Къызэхихащ Тхьэм сабийм и макъыр; Тхьэм и мелыӀычыр уафэм къыхуеджыхри, Хьэджэр къыжриӀащ:
– Сыт уи лажьэр, Хьэджэр? Умышынэ; Тхьэм зэхихащ сабийм и макъыр, чыцэм къыхэӀукӀыу. Тэдж, сабийр къэӀэти, убыд абы и Ӏэр, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Сэ абы къытезгъэхъукӀынущ лъэпкъ ин дыдэ.