1
Уэрэд 1:1-2
ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр
KbdNTGP2017
Гъуэгу махуэ теуващ цӀыху бзаджэнаджэхэм емыдаӀуэр, гуэныхьыщӀэхэм я гъуэгу иримыкӀуэр, Тхьэр зыгъэпудхэм я зэӀущӀэ хэмысыр. Ар зыгъэгуфӀэр Зиусхьэным и хабзэщ, Абы и хабзэм жэщи махуи йогупсыс ар.
Compare
Explore Уэрэд 1:1-2
2
Уэрэд 1:3
ПсыжапӀэм щыхаса жыгым хуэдэщ ар, къыпыкӀэр и пӀалъэм хъууэ, и тхьэмпи мыгъуалэу; сыт хуэдэ Ӏуэху ищӀэми, абы къохъулӀэ.
Explore Уэрэд 1:3
3
Уэрэд 1:6
Сыту жыпӀэмэ Зиусхьэныр зи гум щыпкъагъэ илъхэм я гъуэгу щыгъуазэщ, ауэ цӀыху бзаджэхэм я гъуэгур кӀуэдыпӀэщ.
Explore Уэрэд 1:6