1
Апостол Паул Тимофей хуитха япэ тхылъ 3:16
ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр
KbdNTGP2017
Зэрышэчыншэщи, ди фӀэщхъуныгъэм хэлъ щэхур инщ: Тхьэр цӀыхуу къэлъэгъуащ. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм абы и щыпкъагъэр къигъэнэхуащ, мелыӀычхэм заригъэлъэгъуащ. И ӀурыщӀэхэм абы и хъыбарыр хамэ лъэпкъхэм ирагъэщӀащ. Дунейм тет цӀыхухэм абыкӀэ фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъуащ. ЩӀыхьышхуэ иӀэу, Тхьэм ар уафэм дрихьеижащ.
Compare
Explore Апостол Паул Тимофей хуитха япэ тхылъ 3:16
2
Апостол Паул Тимофей хуитха япэ тхылъ 3:2
Зыми зэригъэкъуэншэн лъэпкъ зыбгъэдэмылъу, зы фыз фӀэкӀ зимыӀэу, зышыӀэныгъэрэ гулъытэрэ зиӀэу, хабзэфӀым тету, хьэщӀэхэр зыгъэлъапӀэу, цӀыхухэм щыпкъагъэр езыгъэщӀэн зылъэкӀ цӀыхуу щытын хуейщ Ӏэтащхьэр.
Explore Апостол Паул Тимофей хуитха япэ тхылъ 3:2
3
Апостол Паул Тимофей хуитха япэ тхылъ 3:4
И унагъуэр фӀыуэ зэрихьэу, и бынхэм щӀыхь зыхуригъэщӀу, игъэӀурыщӀэфу щытын хуейщ.
Explore Апостол Паул Тимофей хуитха япэ тхылъ 3:4
4
Апостол Паул Тимофей хуитха япэ тхылъ 3:12-13
ДэӀэпыкъуэгъур зы фыз фӀэкӀ зимыӀэ,* и бынхэмрэ и унагъуэмрэ фӀыуэ зезыхьэ лӀыуэ щытын хуейщ. Зи Ӏуэху фӀыуэ зыгъэзэщӀа дэӀэпыкъуэгъухэм щӀыхь ягъуэт икӀи Мэссихь ХьисэкӀэ яӀэ фӀэщхъуныгъэм гушхуауэ тепсэлъыхьын ялъэкӀынущ.
Explore Апостол Паул Тимофей хуитха япэ тхылъ 3:12-13