2 Кор. 6
6
6-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
1Дэ, Тхьэм дэлажьэхэр, Тхьэм и нэфӀ пщӀэншэу къыфщыхуауэ къызэрыщӀэмыкӀыным фыхуэсакъыну дыныволъэӀу. 2Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм къызэрыжиӀэр и псалъэ тхахэм яхэтщ:#6:2 Тхьэм и псалъэ тхахэм хэт – еплъ Ешайа бегъымбарым и тхылъым 49:8.
«Игъуэу щыслъыта махуэм узэхэсхащ,
цӀыхухэр мыкӀуэду къыщезгъэл махуэми
дэӀэпыкъуэгъу сыпхуэхъуащ».
Мис иджыщ Тхьэм игъуэу илъытэ зэманри цӀыхухэр мыкӀуэду абы къыщригъэлыну махуэри. 3ЦӀыхухэм дэ длэжь ӀуэхумкӀэ дамыгъэкъуэншэн щхьэкӀэ, цӀыху гуэрым и гъуэгум ар зыгъэлъэпэрэпэн мывэ тетлъхьэну дыхуейкъым. 4Апхуэдэу зэрыщытым щхьэкӀэ Тхьэм дызэрыхуэлажьэр лъэныкъуэ псомкӀи догъэлъагъуэ: шыӀэныгъэшхуэ зэрыдиӀэмкӀи, гузэвэгъуэм дыхэтми, гугъуехь тшэчми, гухэщӀ диӀэми, 5даубэрэжьми, лъэхъуэщым дыщӀадзауэ дыщӀэсми, хьэлэбэлыкъышхуэ дыхэхуэми, дешми, жей дыхуэныкъуэми, дымэжалӀэми; 6гукъабзагъэкӀи, щӀэныгъэкӀи, шыӀэныгъэкӀи, фӀыгъуэкӀи; Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр ди псэм зэрыщыщымкӀи, пцӀы зыхэмылъ фӀылъагъуныгъэкӀи Тхьэм дызэрыхуэлажьэр догъэлъагъуэ; 7щыпкъагъэр зэрыжытӀэмкӀи, Тхьэм и лъэкӀыныгъэшхуэмкӀи, Ӏэ ижьми Ӏэ сэмэгуми ярылъ пэжыгъэм и ӀэщэхэмкӀи; 8цӀыхухэм щӀыхь къытхуащӀми, къытхуамыщӀми, ӀейкӀэ къыттепсэлъыхьми, къытщытхъуми, Тхьэм дызэрэхуэлажьэр догъэлъагъуэ; цӀыхухэр дгъэгъуащэу далъытэ, ауэ щыпкъагъэ зигу илъ цӀыхуу дыщытщ; 9цӀыхухэм дацӀыхун тхуэмыфащэу далъытэ, ауэ цӀыху псоми дыкъацӀыхуж; лӀахэм яхуэдэу далъытэ, ауэ дыпсэущ; гугъуехь дагъэшэч, ауэ даукӀыркъым; 10дигу хагъэщӀ, ауэ сыт щыгъуи догуфӀэ; дэ дытхьэмыщкӀэщ, ауэ цӀыху куэд бей дощӀ; зыри димыӀэу къащохъу, ауэ псори ди Ӏэ илъщ.
11Фэ, Коринф цӀыхухэ, ӀупщӀу дынывэпсэлъащ, дигури къыфхузэӀутхащ. 12Дигухэр фхуэдгъэбыдакъым, ауэ фэ фигухэр къытхуэвгъэбыдащ. 13Абы папщӀэ фэри фигухэр къытхузэӀуфх, сабийхэм сызэрепсалъэм хуэдэу, сынывопсалъэ.
ГъащӀэ зиӀэ Тхьэм и унэр дэращ
14ФӀэщхъуныгъэ зимыӀэхэм гъусэ фахуэхъуу зы бжьым фадэщӀэмыувэ. Щыпкъагъэмрэ бзаджагъэмрэ гъусэ дауэ зэхуэхъун? Нэхугъэмрэ кӀыфӀыгъэмрэ сыткӀэ зэпха? 15Мэссихьрэ Велиаррэ#6:15 Велиар – шейтӀаныр арщ. я кум сыт хуэдэ зэгурыӀуэныгъэ дэлъын? ФӀэщхъуныгъэ зиӀэмрэ зимыӀэмрэ я Ӏыхьэ дауэ зэрызэхэлъынур? 16Тхьэм и унэшхуэмрэ тхьэ нэпцӀхэмрэ я кум сыт хуэдэ зэгурыӀуэныгъэ дэлъын? ГъащӀэ зиӀэ Тхьэм и унэр дэращ, Тхьэм къызэрыжиӀам хуэдэу:#6:16 Тхьэм къызэрыжиӀам хуэдэу – еплъ 3 Мусэ 26:12; Езекиил бегъымбарым и тхылъым 37:27;
«Сэ абыхэм сахэсынущ икӀи сахэтынущ.
Сэ абыхэм я Тхьэуэ сыщытынущ,
ахэри си лъэпкъыу щытынущ.
17Аращи, къыжеӀэ Зиусхьэным,#6:17-18 къыжеӀэ Зиусхьэным – еплъ Ешайа бегъымбарым и тхылъым 52:11; Самуел бегъымбарым и хъыбар зэрыт етӀуанэ тхылъым (2-я Царств) 7:14.
абыхэм фахэкӀи, лъэныкъуэкӀэ фыув.
Мыкъабзэм фемыӀусэ,
сэ фэ фыздэнущ абы щыгъуэ.
18Сэ фэ Адэ сыфхуэхъунущ,
фэри къуэрэ пхъурэ фыкъысхуэхъунущ,
жеӀэ лъэкӀыныгъэ псори зиӀэ Зиусхьэным».
Currently Selected:
2 Кор. 6: KbdNTGP2017
Highlight
Copy
Compare
Share
Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017