YouVersion Logo
Search Icon

Апостол Паул Тимофей хуитха япэ тхылъ 2

2
2-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
Тхьэм уелъэӀуныр
1Псом япэу сыныволъэӀу, цӀыху псоми щхьэкӀэ Тхьэм фелъэӀу, дэӀэпыкъуэгъу яхуэхъуну, фӀыгъуэ яригъэгъуэтыну фелъэӀу. Тхьэм фӀыщӀэ хуэфщӀ. 2Тхьэм и фӀэлӀыкӀ ди гум илъу, гукъабзагъэкӀэ, мамыру икӀи дигу зэгъауэ дыпсэуфын щхьэкӀэ, пащтыхьхэмрэ тепщэныгъэ зиӀэхэмрэ Тхьэм фахуелъэӀу. 3Ар фӀыщ икӀи дымыкӀуэду дыкъезыгъэл Тхьэм игъуэу елъытэ. 4ЦӀыху псори мыкӀуэду къригъэлыну икӀи щыпкъагъэр ящӀэну хуейщ ар. 5Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэр закъуэщ, Тхьэмрэ цӀыхухэмрэ зэзыгъэкӀужыр закъуэщ, ар цӀыхуу Мэссихь Хьисэщ. 6Абы и псэр цӀыху псоми щхьэщэхужу яхуитащ. Хьисэ апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ и чэзууэ Тхьэм и мурадыр игъэпэжащ. 7Аращ Мэссихь теухуа хъыбарыфӀыр цӀыхухэм ялъэзгъэӀэсыну икӀи апостол сыхъуну Тхьэм сыщӀигъэувар: фӀэщхъуныгъэмрэ щыпкъагъэмрэ я хъыбарыр хамэ лъэпкъхэм ялъэзгъэӀэсыну арщ – пэжыр къыжызоӀэ, пцӀы лъэпкъ хэмылъу.
8ЦӀыхухъухэр дэнэ щӀыпӀэ щыӀэми, Тхьэм елъэӀуну сыхуейщ, гукъабзагъэкӀэ я Ӏэхэр яӀэтурэ, мыгубжьу, ягуми ТхьэмкӀэ шэч ямыщӀу.
9Абы нэмыщӀу, цӀыхубзхэми укӀытэ яхэлъу, хабзэфӀым тету, екӀуу захуэпэну сыхуейщ. Щхьэц ухуэнакӀи, дыщэкӀи, налкъутналмэсхэмкӀи, щыгъын лъапӀэхэмкӀи замыгъэщӀэращӀэу, 10атӀэ фӀы щӀэнымкӀэ зрагъэщӀэращӀэ, «Тхьэм и фӀэлӀыкӀ ди гум илъщ», жызыӀэ цӀыхубзхэм зэрахуэфащэм хуэдэу.
11Зыри жимыӀэу икӀи куэду ӀурыщӀэу Тхьэм и Ӏуэхухэр зригъэщӀэн хуейщ цӀыхубзым. 12ЦӀыхубзым Тхьэм и Ӏуэхухэр цӀыхухэм яригъэщӀэну икӀи лӀы гуэрым тепщэныгъэ хуиӀэну здэркъым. Зыри жиӀэн хуейкъым. 13Тхьэм япэ дыдэ къигъэщӀар Ӏэдэм зи цӀэр арщ, итӀанэ Хьэуащ. 14Блэм зыкъезыгъэгъэпцӀар Ӏэдэмкъым, атӀэ цӀыхубзырщ. ЦӀыхубзыр Тхьэм и гъуэгу текӀащ апхуэдэу. 15Ауэ фӀэщхъуныгъэ, фӀылъагъуныгъэ, къабзагъэ и гум зэпымыууэ илъу, хабзэфӀым тету щытмэ, сабий къызэрыхуэхъумкӀэ мыкӀуэду къелынущ цӀыхубзыр.

Highlight

Copy

Compare

Share

None

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in

Videos for Апостол Паул Тимофей хуитха япэ тхылъ 2