YouVersion Logo
Search Icon

1 Мусэ 33

33
Екъуб Эсау зэрыхуэзар
1Екъуб щыплъэм къилъэгъуащ: къокӀуэ Эсау, и гъусэщ абы цӀыху щиплӀ. Щхьэхуэ-щхьэхуэ ищӀащ Леаи, Рахэли, унэӀут бзылъхугъитӀми я сабийхэри. 2ИкӀи иригъэуващ унэӀут бзылъхугъэхэмрэ абыхэм я сабийхэмрэ япэ, Леарэ абы и сабийхэмрэ абыхэм я ужьым, Рахэлрэ Исуфрэ абыхэм я ужьыж. 3Езыр абыхэм япэ иту ежьэри, щхьэщэ ищӀащ щӀыгум нэсу блэнейрэ, и къуэшым щыбгъэдыхьэм.
4Эсау къыпежажьэри ӀэплӀэ къыхуищӀащ, и пщэми зыкъришэкӀащ, баи къыхуищӀащ, икӀи гъащ ахэр. 5Эсау къаплъэри, фызхэри сабийхэри къыщилъагъум, жиӀащ:
– Хэт мы уи гъусэхэр?
– Тхьэм и гущӀэгъукӀэ уи унэӀутым кърита бынхэрщ, – жиӀащ Екъуб.
6ИтӀанэ унэӀут бзылъхугъэхэри абыхэм я бынхэри къыбгъэдыхьэри щхьэщэ къыхуащӀащ Эсау. 7Абы и ужькӀэ Леаи абы и сабийхэми къыбгъэдыхьэри щхьэщэ къыхуащӀащ. ИкӀэм икӀэжым Исуфрэ Рахэлрэ къыбгъэдыхьэри щхьэщэ къыхуащӀащ.
8ЖиӀащ абы щыгъуэ Эсау:
– Мы сыкъызыхуэза къомыр сыт?
– Уэ си зиусхьэныр нэфӀкӀэ укъызэплъын папщӀэ, –
жиӀащ Екъуб.
9Эсау жиӀащ:
– Сэ сиӀэр ирикъунщ, си къуэш; ууейр уэ зигъэӀэж.
10– Хьэуэ, – жиӀащ Екъуб, – уэ нэфӀкӀэ укъызэплъмэ, сӀых сэ къызбгъэдэкӀ тыгъэр; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ сэ слъэгъуащ уи напэр, Тхьэ напэр зыгуэрым илъэгъуам ещхьу, уэри укъысхуэгуэпащ. 11Нащтэ си тыгъэу уэ къыпхуэсхьар; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и нэфӀкӀэ къызитауэ сиӀэщ сэ псори.
Арати, къытригъэхьэщ ари, абы Ӏихащ.
12– ЗытӀэтынщи, дежьэнщ, – жиӀащ абы и ужькӀэ Эсау, – сэ сыкӀуэнщ уяпэ ситу.
13Екъуб жриӀащ абы:
– Си зиусхьэным ещӀэ сабийхэр зэрыгуащӀэмащӀэр, си Ӏэщ цӀыкӀури инри къашу зэрыщытри: ар махуэ енкӀэ пхумэ, зэтелӀэнущ псори. 14Си зиусхьэныр ирекӀуэ езым и унэӀутым япэ иту, ауэ сэ си япэм Ӏэщу итыр зэрыкӀуэм хуэдэу, икӀи сабийхэр зэрыкӀуэм хуэдэу, хуэму сыкӀуэурэ секӀуэлӀэнщ си зиусхьэным деж Сеир щӀыналъэм.
15– Сэ сщӀыгъу цӀыхухэм щыщ зыбжанэ къыпхуэзгъэнэнщ, – жиӀащ Эсау.
– Сытым щхьэкӀэ? – жиӀащ Екъуб, – Си зиусхьэныр нэфӀкӀэ къызэплъыну аркъудейщ сэ сызыхуейр!
16Арати, игъэзэжащ Эсау а махуэ дыдэм езым и гъуэгукӀэ Сеир. 17Ауэ Екъуб Суккот иунэтӀри щиухуащ абы унэ, и Ӏэщхэм папщӀэ ищӀащ пщыӀэхэр. Абы къыхэкӀкӀи фӀищащ а щӀыпӀэм цӀэуэ Суккот#33:17 Суккот – абы къикӀыр: шэтырщ..
18Екъуб Паддан-Арам къикӀыжри, бэӀутӀэӀуншэу къэсащ Ханаан щӀыналъэм ит Щэхэм къалэм, икӀи щытӀысащ къалэ гупэм деж. 19ИкӀи езым и шэтыр здригъэува щӀыгуу губгъуэм щыщыр къыщищэхуащ Щэхэм и адэ Хамор и къуэхэм я деж ахъшищэкӀэ. 20Абдежым къурмэнщӀыпӀэ щигъэуври, елъэӀуащ Зиусхьэну Израил и Тхьэм.

Currently Selected:

1 Мусэ 33: KbdNTGP2017

Highlight

Copy

Compare

Share

None

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in