ЦӀыхум и гуэныхьыщӀэ щэныжьым къыхэкӀ Ӏейхэр нахуэщ. Мыхэращ: Зинэ щӀэныр, гуфӀеягъэр, мыхъумыщӀэ псэукӀэр; тхьэ нэпцӀхэр гъэлъэпӀэныр, удыгъэ зехьэныр, зэбииныр, зэщыхьэныр, фыгъуэныр, губжьыныр, цӀыхум езым фӀэкӀа зыри фӀыуэ имылъагъуныр, зэгурымыӀуэныр, гуп-гупу зэхэкӀыныр, зым зыр илъагъу мыхъуныр, цӀыху укӀыныр; удэфэныр, щхьэрутӀыпщу ефэ-ешхэ щӀыныр, апхуэдэ нэгъуэщӀ Ӏуэхухэри. Нэхъапэм нызэрывжесӀам хуэдэу иджыри нывжызоӀэ, апхуэдэ икӀагъэхэр зылэжьхэм Тхьэм и ТепщэныгъэшхуэмкӀэ Ӏыхьэ къалъысынукъым.