YouVersion Logo
Search Icon

2 Кор. 4

4
4-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
ЯтӀагъум къыхэщӀыкӀа хьэкъущыкъухэм ярылъ мылъкушхуэр
1Аращи, Тхьэм и нэфӀ къытщыхуэри, Тхьэм мы Ӏуэхур ди пщэм къыдилъхьащи, ди гур дгъэкӀуэдыркъым. 2ЕмыкӀу зыхэлъ Ӏуэху щэхухэм захуэдгъазэркъым. Хьилагъэ дыхэткъым. Тхьэм и псалъэхэри зэӀыдгъэхьэркъым. Щыпкъагъэр ягурыдгъаӀуэурэ цӀыху псоми ягу дызэрырихьыным Тхьэм и пащхьэм дыщыхэтщ. 3ЦӀыхухэм яхуэтӀуатэ хъыбарыфӀыр мыӀупщӀмэ, кӀуэдыпӀэм и гъуэгу тетхэрщ зыхуэмыӀупщӀыр. 4ШейтӀану мы дунейм и тхьэм фӀэщхъуныгъэ зимыӀэхэм я гур нэф ищӀащ. Апхуэдэу щӀищӀар Тхьэм хуэдабзэу щыт Мэссихь и щӀыхьышхуэм теухуа хъыбарыфӀым и нэхуу абыхэм къатепсэр ямылъагъун щхьэкӀэщ. 5ЦӀыхухэм дэ яхуэтӀуатэ хъыбарыр зытеухуар дэракъым, атӀэ Хьисэ Мэссихь Зиусхьэну зэрыщытыр аращ. Дэри Хьисэ и гъуэгу дызэрырикӀуэм щхьэкӀэ дыфхуолажьэ. 6Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ «КӀыфӀыгъэм нэху къыхрекӀ»,#4:6 КӀыфӀыгъэм нэху къыхрекӀ – еплъ 1 Мусэ 1:3. жызыӀа Тхьэм и нэхур ди гум къридзащ. А нэхум Тхьэм и щӀыхьышхуэу Мэссихь и нэгум къищыр зыхуэдэр дегъащӀэ.
7Ауэ мы мылъкушхуэр дэ, ятӀагъуэм къыхэщӀыкӀа хьэкъущыкъухэм хуэдэхэм, ди гум илъ зэпытщ. Апхуэдэу щӀэхъуар лъэкӀыныгъэшхуэ зиӀэр дэрмырауэ, атӀэ Тхьэрауэ зэрэщытыр нахуэ хъун щхьэкӀэщ. 8Лъэныкъуэ псомкӀи щӀыпӀэ зэв ираубыдам дыхуэдэщ, ауэ дыдэкъузауэ щыткъым. ТщӀэнур тщӀэркъым, ауэ ди гур дгъэкӀуэдыркъым. 9ЦӀыхухэм гугъуехь дагъэшэч, ауэ Тхьэм ди закъуэ дыкъигъанэркъым. ЩӀыми дытрадзэ, ауэ дыкӀуэдыркъым. 10Ди пкъым хэлъу, Зиусхьэн Хьисэ и лӀэныгъэр къетхьэкӀ зэпытщ,#4:10 Хьисэ и ажалыр къетхьэкӀ зэпытщ – цӀыхухэм Хьисэ зэраукӀам хуэдэу сыт щыгъуи дэри даукӀынкӀи мэхъу. Хьисэ и гъащӀэр нахуэу ди пкъым къыхэщын щхьэкӀэ.#4:10 Хьисэ и гъащӀэр ди пкъымкӀэ нахуэу къэлъэгъуэн щхьэкӀэ – дэ дыпсэууэ зэрыщытым Хьисэ псэууэ зэрыщытыр къегъэлъагъуэ. 11Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Хьисэ дызэрыхуэлажьэм щхьэкӀэ, ажалыр къытщхьэщыт зэпыту допсэу, Хьисэ и гъащӀэр дипкъ лӀэжынумкӀэ нахуэ къэхъун папщӀэ. 12Апхуэдэу, дэ къытхэлъу ажалым Ӏуэху ещӀэ, ауэ фэ къыфхэлъу гъащӀэм Ӏуэху ещӀэ.#4:12 дэ къытхэлъу ажалым Ӏуэху ещӀэ, ауэ фэ къыфхэлъу гъащӀэм Ӏуэху ещӀэ – дэ апостолхэм Мэссихь теухуа хъыбарыфӀыр цӀыхухэм зэрахуэтӀуатэм щхьэкӀэ, даукӀынкӀи мэхъу, ауэ фэ а хъыбарыфӀыр зэрыфхуэтӀуатэм щхьэкӀэ мыкӀуэдыжын гъащӀэ фогъуэт.
13«ФӀэщхъуныгъэ сиӀэщ, абы щхьэкӀэ сыкъэпсэлъащ», жиӀэу Тхьэм и псалъэ тхахэм яхэтщ.#4:13 Тхьэм и псалъэ тхахэм яхэтщ – еплъ Уэрэд ЛъапӀэхэм (Сабур) 115:1 Апхуэдэ фӀэщхъуныгъэ диӀэщи, дыкъопсалъэ, 14сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Зиусхьэн Хьисэр лӀахэм къахэзыгъэтэджыкӀыжа Тхьэм дэри Хьисэ ди псэм щыщу дыкъигъэтэджыжу, фэ дывигъусэу езым и пащхьэм дызэрыригъэувэнур дощӀэ. 15Мы псори къыщӀэхъуар фи фӀагъ къыхэкӀын щхьэкӀэщ. Апхуэдэу цӀыху нэхъыбэм Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэр къалъэӀэсыху, цӀыху нэхъыбэм абы фӀыщӀэ хуащӀынущ, и щӀыхьышхуэр нэхъ къагъэлъагъуэурэ.
Ди гур дгъэкӀуэдыркъым
16Аращи, ди гур дгъэкӀуэдыркъым. Ди пкъыр кӀуэд зэпытми, Тхьэм махуэ къэси ди гум илъыр къызэрехъуэкӀ зэпытщ. 17Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ иджы гузэвэгъуэ мащӀэу икӀи кӀэщӀу дызыхэтым фӀыуэ къыпэкӀуэр гузэвэгъуэу дызыхэтым хуумыгъэдэфыну мыкӀуэдыжын щӀыхьышхуэр арщ. 18Апхуэдэу цӀыхухэм нэкӀэ ялъагъу Ӏуэхухэм деплъыркъым, атӀэ нэкӀэ ямылъагъу Ӏуэхухэрщ дызэплъыр. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ нэкӀэ ялъагъу Ӏуэхухэр кӀуэдыжынущ, ауэ нэкӀэ ямылъагъу Ӏуэхухэр кӀуэдыжынукъым.

Currently Selected:

2 Кор. 4: KbdNTGP2017

Highlight

Copy

Compare

Share

None

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in