1 Мусэ 40
40
Исуф лъэхъуэщым къыдыщӀэсхэм я пщӀыхьэпӀэхэм къикӀыр зэрагуригъэӀуар
1Абы и ужькӀэ мысыр фирхьэуным и фадэзехьэмрэ и щӀакхъуэгъажьэмрэ къуаншагъэ щалэжьащ я зиусхьэну мысыр фирхьэуным и пащхьэм. 2Яхуэгубжьащ, арати, фирхьэуныр и блыгущӀэтитӀым: фадэзехьэ нэхъыщхьэмрэ щӀакхъуэгъажьэ нэхъыщхьэмрэ. 3Иритащ ахэр щхьэхъумэхэм я Ӏэтащхьэм, Исуф зрадза хьэпсым. 4Щхьэхъумэхэм я Ӏэтащхьэм ахэр Исуф и пщэ ирилъхьати, ар хуэӀуэхутхьэбзащӀэрт абыхэм. Исащ ахэр хьэпсым зэман зыбжанэкӀэ. 5Хьэпсым ирадзахэм, мысыр фирхьэуным и фадэзехьэмрэ и щӀакхъуэгъажъэмрэ, зэгуэрым ялъэгъуащ пщӀыхьэпӀэхэр, щхьэж езым и пщӀыхьэпӀэ, тӀуми зы жэщым, щхьэж и пщӀыхьэпӀэм къикӀыр щхьэхуэу. 6Пщэдджыжьым абыхэм Исуф къахыхьати, илъэгъуащ ахэр гузэвэгъуэм зэрыхэтыр.
7ЕупщӀащ абдеж езым и гъусэу хьэпсым ис фирхьэун блыгущӀэтхэм:
– Щхьэ фи нэгухэр зэхэуфа нобэ? – жиӀэри.
8Абыхэм къыжраӀащ:
– Дэ тлъэгъуащ пщӀыхьэпӀэ, ауэ къикӀыр къыджезыӀэн щыӀэкъым.
– ПщӀыхьэпӀэхэр зэхэхуныр Тхьэр аракъэ зи Ӏуэхур? – яжриӀащ абыхэм Исуф. – КъысхуэфӀуатэ сэ ахэр.
9Абдеж фадэзехьэ нэхъыщхьэм и пщӀыхьыр хуиӀуэтащ Исуф, жриӀащ абы мыпхуэдэу:
– Сэ сепщӀыхьащ жызумей къуэпс си пащхьэм къилъу; 10А къуэпсым къудамищ тетт. Ар хэхъуащ, гъэгъахэр къыпидзащ, жызумри хъуащ. 11Фирхьэуным и фалъэр ӀэщӀэтт си Ӏэм. Сэ жызумыр къасщтэри, фирхьэуным и фалъэм испӀытӀыхьащ, итӀанэ ӀэщӀэслъхьащ фалъэр фирхьэуным.
12– Абы къикӀыращи, – жриӀащ Исуф абы, – къудамищыр махуищщ. 13Махуищ дэкӀмэ, фирхьэуным уиутӀыпщыжынурэ уи увыпӀэу щытам уигъэгъэзэжынущ, япэм зэрыпщӀэу щытам хуэдэуи ӀэщӀэплъхьэнущ фалъэр фирхьэуным. 14Уигу сыкъэгъэкӀыж атӀэ, уи Ӏуэхухэр фӀы хъуа нэужь, фӀы къысхуэщӀэ, фирхьэуным си гугъу хуэщӀи, сишыж мы хьэпсым. 15Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ сэ сыкърадыгъукӀащ журт щӀыналъэм; мыбы хьэпсым сыщӀрадзэн зыри щысщӀакъым.
16ЩӀакхъуэгъажьэ нэхъыщхьэм абы пшӀыхьэпӀэр фӀыкӀэ зэрызэхихур илъэгъуати, къыжриӀащ Исуф:
– Сэри мыпхуэдэу сепщӀыхьащ: си щхьэм тет хуэдэт щӀакхъуэ хужь зрылъ матэ хъарищ; 17Ищхьэ дыдэм тет матэм илът фирхьэуным и шхыныгъуэу щӀакхъуэгъажьэм и ӀэрыкӀ сыт хуэдэри; къуалэбзухэм яуӀурт ахэр, си щхьэм тет матэм здилъым.
18Исуф жэуап къитри, жиӀащ:
– Абы къикӀыращ: матищыр махуищщ; 19Махуищ дэкӀмэ, фирхьэуным уи щхьэр пиупщӀынурэ упилъэнущ жыгым; къуалэбзухэми яуӀунущ уи лыр.
20Ещанэ махуэм, фирхьэуныр къыщалъхуа махуэм, абы ищӀащ ефэ-ешхэ и къулыкъущӀэхэм папщӀэ, абдеж игъакӀуэри, хьэпсым къыщӀригъэщыжащ езым и къулыкъущӀэхэм ящыщу фадэзехьэмрэ щӀакхъуэгъажьэмрэ; 21Арати, къригъэгъэзэжащ фадэзехьэ нэхъыщхэм и увыпӀэм, икӀи абы ӀэщӀигъэуващ фадэ бжьэр фирхьэуным. 22Ауэ щӀакхъуэгъажьэ нэхъыщхьэр пилъащ, Исуф абы и пщӀыхьэпӀэр къызэрыхузэхихуауэ. 23АрщхьэкӀэ фадэзехьэ нэхъыщхьэм игу къэкӀыжакъым Исуфыр, щыгъупщэжащ ар.
Currently Selected:
1 Мусэ 40: KbdNTGP2017
Highlight
Copy
Compare
Share
Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017