1 Мусэ 41
41
Исуф фирхьэуным и пщӀыхьэпӀэхэм къикӀыр зэрыгуригъэӀуар
1ИлъэситӀ дэкӀа нэужь, фирхьэуным пщӀыхьэпӀэу мыр илъэгъуащ: мис, ар Ӏутщ Нил псым и Ӏуфэм. 2Еплъурэ, къыхэкӀащ псым жэмибл, теплъафӀэрэ пшэрхэу, щыхъуакӀуэрт ахэр псыпцӀэ къамылым деж. 3ИтӀанэ абыхэм я ужькӀэ къыхэкӀащ псым нэгъуэщӀ жэмибли, теплъаджэрэ уэдыкъуауэ, ябгъурыуващ ахэри псы Ӏуфэм Ӏут адрей жэмхэм. 4Жэм теплъаджэ уэдыкъуахэм яшхащ жэм теплъафӀэ пшэриблыр. Фирхьэуныр абдеж къэушащ. 5Жеижащ аргуэру, епщӀыхьащ ар аргуэру: зы щхьэмыжыпкъым къыпыкӀащ щхьэмыжибл, щызрэ бэву. 6Абыхэм я ужькӀэ къэкӀащ щхьэмыжибл, теплъаджэрэ къуэкӀыпӀэ жьыбгъэм ипхъэхауэ. 7Абдеж яшхащ щхьэмыж уэдхэм щхьэмыж щызхэр. Фирхьэуныр къэушыжри, къыгурыӀуащ ар зэрыпщӀыхьэпӀэр.
8Пщэдджыжьым къэпӀейтеящ абы и псэр, игъакӀуэри, къригъэшащ Мысырым и тхьэгурымагъуэхэри цӀыху акъылыфӀэхэри, яхуиӀуэтащ фирхьэуным абыхэм езым и пщӀыхьэпӀэр; ауэ къахэкӀакъым абыхэм пщӀыхьэпӀэм къикӀыр фирхьэуным къыжезыӀэфын гуэри. 9Абдеж къэпсэлъащ фирхьэуным и фадэзехьэр, жриӀащ фирхьэуным:
– Си гуэныхьыр сигу къокӀыж иджы. 10Зэгуэрым фирхьэуныр и унэӀутхэм къытхуэгубжьри, дыщӀригъэдзат сэри щӀакъуэгъажьэ нэхъыщхьэри хьэпсым. 11Тлъэгъуат дэ пщӀыхьэпӀэ а зы жэщым, щхьэж езым и пщӀыхьэпӀэ, мыхьэнэкӀэ зэтемыхуэу. 12Абдежым щыӀэт ди гъусэу журт щӀалэ, щхьэхъумэхэм я Ӏэтащхьэм и унэӀутыр. Щхьэж и пщӀыхьэпӀэр хуэтӀуэтати, абы къыджиӀащ щхьэж и пщӀыхьэпӀэм къикӀыр. 13Абы пщӀыхьэпӀэхэр къызэрытхузэхихуам хуэдэуи хъуащ: сэ си увыпӀэм къызагъэгъэзэжащ; щӀакъуэгъажьэ нэхъыщхьэр палъащ.
14Абдеж фирхьэуным игъакӀуэри, къригъэшащ Исуф; епӀэщӀэкӀыу кърашыжащ ар хьэпсым. Абы и щхьэцхэр ищщ, и щыгъынхэр зэрихъуэкӀри, кӀуащ фирхьэуным деж. 15Фирхьэуным Исуф жриӀащ:
– Сэ пщӀыхьэпӀэ слъэгъуащи, щыӀэкъым ар схузэхэзыхуфын гуэри, ауэ уэр щхьэкӀэ зэхэсхащ пщӀыхьэпӀэхэр зэхэпхуфу.
16Исуф фирхьэуным жэуап иритащ, мыр жиӀэри:
– Ар сэ си Ӏэ илъкъым, Тхьэм къритынщ фирхьэуным жэуап, абы и сэбэп къыхэкӀыу.
17ЖриӀащ, арати, фирхьэуным Исуф:
– Сэ сепщӀыхьащ: сытетщ сэ псым и нэпкъым. 18Абы сытетурэ къыхэкӀащ псым жэмибл, пшэррэ теплъафӀэу; щыхъуакӀуэрт ахэр псыпцӀэ къамылым деж. 19Абыхэм я ужькӀэ къыхэкӀащ нэгъуэщӀ жэмибл, Ӏейуэ, икъукӀэ теплъаджэрэ уэдыкъуахэу; сэ щыслъэгъуакъым Мысыр щӀыналъэм абыхэм хуэдэу Ӏей. 20Яшхащ абдеж жэм уэдхэм икӀи теплъаджэхэм жэм пшэриблыр. 21Ихьащ жэм пшэрхэр абыхэм я ныбэхэм, ауэ хэпщӀыкӀыртэкъым ахэр абыхэм я ныбэхэм ихьауэ. Ахэр япэм зэрыщытам хуэдэу, я теплъэкӀэ зэрыӀейт. Абдеж сэ сыкъэушащ. 22ИтӀанэ сэ сепщӀыхьащ: зы щхьэмыжыпкъым къыпыкӀащ щхьэмыжибл, щызу икӀи уэндэгъуу. 23Ауэ абыхэм я ужькӀэ къэкӀащ щхьэмыжибл, псыгъуэу, уэдрэ къуэкӀыпӀэ жьыбгъэм ипхъэхауэ. 24Яшхащ щхьэмыж уэдхэм щхьэмыжыфӀиблыр. Сэ ар яхуэсӀуэтат тхьэгурымагъуэхэм, ауэ зыми къысхузэхихуфакъым къикӀыр.
25ЖриӀащ Исуф фирхьэуным:
– Фирхьэуным и пщӀыхьэпӀэр зыщ: Тхьэм Езым ищӀэнумкӀэ хъыбар къригъэщӀащ фирхьэуным. 26ЖэмыфӀу блыр илъэсиблщ; щхьэмыжыфӀу блыри – ар илъэсиблщ: зы пщӀыхьэпӀэщ. 27Жэм уэдрэ теплъаджэу блыр, адрейхэм я ужькӀэ къыхэкӀахэр – ар илъэсиблщ, апхуэдэуи уэдрэ къуэкӀыпӀэ жьыбгъэм ипхъэхауэ щхьэмыжиблыр – ар гъаблэ илъэсиблщ. 28Аращ сэ щӀыжесӀар фирхьэуным: Тхьэм ищӀэнур Абы къригъэлъэгъуащ фирхьэуным.
29КъокӀуэ Мысыр щӀыналъэ псом бэвагъ ин дыдэ щыщыӀэну илъэсиблыр. 30Абыхэм я ужькӀэ къэкӀуэнущ гъаблэ илъэсиблыр; щащыгъупщэжынущ Мысыр щӀыналъэм а бэвыгъэр, зэхикъутэнущ хэкур гъаблэм. 31Ящыгъупщэжынущ ипэрей бэвыгъэр, къэкӀуэну гъаблэм къыхэкӀыу, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ар икъукӀэ хьэлъэу щытынущ. 32Фирхьэуным тӀэунейрэ а пщӀыхьыр зэрилъэгъуам къокӀ ар хьэкъыу Тхьэм и псалъэу зэрыщытыр икӀи щӀэх дыдэ Тхьэм ар зэригъэзэщӀэнур.
33Иджы фирхьэуным лӀы акъылыфӀэ Ӏущ къыхрехи, трырегъэувэ ар Мысыр щӀыналъэм. 34Фирхьэуным унафэ ирещӀ кӀэлъыплъакӀуэхэр щӀыналъэм трагъэувэну икӀи бэвыгъэ щыщыӀэну илъэсиблым и кӀуэцӀкӀэ Мысыр щӀыналъэм къытекӀым щыщу Ӏыхьэ етхуанэр зэхуахьэсыну. 35Абыхэм кърещтэ мы илъэсыфӀ къакӀуэхэм я гъавэ сыт хуэдэри. Фирхьэуным и нэӀэм щӀэту къалэхэм ар щызэхурахьэс ерыскъыпхъэуи, ирырахъумэ. 36Хуэхъунщ хэкум а гъавэр гъэтӀылъыгъэ Мысыр щӀыналъэм къытепсыхэну гъаблэ илъэсиблым и кӀуэцӀкӀэ, щӀыналъэр гъаблэм имыхьын папщӀэ.
Исуф фирхьэуным и къуэдзэ зэрыхъуар
37Ар ягу ирихьащ фирхьэунми абы и къулыкъущӀэ псоми. 38ЯжриӀащ фирхьэуным абыхэм:
– Дгъуэтыну пӀэрэ дэ мыбы хуэдэу Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр зигу илъ нэгъуэщӀ цӀыху?
39ЖриӀащ фирхьэуным Исуф:
– А псори Тхьэм уэ къыщызэпхуӀуихакӀэ, щыӀэкъым уэ пхуэдэу акъылыфӀэрэ Ӏущрэ; 40Уэ уритетынущ си унэм, уи унафэхэми къедэӀунущ си лъэпкъ псор; ауэ пащтыхьыгъэкӀэ сэ зырщ уэ нэхърэ нэхъ ину щытынур.
41АдэкӀи жриӀащ фирхьэуным Исуф:
– Мис, сэ утызогъэувэ уэ Мысыр щӀыналъэ псом.
42Фирхьэуным и Ӏэм пащтыхь мыхъур зытет Ӏэлъыныр къыӀэрихри ирилъхьащ Исуф и Ӏэм; ихуэпащ ар щыгъын хужь лъапӀэхэмкӀэ, ирилъхьащ дыщэ лэрыпсыр абы и пщэм. 43Унафэ ищӀащ ар езым и шыгухэм ящыщу етӀуанэмкӀэ яшэну, икӀи абы и пэм иту ягъэӀуну: «Щхьэщэ фщӀы»! Арати, трагъэуващ ар Мысыр щӀыналъэ псом.
44ЖриӀащ фирхьэуным Исуф:
– Сэ сыфирхьэунщ: уи Ӏизыныншэу зыми щигъэхъеинукъым и Ӏэри лъэбэкъуи щидзынукъым Мысыр щӀыналъэ псом.
45ФӀищащ фирхьэуным Исуф цӀэуэ Цафэнат-ПанэӀахь; иритащ абы фызу Асэнат, Он къалэм щыщ тхьэгъэпс Потиферахь и пхъур. Мысыр щӀыналъэ псори Исуф и Ӏэ илъ хъуащ. 46Исуф илъэс щэщӀ хъурт ар Мысыр пащтыхьым, фирхьэуным, и пащхьэм щихьам щыгъуэ. Исуф фирхьэуным и пащхьэм икӀри, къикӀухьащ Мысыр щӀыналъэ псори.
47ЩӀыгуми бэвыгъэ щыщыӀэ илъэсиблым щыгъуэ зы хьэдзэр игъэбагъуэрт зы ӀэмыщӀэ изу. 48Илъэсиблым Мысыр щӀыналъэм бэв щыхъуа сыт хуэдэ гъавэри зэхуихьэсри, щигъэтӀылъащ Исуф гъавэр къалэхэм; дэтхэнэ къалэми щигъэтӀылъащ ар къэзухъуреихь губгъуэхэм я гъавэр. 49Зэхуихьэсащ Исуф гъавэр икъукӀэ куэду, хы пшахъуэм хуэдэу, ар ибжыни щигъэтыжащ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ къыпхуэлъытэнутэкъым и бжыгъэр.
50Гъаблэ илъэсхэр къэмыс щӀыкӀэ, Исуф къыхуэхъуащ къуитӀ; ахэр къилъхуащ Он къалэм щыщ тхьэгъэпс Потиферахь ипхъу Асенат. 51ФӀищащ Исуф и щыпэлъхум цӀэуэ Мынасэ#41:51 Мынасэ – пасэрей журтыбзэкӀэ абы къикӀыр: лӀыгъэкӀэ щыбгъэгъупщэн.; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ, жиӀэрт абы, Тхьэм сщигъэгъупщащ си гуауэ псори си адэм и унэри. 52Адрейми фӀищащ цӀэуэ Ефраим#41:52 Ефраим, – пасэрей журтыбзэкӀэ абы къикӀыр: фӀыгъэ къыпыкӀын., сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ, жиӀэрт абы, гугъуехь щысщэч щӀыналъэм фӀы къыспыкӀыну Тхьэм сыщищӀащ.
53Ауэрэ блэкӀащ Мысыр щӀыналъэм щыщыӀа бэвыгъэ илъэсиблыр. 54АдэкӀэ къэсащ гъаблэ илъэсиблыр, Исуф зэрыжиӀэгъам хуэдэу. Щыгъаблэт щӀыналъэ псом; ауэ Мысыр щӀыналъэ псом щыӀэт гъавэ. 55Мысыр щӀыналъэ псоми гъаблэр къыщыщхьэщыхьэм, цӀыхубэм щӀадзащ фирхьэуным гъавэ щхьэкӀэ хуэпыхьэу. ЯжриӀащ фирхьэуным мысыр цӀыху псоми:
– Исуф деж фыкӀуи, фщӀэ абы къывжиӀэр.
56Щыгъаблэт щӀылъэ псом: арати, гуэнхэр псори къызэӀуихри, Исуф щӀидзащ мысыр цӀыхухэм гъавэр ярищэу. Гъаблэр нэхъ ткӀий щыхъурт Мысыр щӀыналъэм. 57Адрей къэралхэм къикӀыурэ, къакӀуэрт Мысырым, Исуф деж гъавэ щащэхун папщӀэ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ гъаблэр нэхъри ткӀий щыхъурт щӀылъэм.
Currently Selected:
1 Мусэ 41: KbdNTGP2017
Highlight
Copy
Compare
Share
Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017