1 Мусэ 39
39
Исуфрэ Потифар и фызымрэ
1Исуф яшащ Мысырым; ар абы зыша исмэхьил цӀыхухэм я деж Исуф щищэхуащ Мысырым щыщ цӀыху Потифар, фирхьэуным и блыгущӀэтым, фирхьэуным и щхьэхъумэхэм я Ӏэтащхьэм. 2Исуф Зиусхьэным щӀыгъути, абы и Ӏуэхухэр къехъулӀэрт. Щыпсэурт ар и зиусхьэным, мысыр цӀыхум, и унэм. 3Арати, къилъэгъуащ абы и тепщэм Зиусхьэныр абы зэригъусэр, абы сыт ищӀэми, Зиусхьэным ар къызэрыригъэхъулӀэр. 4Арати, Исуф и тепщэр нэфӀкӀэ къызригъэплъащ, къулыкъу хуищӀэрт абы. ИкӀи ищӀащ тепщэм ар езым и унэм и тет, иӀэ псори абы и ӀэмыщӀэм ирилъхьащ. 5Абы ар езым и унэми, иӀэ псоми я тет щищӀа зэманым къыщыщӀэдзауэ Зиусхьэным и нэфӀ щигъэхуащ мысыр цӀыхум и унэм, Исуф и хьэтыркӀэ; Зиусхьэным и нэфӀ тетт иджы абы и унэми губгъуэми щиӀэ псоми. 6Арати, ирилъхьащ абы езым иӀэ псори Исуф и ӀэмыщӀэм; ар щыӀэхукӀи, щыгъуэзакъым зыми, езым ишх щӀакхъуэм фӀэкӀа.
Исуфи езыр дахэт пкъыкӀи, дахэт нэкӀукӀи. 7Исуф и зиусхьэным и фызым и нэ къыфӀэнэри, къыжриӀащ:
– КъысхуэкӀуэ жэщгъуэлъу.
8Ауэ абы имыдэу жриӀащ и зиусхьэным и фызым:
– Си зиусхьэныр зыкӀи гумэщӀыркъым, езым иӀэ псори си ӀэмыщӀэ кърилъхьащи; 9ЩыӀэкъым мы унэм сэ нэхърэ нэхъ ин; абы зыри къыспиубыдыркъым, уэ зыр мыхъумэ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ уэ абы урифызщ; атӀэ сэ дауэ злэжьын а Ӏеягъэ ин дыдэр, дауэ гуэныхьи къыщысхьын Тхьэм и пащхьэ?
10Апхуэдэу махуэ къэс абы Исуф къыжриӀэу, мыдрейми абы дэгъуэлъын икӀи абы и гъусэну имыдэу екӀуэкӀыурэ, 11къэхъуащ мыр зы махуэ гуэрым, ар щӀыхьащ унэм, Ӏуэху гуэр ищӀэну, унэӀут цӀыхухъу гуэри унэм щӀэстэкъым. 12Бзылъхугъэм иубыдщ абы и щыгъын къуакӀэри, къищтэри жиӀащ:
– Къэгъуэлъ си гъусэу.
Ауэ Исуф и щыгъыныр абы къыӀэщӀинэри, щӀэжыжащ. 13Мыдрейми абы и щыгъыныр къыӀэщӀинэу зэрыщӀэжыжар къыщилъагъум, 14и унэӀут цӀыхухъухэр къриджэри, яжриӀащ абыхэм мыпхуэдэу:
– Феплъыт, си тхьэмадэм къытхуишащ журтыр, дэ дигъэпудын папщӀэ. Ар къыщӀыхьат си деж къыздэгъуэлъыну; ауэ сэ сыкӀиящ си макъ къызэрихькӀэ; 15Сыгъуахъуэу зэрыщӀэздзар сызэрыкӀийр щызэхихым, и щыгъыныр си деж къыщӀинэри жэрыгъэкӀэ щӀэжыжащ ар.
16КъыщӀинащ бзылъхугъэм и пэшым Исуф и щыгъыныр, и зиусхьэныр унэм къэкӀуэжыху. 17ХуиӀуэтэжащ абыи а псалъэ дыдэхэр, мыр жиӀэурэ:
– Журт унэӀуту уэ къытхуэпшар къыщӀыхьат си деж, лей къызихыну. 18Ауэ сэ пыхьэр щысӀэтым икӀи сыщыкӀийм, абы и щыгъыныр си деж къыщӀинэри, щӀэпхъуэжащ.
19– Апхуэдэу къызищӀащ уи унэӀутым, – жиӀэу езым и фызым къыжриӀа псалъэхэр зиусхьэным щызэхихым, къызэщӀэнащ губжькӀэ; 20Зиусхьэным Исуф иригъэубыдри, щӀригъэдзащ ар хьэпсым, фирхьэуным и гъэрхэр здэщыӀэм.
Арати, къихутащ Исуф хьэпсым. 21Зиусхьэныр и гъусэти, и фӀыгъэ Исуф къригъэкӀащ, нэфӀкӀэ иригъэплъащ абы хьэпсым и тетыр. 22Арати, хьэпсым и тетым ирилъхьащ Исуф и ӀэмыщӀэм хьэпсым ис псори, икӀи абдежым сыт щащӀэми, ар щыунафэщӀт. 23Хьэпсым и тетыр уеблэмэ зыми кӀэлъыплъыртэкъым, абы сыт и ӀэмыщӀэм илъми; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Зиусхьэныр Исуф и гъусэти, абы сыт илэжьми, псори къригъэхъулӀэрт.
Currently Selected:
1 Мусэ 39: KbdNTGP2017
Highlight
Copy
Compare
Share
Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017