмэ, дэри тхуэфащэр Тхьэм зэрыдигъэпшыныжынум дауэ дыӀэщӀэкӀыну? Езы Зиусхьэныр арщ а хъыбарыр япэ къытхуэзыӀуэтар икӀи абы къыжиӀар зэхэзыхам а хъыбарыр къытхуагъэпэжащ. 4Нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэмкӀи, Ӏуэху телъыджэхэмкӀи, лъэкӀыныгъэ зыхэлъ зэмылӀэужьыгъуэ ӀуэхушхуэхэмкӀи а хъыбарыфӀым щыхьэт техъуащ Тхьэр. Абы нэмыщӀ, Тхьэр зэрыхуеям тету, езым и Псэ ЛъапӀэм къыбгъэдэкӀыу Ӏуэху зэмылӀэужьыгъуэхэр ялэжьыну цӀыхухэм лъэкӀыныгъэхэр къаритащ.
Пашэ къытхуэхъуауэ, дымыкӀуэду дыкъезыгъэлыр Мэссихьщ
5КъэкӀуэну дунейуэ зи гугъу тщӀыр Тхьэм зи ӀэмыщӀэм кърилъхьар мелыӀычхэракъым. 6Тхьэм и псалъэ тхахэм хэту, зы щӀыпӀэ деж мыпхуэдэу щыхьэт техъуащ зыгуэр:#2:6 Тхьэм и псалъэ тхахэм яхэту … зыгуэр щыхьэт техъуащ – еплъ Уэрэд ЛъапӀэхэм (Сабур) 8:5-7.
«Уэ, Тхьэ, цӀыхур зищӀысыр сыт,
уэ абы уегупсысыну,
цӀыху лъэпкъым и къуэр зищӀысыр сыт,
уэ абы укӀэлъыплъыну?
7Ар мелыӀычхэм нэхърэ нэхъ
цӀыкӀу зытэлайкӀэ#2:7 зы тэлайкӀэ – Хьисэ мы дунейм щыщыпсэуа зэманыр аращ. пщӀащ.
ЩӀыхьышхуэмрэ лъытэныгъэшхуэмрэ
хуэбгъэфэщащ итӀанэ.
8ЩыӀэ псори абы и лъэгу щӀэбгъэуващ».
ЩыӀэ псори Тхьэм цӀыхум и лъэгу щыщӀигъэувэм, абы и лъэгу щӀимыгъэувэу зыри къигъэнакъым. Ауэ иджы псори цӀыхум и лъэгу щӀэту тлъагъуркъым. 9Хьисэ гугъуехь ишэчурэ зэрылӀам щхьэкӀэ, Тхьэм абы щӀыхьышхуэрэ лъытэныгъэшхуэрэ зэрыхуигъэфэщар долъагъу. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэкӀэ Хьисэ цӀыху псоми я пӀэкӀэ лӀэныгъэр илъагъун папщӀэ, Тхьэм ар зытэлайкӀэ мелыӀычхэм нэхърэ нэхъ цӀыкӀу ищӀащ.
10ЦӀыху куэд езым и бын хъун икӀи щӀыхьышхуэмкӀэ Ӏыхьэ къалъысын щхьэкӀэ, Тхьэуэ псори къэзыгъэщӀауэ, псори зыхущыӀэм Хьисэ гугъуехьу ишэчам хуэфащэ тепщэныгъэр абы иӀэ зэригъэхъуар къезэгъыу щытащ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ цӀыхухэр мыкӀуэду къызэрыригъэл гъуэгум тезыгъыхьэу, пашэ яхуэхъур Хьисэщ. 11ЦӀыхухэм ягухэр зыгъэкъэбзэж Хьисэрэ зи гур къабзэ хъу цӀыхухэмрэ а зы Адэ лъапӀэм и бынхэщ. Аращ Хьисэ емыкӀу имылъытэу абыхэм къуэшкӀэ щӀеджэр. 12Абы Тхьэм мыпхуэдэу жриӀащ:#2:12 Тхьэм мыпхуэдэу жриӀащ – еплъ Уэрэд ЛъапӀэхэм (Сабур) 21:23.
«Си къуэшхэм уи хъыбар езгъэщӀэнущ.
Уи цӀыхухэм я зэхуэсыми сыхэту
щӀыхьышхуэ пхуэсщӀынущ».
13Мыпхуэдэуи жиӀащ:#2:13 мыпхуэдэуи жиӀащ – еплъ Ешайа бегъымбарым и тхылъым 8:17-18.
«Тхьэм сыщыгугъынущ».
ИтӀани жиӀащ:
«Мис сэрэ Тхьэм къызита бынхэмрэ».
14А бынхэр лымрэ лъымрэ къахэхъукӀа цӀыхущ. Аращи, Хьисэи лымрэ лъымрэ къахэхъукӀа цӀыху хъуащ, лӀэныгъэм тепщэныгъэ хузиӀэ шейтаныр илӀэныгъэмкӀэ игъэкӀуэдын щхьэкӀэ, 15икӀи лӀэныгъэм зэрыщышынам папщӀэ, псэухукӀэ шейтӀаным и пщылӀу щытахэр щхьэхуит ищӀын щхьэкӀэ. 16Хьисэ зыдэӀэпыкъур мелыӀычхэракъым, Ибрэхьим къытехъукӀа цӀыхухэр#2:16 Ибрэхьим къытехъукӀа цӀыхухэр – еплъ Ешайа бегъымбарым и тхылъым 41:8-9. арщ. 17Аращи, Тхьэм хуэлажьэ дин пашэшхуэ, гущӀэгъу зиӀэ, Тхьэм хуэпэж хъун щхьэкӀэ, и къуэшхэм#2:17 и къуэшхэр – Тхьэм и бын хъуахэращ. сыт ищӀысымкӀи яхуэдэ хъун хуеящ, цӀыхухэм я гуэныхьхэр ятрихын щхьэкӀэ. 18ШейтӀаным Хьисэ гуэныхь иригъэщӀэну щыхэтым, Хьисэ гугъуехь зэришэчам щхьэкӀэ, шейтӀаным гуэныхь зригъэщӀэну зыхэт цӀыхухэм ядэӀэпыкъун лъэкӀынущ.
Currently Selected:
Еврейхэм яхуэгъэза тхылъ 2: KbdNTGP2017
Highlight
Copy
Compare
Share
Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017