ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Галатие хэкум исхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 4
4
4-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
1Сэ жыхуэсӀэр мыращ: Адэм и мылъкур къызыхуэнэну къуэр цӀыкӀуху, мылъку псори абы лъысынуми, ар унэӀутым хуэдабзэщ. 2Абы зи нэӀэ тет цӀыхухэмрэ и мылъкур зезыхьэхэмрэ яхуэӀурыщӀэн хуейщ, и адэм игъэува махуэм нэсыху. 3Апхуэдэу, Тхьэм и ӀуэхухэмкӀэ дэри цӀыкӀуу дыщыщытам, мы дунейм теухуауэ цӀыхухэм яӀэ къызэрыгуэкӀ еплъыкӀхэм драпщылӀащ. 4Ауэ пӀалъэр нэса нэужь, Тхьэм езым и Къуэр къигъэкӀуащ. Ар цӀыхубзым къыщӀэхъуащ, Торэт хабзэм и тепщэныгъэм щӀэтащ. 5Тхьэм ар къыщӀигъэкӀуар абы Торэт хабзэм и тепщэныгъэм щӀэтхэр къыщӀишыжу, я щхьэхэр ищэхужын папщӀэщ, Тхьэм дэ псори и бын хуэдэу дилъытэн щхьэкӀэ. 6Тхьэм фызэрибыным щхьэкӀэ абы и Къуэм и Псэ ЛъапӀэу «Аббэ,#4:6 Аббэ – «адэ» жиӀэу арщ. ди Адэ!» жызыӀэу фи гум кърилъхьащ. 7Аращи, уэ уунэӀутыжкъым, атӀэ къуэ ухъуащ. Къуэ узэрыхъуам щхьэкӀэ Тхьэм и бынхэм ӀыхьэфӀу къалъигъэсыр уэри къыплъигъэсынущ.
Галатие цӀыхухэм Паул зэрахуэгузавэр
8БлэкӀа зэманым Тхьэр фымыщӀэу фыщыщытам, тхьэкӀэ зэджэ тхьэ нэпцхэм фахуэлэжьащ. 9Ауэ иджы Тхьэр фщӀэ хъуауэ, е Тхьэм фыкъищӀауэ жысӀэмэ, нэхъыфӀкъэ, лъэкӀыныгъэ зимыӀэ а еплъыкӀэ мыхьэнэншэхэм захуэвгъэзэжыну фыщӀыхуейр сыт? Абыхэм аргуэру пщылӀ фахуэхъужыну фыхуей? 10Хэха махуэри, мазэри, зэманри, илъэсри вгъэлъапӀэ. 11Фэр щхьэкӀэ согузавэ, сэ гугъу пщӀэнщэу зывдезмыгъэхьауэ пӀэрэ фэ?
12СыныволъэӀу, си къуэшхэ, сэ схуэдэ фыхъу, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ сэри фэ хуэдэ сыхъуащ. Фэ мыхъумыщӀагъэ къызэфщӀакъым. 13ЗэрыфщӀэщи, Тхьэм и хъыбарыфӀыр япэ дыдэ къыщӀыфхуэсӀуэтар сызэрысымэджар арщ. 14Си сыщысымаджэм гугъу фыкъыздехьами, нэмыплъ къызэфтакъым икӀи Ӏумпэми сыфщӀакъым, Тхьэм сримелыӀыч хуэдэ, е сы-Мэссихь Хьисэ хуэдэ фыкъысхущытащ. 15Куэду фыкъысщыгуфӀыкӀащ. ФлъэкӀыну щытатэмэ, фи нэхэр къифтхъыу къызэфтыным хуэдэт – абы щыхьэт сытохъуэ. 16НтӀэ, щыпкъагъэр зэрывжесӀам щхьэкӀэ, сэ фи бий сыхъуа сэ?
17А цӀыхухэр#4:17 а цӀыхухэр – Паул пэувхэр арщ. Абыхэм зэрыжаӀамкӀэ, Хьисэ и гъуэгу утехьэн ипэ, сунэт уащӀын хуейуэ щытащ. фэ къывогугъу, ауэ абыхэм я мурадыр фӀыкъым. Ахэр дэ фыдбгъэдашыным хущӀокъу, фэ езыхэм фызрагъэгугъун щхьэкӀэ. 18Мурадыр фӀымэ, зыр зым егугъуныр сыт щыгъуи фӀыщ, сэ фи деж сыщыщыӀэ къудейм и мызакъуэу. 19Си бынхэ, лъхугъэм гугъу иригъэхь цӀыхубз сыхуэдэщ фэр щхьэкӀэ, Мэссихь фи псэм щыщ хъуху. 20Фи деж иджы сыщыӀатэмэ, си макъыр макъ щабэкӀэ сщӀыну сыхуейт. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фэр щхьэкӀэ жысӀэнур сщӀэркъым.
Хьэджэррэ Сарэрэ
21КъызжефӀэ, фэ, Торэт хабзэм и тепщэныгъэм щӀэтыну хуейхэм, Торэт хабзэм итхэр зэхэфщӀыкӀыркъэ? 22Тхьэм и псалъэ тхахэм хэтщ Ибрэхьим къуитӀ зэриӀар, зыр и унэӀут цӀыхубзым,#4:22 унэӀут цӀыхубзым – Хьэджэрщ. Еплъ 1 Мусэ 16:15. адрейр щхьэгъусэ щхьэхуитым#4:22 щхьэгъусэ щхьэхуитым – Сарэщ. Еплъ 1 Мусэ 21:2. къилъхуауэ. 23УнэӀут цӀыхубзым и къуэр сабий къызэралъху щӀыкӀэм хуэдэу къалъхуащ, ауэ и щхьэгъусэм и къуэр Тхьэм Ибрэхьим къызэригъэгугъам щхьэкӀэ къалъхуащ.
24А Ӏуэхум мыхьэнэ щэху хэлъщ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ а цӀыхубзитӀыр зэгурыӀуэныгъитӀым хуэбгъэдэн плъэкӀынущи. УнэӀут цӀыхубзу Хьэджэр зи цӀэр Тхьэм езымрэ Мусэ бегъымбарымрэ яку Синай бгым щыдилъхьа зэгурыӀуэныгъэм хуэдэщ. А цӀыхубзым къыщӀэхъуахэр пщылӀт. 25Хьэджэр Аравие хэкум щыӀэ Синай бгым хуэбгъэдэн плъэкӀынущ. А цӀыхубзыр иджырей Ерусалими хуэдэщ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Ерусалимрэ абы дэс цӀыхухэмрэ пщылӀыпӀэм итщ. 26Ауэ уафэм щыӀэ Ерусалим щхьэхуитщ. Ар дэ псоми анэ къытхуохъу. 27Тхьэм и псалъэ тхахэм мыпхуэдэу хэтщ:#4:27 Тхьэм и псалъэ тхахэм … яхэтщ – еплъ Ешайа бегъымбарым и тхылъым 54:1.
«ГуфӀэ, уэ, сабий къызыхэмыкӀ,
сабий къызыщӀэмыхъуа цӀыхубз.
Уэ, лъхуэным гугъу иримыгъэхьар,
Уи макъ зебгъэӀэтауэ гуфӀэ.
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ лӀы зиӀэм нэхърэ,
лӀым иригъэкӀыжа цӀыхубзым
иӀэ сабийхэр нэхъ куэдщ».
28Ди къуэшхэ, Тхьэм Ибрэхьим къызэригъэгугъам щхьэкӀэ, Исхьэкъ Ибрэхьим и бын зэрыхъуам хуэдабзэу, дэри Тхьэм и бын дыхъуащ. 29Хьэджэр зи цӀэ унэӀут цӀыхубзымкӀэ Ибрэхьим къыщӀэхъуа къуэм, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм Ибрэхьим къызэригъэгугъам тету абы къыхуалъхуа#4:29 къуэуэ къызэригъэгугъам тету къалъхуар – Исхьэкъырщ. къуэм а зэманым гугъуехь иригъэшэчащ. Иджыри апхуэдэщ. 30Тхьэм и псалъэ тхахэм хэтыр#4:30 Тхьэм и псалъэ тхахэм яхэтыр – еплъ 1 Мусэ 21:10. сыт? «Мы унэӀут цӀыхубзымрэ абы и къуэмрэ зыбгъэдэгъэкӀыж, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ щхьэгъусэ щхьэхуитым и къуэм къыхуэнэж мылъкумкӀэ унэӀут цӀыхубзым и къуэм Ӏыхьэ лъысынукъым». 31Аращи, си къуэшхэ, унэӀут цӀыхубзым дрибынкъым, атӀэ щхьэгъусэ щхьэхуитым дрибынщ.
Highlight
Copy
Compare
Share
Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017