1
1 Мусэ 22:14
ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр
KbdNTGP2017
ФӀищащ Ибрэхьим а щӀыпӀэм цӀэ: Иеговэ-ире. (Зиусхьэным къытхуегъуэт). Аращ ноби щӀыжаӀэр: Зиусхьэным и бгым деж къыщытхуигъуэтынущ.
Compare
Explore 1 Мусэ 22:14
2
1 Мусэ 22:2
– Къащтэ уи къуэр, фӀыуэ плъагъу уи къуэ закъуэр, Исхьэкъыр, – жиӀащ Тхьэм, – Морый щӀыналъэм кӀуэи, абдежым къурмэныпхъэу щыгъэс ар бгыхэм ящыщу Сэ уэзгъэлъагъуну зым и щыгум.
Explore 1 Мусэ 22:2
3
1 Мусэ 22:12
– ХуумыӀэт уи Ӏэр ныбжьыщӀэм, йомыщӀэ абы зыри, – жиӀащ мелыӀычым, – сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ иджы Сэ сощӀэ уэ Тхьэм узэрыщышынэр икӀи сэр папщӀэ уи къуэм, уи къуэ закъуэм, узэрыщымысхьар.
Explore 1 Мусэ 22:12
4
1 Мусэ 22:8
– Тхьэм къысхухихынущ къурмэныпхъэу Езым хуэдгъэсыну щынэр, си къуэ, – жиӀащ Ибрэхьим. Арати, кӀуэрт адэкӀэ тӀури зэгъусэу.
Explore 1 Мусэ 22:8
5
1 Мусэ 22:17-18
Си нэфӀ ныпщыхуэнущ, уэ къыптехъукӀыну бынхэри згъэбэгъуэнущ, уафэм ит вагъуэхэмрэ хы Ӏуфэм Ӏулъ пшахъуэмрэ я бжыгъэм хуэдизу; икӀи къаӀэщӀыхьэнущ уэ къыптехъукӀыну бынхэм я бийхэм я къалэхэр. Уэ къыптехъукӀыну бынхэм я хьэтыркӀэ дунейм и лъэпкъ псоми си нэфӀ ящыхуэнущ, си псалъэм укъызэредэӀуам папщӀэ.
Explore 1 Мусэ 22:17-18
6
1 Мусэ 22:1
А къэхъукъащӀэхэм я ужькӀэ Тхьэм игъэунэхуащ Ибрэхьим, мыр къыжриӀэри: – Ибрэхьим! – Сымис сэ, – жиӀащ абы.
Explore 1 Мусэ 22:1
7
1 Мусэ 22:11
Ауэ Зиусхьэным и мелыӀычыр уафэм къыхуеджыхри, къыжриӀащ абы: – Ибрэхьим! Ибрэхьим! – Сымис сэ, – жиӀащ абы.
Explore 1 Мусэ 22:11
8
1 Мусэ 22:15-16
Зиусхьэным и мелыӀычыр уафэм къыхуеджыхри, Ибрэхьим къыжриӀащ: – Псалъэ быдэкӀэ жызоӀэ, – жеӀэ Зиусхьэным, – уэ мы Ӏуэхур зэрыпщӀам щхьэкӀэ, икӀи уи къуэм, уи къуэ закъуэм, узэрыщымысхьам щхьэкӀэ
Explore 1 Мусэ 22:15-16
9
1 Мусэ 22:9
Нэсащ Тхьэм жыхуиӀа щӀыпӀэм; щиухуащ абдежым Ибрэхьим къурмэнщӀыпӀэ, трилъхьащ пхъэр, икӀи и къуэ Исхьэкъ ипхри, трилъхьащ ар къурмэнщӀыпӀэм, пхъэхэм я щӀыӀукӀэ.
Explore 1 Мусэ 22:9