ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Галатие хэкум исхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 5
5
5-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
Мэссихь щхьэхуитыныгъэ къызэрыдитар
1Аращи, Мэссихь къывита щхьэхуитыныгъэм быдэу фытет, пщылӀыгъэм и бжьыр цӀыхухэм аргуэру зытревмыгъэлъхьэж.
2Сэ, Паул, нывжесӀэм федаӀуэ, цӀыхухэм сунэт зевгъэщӀмэ, Мэссихь и фӀагъ къывэкӀынукъым. 3Иджыри щыхьэт сохъу, сунэт зезыгъэщӀ дэтхэнэми Торэт хабзэм ит псори игъэзэщӀэн хуейщ. 4Фэ Торэт хабзэм итхэр вгъэзащӀэмэ, Тхьэм щыпкъагъэ фиӀэу филъытэн фи гугъэжурэ, Мэссихь фыбгъэдэкӀащ. Тхьэм и нэфӀи къыфлъэӀэсыжыркъым. 5Дэ фӀэщхъуныгъэ зэрыдиӀэм щхьэкӀэ Тхьэм щыпкъагъэ диӀэу дызэрилъытэнум дыщогугъэ. Апхуэдэу зэрыхъунум Тхьэм и Псэ ЛъапӀэми дыщегъэгугъ. 6Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Мэссихь Хьисэ ди псэм щыщмэ, сунэт дащӀауэ щытми щымытми, аракъым Ӏуэхур зытетыр. Ӏуэхур зытетыр ди фӀэщхъуныгъэм фӀылъагъуныгъэ къызэрыхэкӀыр арщ.
7Гъуэгу захуэм хъарзынэу фрикӀуэрт. Щыпкъагъэм фримыгъэдаӀуэу, хэт фэ къыфпэрыуар? 8Апхуэдэу фэзыгъэщӀар зи бынхэм ящыщ фыхъуну фыкъыхуезыджа Тхьэр аркъым. 9«Пщагъэ мащӀэми тхьэв псор егъэтэдж». 10Зиусхьэныр ди псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ, Ӏуэхухэр сэ зэрызэхэсщӀыкӀым хуэдэу, фэри зэхэфщӀыкӀынкӀэ сыфщогугъ. Хэтуи щрет, фызыгъэгулэзым и къуаншагъэм пэкӀур игъуэтыжынущ. 11Си къуэшхэ, цӀыхухэр сунэт ящӀауэ щытын хуейуэ иджы яжесӀамэ (сэ жысӀауэ жаӀэу, цӀыхухэм пцӀы къызэрыстралъхьэм хуэдэу), сыт цӀыхухэм гугъу иджыри сыщӀрагъэхьыр? ЦӀыхухэр сунэт ящӀауэ щытын хуейуэ яжесӀатэмэ, абы щыгъуэ Хьисэ жорым зэрыкӀэрылӀыхьам и хъыбарым цӀыхухэм я гу иримыхьын гуэри къыхэнэнтэкъым. 12Фызыгъэгулэзхэр лъэныкъуэ ирагъэзакӀэщэрэт!
13Си къуэшхэ, щхьэхуитыныгъэ фиӀэну Тхьэм фыкъыхуриджащ. Ауэ щхьэхуитыныгъэр фи гуэныхьыщӀэ щэныжьыр зыщӀэхъуэпс Ӏейр фщӀэнымкӀэ лъабжьэ иремыхъу. Зыр зым фӀылъагъуныгъэкӀэ ӀуэхутхьэбзащӀэ хурехъу. 14Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Торэт хабзэм ит псори мы зы унафэ закъуэм#5:14 мы унафэ закъуэр – еплъ 3 Мусэ 19:18. къеубыд: «Уэ уи щхьэр фӀыуэ зэрыплъагъум хуэдэу, уи гъунэгъури фӀыуэ лъагъу». 15Ауэ зэпымыууэ фызэдзэгъуу икӀи фызэрышхыу щытмэ, зыр зым зэримыгъэкӀуэдыным фыхуэсакъ.
Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм къыбгъэдэкӀ фӀыхэмрэ цӀыхум и гуэныхьыщӀэ щэныжьым къыхэкӀ Ӏейхэмрэ
16Аращи, нывжызоӀэ: Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм къызэриущийм тету фыпсэу. Фи гуэныхьыщӀэ щэныжьыр зыщӀэхъуэпсым фыдишэхынукъым абы щыгъуэ. 17ЦӀыхум и гуэныхьыщӀэ щэныжьыр зыхуейр Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр зыхуейм поув. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр зыхуейри цӀыхум и гуэныхьыщӀэ щэныжьыр зыхуейм поув. Фызыхуейр фымыщӀэфыну ахэр зэпоув. 18Ауэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм фызэриущийм тету фыпсэумэ, Торэт хабзэм и тепщэныгъэм фыщӀэтыжынукъым.
19ЦӀыхум и гуэныхьыщӀэ щэныжьым къыхэкӀ Ӏейхэр нахуэщ. Мыхэращ: Зинэ щӀэныр, гуфӀеягъэр, мыхъумыщӀэ псэукӀэр; 20тхьэ нэпцӀхэр гъэлъэпӀэныр, удыгъэ зехьэныр, зэбииныр, зэщыхьэныр, фыгъуэныр, губжьыныр, цӀыхум езым фӀэкӀа зыри фӀыуэ имылъагъуныр, зэгурымыӀуэныр, гуп-гупу зэхэкӀыныр, 21зым зыр илъагъу мыхъуныр, цӀыху укӀыныр; удэфэныр, щхьэрутӀыпщу ефэ-ешхэ щӀыныр, апхуэдэ нэгъуэщӀ Ӏуэхухэри. Нэхъапэм нызэрывжесӀам хуэдэу иджыри нывжызоӀэ, апхуэдэ икӀагъэхэр зылэжьхэм Тхьэм и ТепщэныгъэшхуэмкӀэ Ӏыхьэ къалъысынукъым.
22Ауэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм къыбгъэдэкӀ фӀыхэр мыращ: ФӀылъагъуныгъэр, гуфӀэгъуэр, гузэгъэгъуэр, шыӀэныгъэр, фӀыгъуэр, гущӀэгъуныгъэр, фӀэщхъуныгъэр, 23гущабагъэр, зышыӀэныгъэр. Мы Ӏуэхухэм къапэув хабзэ щыӀэкъым. 24Мэссихь зи псэм щыщ цӀыхухэм я гуэныхьыщӀэ щэныжьри, фӀыуэ ялъэгъуа бзаджагъэхэри, я хъуэпсэныгъэ мыхъумыщӀэхэри, зыщӀэхъуэпса Ӏейхэри жорым ираӀулӀащ. 25Тхьэм и Псэ ЛъапӀэращ гъащӀэ къыдэзытар, абы дызэриущийм тету дыпсэун хуейщ. 26ДыкъызыфӀэщӀыжу, дызэрыгъэгубжьу икӀи зыр зым дефыгъуэу дыщывмыгъэт.
Highlight
Copy
Compare
Share
Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017