Апостол Паул Тимофей хуитха япэ тхылъ 3
3
3-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
Члисэ зэхуэсым и Ӏэтащхьэм и хьэл-щэныр зэрыщытын хуейр
1Мы псалъэхэр пэжщ: Члисэ зэхуэсым и Ӏэтащхьэ#3:1 Ӏэтащхьэ – алыджэбзэм щыщ псалъэу «Ӏэтащхьэу» икӀи «зи нэӀэ Ӏуэхухэм ятезыгъэту» жыхуаӀэм иужькӀэ мыхьэнэуэ «епископ» иӀэ хъуащ. хъуну зыгуэр хуеймэ, зи ужь итыр ӀуэхуфӀщ. 2Зыми зэригъэкъуэншэн лъэпкъ зыбгъэдэмылъу, зы фыз фӀэкӀ зимыӀэу,#3:2, 12 зы фыз фӀэкӀ зимыӀэу – е зэ фӀэкӀ къэзымышауэ. зышыӀэныгъэрэ гулъытэрэ зиӀэу, хабзэфӀым тету, хьэщӀэхэр зыгъэлъапӀэу, цӀыхухэм щыпкъагъэр езыгъэщӀэн зылъэкӀ цӀыхуу щытын хуейщ Ӏэтащхьэр. 3Фадафэу е цӀыху Ӏэлу щыт хъунукъым, атӀэ Ӏэсэу, мышхыдэрейуэ икӀи мылъкум щӀэмыхъуэпсу щытын хуейщ. 4И унагъуэр фӀыуэ зэрихьэу, и бынхэм щӀыхь зыхуригъэщӀу, игъэӀурыщӀэфу щытын хуейщ. 5Зи унагъуэр зезымыхьэфыр Тхьэм и члисэ зэхуэсым дауэ зэрыкӀэлъыплъыфынур? 6Ӏэтащхьэр фӀэщхъуныгъэ зиӀэ хъуагъащӀэхэм ящыщу щыт хъунукъым. Апхуэдэу щымытмэ, зыкъыфӀэщӀыжынурэ, шейтӀаныр къуаншэ зэрыхъуам хуэдэу, ари къуаншэ хъунущ. 7ЦӀыхухэр ӀейкӀэ къытемыпсэлъыхьын икӀи шейтӀаным и хъым имыхуэн щхьэкӀэ, члисэ зэхуэсым щымыщхэри фӀыуэ щыхьэт зыхуэхъу цӀыхуу щытын хуейщ ар.
Члисэ зэхуэсым и дэӀэпыкъуэгъухэм я хьэл-щэныр зэрыщытын хуейр
8Члисэ зэхуэсым и дэӀэпыкъуэгъухэри#3:8 дэӀэпыкъуэгъухэр – мы псалъэм мыхьэнэуэ «диакон» иӀэ хъуащ иужькӀэ. щӀыхь зыхуэфащэу, бзитӀ зыӀумылъ лӀыхэу, фадэм димыхьэхыу икӀи мылъкум щӀэмыхъуэпсу щытын хуейщ. 9Я гумкӀэ мыхъумыщӀагъэ лъэпкъ зыдамыщӀэжу, фӀэщхъуныгъэм и щэхур яӀыгъын хуейщ. 10Ауэ я щыпкъагъэр вгъэунэхун хуейщ япэщӀыкӀэ. Зыми зэригъэкъуэншэн лъэпкъ ябгъэдэмылъмэ, дэӀэпыкъуэгъухэм ящыщ ирехъу.
11А дэӀэпыкъуэгъухэм я фызхэри щӀыхь зыхуэфащэу, нэгъуэщӀ цӀыхухэм ӀейкӀэ ятемыпсэлъыхьу, шыӀэныгъэ зиӀэу, лъэныкъуэ псомкӀи узыщыгугъ хъун цӀыхуу щытын хуйщ.
12ДэӀэпыкъуэгъур зы фыз фӀэкӀ зимыӀэ,* и бынхэмрэ и унагъуэмрэ фӀыуэ зезыхьэ лӀыуэ щытын хуейщ. 13Зи Ӏуэху фӀыуэ зыгъэзэщӀа дэӀэпыкъуэгъухэм щӀыхь ягъуэт икӀи Мэссихь ХьисэкӀэ яӀэ фӀэщхъуныгъэм гушхуауэ тепсэлъыхьын ялъэкӀынущ.
Ди фӀэщхъуныгъэм хэлъ щэхур
14Куэд мыщӀэу уи деж сыкъэкӀуэн си гугъэу, мы тхылъыр пхузотх. 15Сынэгувэмэ, Тхьэм и унагъуэм щыщхэр зэрыпсэун хуейр мы тхылъым уигъэщӀэнущ. Тхьэм и унагъуэм щыщхэр гъащӀэ зиӀэ Тхьэм и члисэ зэхуэсыр арщ. А члисэ зэхуэсыращ щыпкъагъэр зытет пкъори лъабжьэри. 16Зэрышэчыншэщи, ди фӀэщхъуныгъэм хэлъ щэхур#3:16 ди фӀэщхъуныгъэм хэлъ щэхур – ди фӀэщхъуныгъэм и хъыбару Тхьэм цӀыхухэм пасэм яримыгъэщӀауэ иджы къахуигъэнэхуар арщ. инщ:
Тхьэр цӀыхуу къэлъэгъуащ.
Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм абы
и щыпкъагъэр къигъэнэхуащ,
мелыӀычхэм заригъэлъэгъуащ.
И ӀурыщӀэхэм абы и хъыбарыр
хамэ лъэпкъхэм ирагъэщӀащ.
Дунейм тет цӀыхухэм абыкӀэ
фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъуащ.
ЩӀыхьышхуэ иӀэу, Тхьэм ар
уафэм дрихьеижащ.
Currently Selected:
Апостол Паул Тимофей хуитха япэ тхылъ 3: KbdNTGP2017
Highlight
Copy
Compare
Share
Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017