2 Кор. 7
7
7-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
1ФӀыуэ слъагъухэ, Тхьэм а ӀуэхуфӀхэмкӀэ дыкъызэригъэгугъам щхьэкӀэ дипкърэ дигурэ зыгъэуфӀей псори зыхэдвгъэгъэкъэбзыкӀи, Тхьэм и фӀэлӀыкӀ ди гум илъу, дигу нэхь къабзэ зэрыхъуным и ужь дивгъэт.
Паул зэрыгуфӀар
2Фи гур къытхузэӀуфх: Зыми ди ягъэ едгъэкӀакъым, зыри дгъэунэхъуакъым, зыми фейдэ къыпытхыну дыхэтакъым. 3Фэ фызгъэкъуэншэну аракъым ар сэ щӀыжысӀэр; нэхъапэми къызэрыжысӀам хуэдэу, дызэгъусэуи дыпсэуну, дызэгъусэуи дылӀэну ди гум фыхэлъщ. 4КуэдкӀэ сыфщогугъ. Ину сызэрыпагэр фэращ. Гузэвэгъуэ Ӏэджэм дыхэтми, гушхуэныгъэшхуэрэ гуфӀэгъуэшхуэрэ диӀэщ.
5Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Македонием дыщыкӀуа щыгъуэ, дипкъкӀэ гузэгъэгъуэ дгъуэтакъым, сыд хуэдэ лъэныкъуи гузэвэгъуэм дыхэтащ – зэныкъуэкъуныгъэхэми дыхэхуэрт, шынагъуэри ди гум илът. 6Ауэ зигу кӀуэдахэм ягу зыгъэзагъэ Тхьэм Тит къызэрыкӀуамкӀэ дигу къигъэзэгъащ. 7ИкӀи ар къызэрыкӀуам и закъуэкъым дигу къыщӀигъэзэгъар – Тит игу къызэрывгъэзэгъам и хъыбарми и фӀыгъэщ ар. Сыфлъагъуну куэду зэрыффӀэфӀари, фызэрыгъари, фыкъызэрысхуэгузэвари къытхуиӀуэтэжащ абы. Япэм нэхърэ нэхъ гуфӀэгъуэшхуэж сиӀэ хъуащ апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ.
8Ныфхуэстха тхылъымкӀэ фи гур хэзгъэщӀами, абы сыхущӀегъуэжыркъым. СыщӀегъуэж пэтащ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ а тхылъым фи гур зэрыхигъэщӀар солъагъу, ауэ фи гур хигъэщӀауэ зэрыщытар зы зэман кӀэщӀ къудейкӀэщ. 9Ауэ иджы согуфӀэ. СызыгъэгуфӀэр фи гур зэрыхэщӀар аркъым, атӀэ фи гухэщӀыныгъэм фи гуэныхьхэм фахущӀегъуэжыну зэрищӀар арщ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэр зэрыхуейм тету фи гур хэдгъэщӀащ. Аращи, ди ягъэ зыри фэдгъэкӀакъым. 10ГухэщӀыныгъэу Тхьэр зэрыхуейм тетым фӀыуэ къыпэкӀуэр ди гуэныхьхэм дахущӀегъуэжыныр арщ. Ди гуэныхьхэм дахущӀегъуэжыным фӀыуэ къыхэкӀыр дымыкӀуэду Тхьэм дыкъызэрыригъэлырщ. Апхуэдэ гухэщӀыныгъэм ухущӀегъуэжынукъым, ауэ мы дунейм и гухэщӀыныгъэм Ӏейуэ къыпэкӀуэр лӀэныгъэрщ. 11Мы гухэщӀыныгъэу Тхьэр зэрыхуейм тетым фэркӀэ фӀыуэ къыпэкӀуам феплъ: Мы ӀуэхумкӀэ сыт гузэвэгъуэшхуэ фиӀэ хъуа, зывгъэхеину сыт хуэдизкӀэ фыхэта, къуаншэми сыт хуэдизкӀэ фыхуэгубжьа, сыт хуэдэ шынагъэшхуэ фи гум илъ хъуа, сыт хуэдизкӀэ фыкъысхуея, сыт хуэдэ егугъуныгъэшхуэ фиӀэ хъуа, мыхъумыщӀагъэ зыщӀам хуэфащэр евгъэпшыныжыным сыт хуэдизкӀэ фыхэта! Мы ӀуэхумкӀэ фызэрыхейр сыт и лъэныкъуэкӀи ӀупщӀу къэвгъэлъэгъуащ. 12Аращи, сыныфхуэтхами, мыхъумыщӀагъэр зыщӀар#7:12 мыхъумыщӀагъэ зыщӀар – Коринф къалэм щыӀэ члисэ зэхуэсым щыщхэм ящыщу Паул пэувхэм я пашэрщ. Еплъ 2:5-8. е мыхъумыщӀагъэ зрищӀар#7:12 мыхъумыщӀагъэ зрищӀар – е Паул, е абы дэлажьэхэм ящыщ гуэрщ. аркъым нэхъыбэу сызэгупсысар, ауэ дызэрыфхуэгузавэр Тхьэм и пащхьэм ныщыфхуэзгъэнэхуэну сыхуеящ. 13А Ӏуэху псоми гузэгъэгъуэ къыдатащ.
Ди гупсэхугъуэм къыхэхъуэурэ, фэ псоми Тит и гур зэрывгъэзэгъам щхьэкӀэ, ар зэрыгуфӀар щытлъагъум, дэри нэхъ гуфӀэгъуэшхуэ диӀэ хъуащ. 14Тит и пащхьэм сыкъыфщыщытхъуащ, фэри сывгъэукӀытакъым. Щыпкъэ псори нызэрывжетӀам хуэдэу, Тит и пащхьэм дыкъызэрыфщыщытхъуа Ӏуэхухэри пэжу къыщӀэкӀыжащ. 15Фэ псори езым фызэредэӀуар икӀи фышынэу, фигухэр кӀэзызу фызэрыхуэзар Тит игу къыщыкӀыжкӀэ, икъукӀэ къыфхуэарэзыщ. 16Сыт ищӀыс лъэныкъуэкӀи сыфщыгугъ зэрыхъунур си гуапэщ.
Currently Selected:
2 Кор. 7: KbdNTGP2017
Highlight
Copy
Compare
Share
Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017