Абдеж къыжриӀащ Тхьэм абы, пщӀыхьым хэту:
– Сэри сощӀэ ар уи гум и хьэрэмыгъэншагъэкӀэ зэрыпщӀар, икӀи ущысхъумащ Си дежькӀэ гуэныхь щыблэжьыным; абы къыхэкӀыуи абы уезгъэӀусакъым. АтӀэ иджы етыж фызыр лӀым: сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ар бегъымбарщ, Тхьэм пхуелъэӀунурэ, уэри упсэунущ; ауэ иумытыжмэ, зэгъащӀэ Ӏэмал имыӀэу уэри ууей псори фызэрылӀэнур.