YouVersion Logo
Search Icon

1 Мусэ 21

21
Исхьэкъ Сарэ къызэрыхуэхъуар
1Къеплъащ нэфӀкӀэ Зиусхьэныр Сарэ, зэрыжиӀэгъам хуэдэу, икӀи Зиусхьэным жиӀауэ щытар къыхуищӀащ Сарэ.
2Сарэ уэндэгъу хъури, къыхуилъхуащ къуэ Ибрэхьим, ар жьы хъуами, Тхьэм абы къриухылӀауэ щыта пӀалъэм. 3ФӀищащ Ибрэхьим къуэ къыхуалъхуам, Сарэ къыхуилъхуам, Исхьэкъ.
4Ибрэхьим Исхьэкъыр, езым и къуэр, сунэт ищӀащ еянэ махуэм, Тхьэм абы унафэ къызэрыхуищӀам тетэу. 5Ибрэхьим илъэсищэ хъурт абы и къуэ Исхьэкъ къыщыхуэхъуам щыгъуэ. 6ЖиӀащ абы щыгъуэ Сарэ:
– Дыхьэшхэн къызищӀащ Тхьэм;
си хъыбар хэт зэхихми,
дыхьэшхынщ.
7ЖиӀащ абы адэкӀи:
– Хэт жриӀэфынт Ибрэхьим: «Сарэ быдз иригъэфэнущ сабий», – жиӀэу? АрщхьэкӀэ, ар жьы хъуауэ, къэслъхуащ сэ къуэ.
8Сабийр жэпхъри бгъафэм къыщӀачащ; Исхьэкъ бгъафэм къыщыщӀача махуэм Ибрэхьим гухэхъуэ Ӏэнэр игъэуващ.
Тхьэм Исмэхьил къызэрихъумар
9Гу лъитащ Сарэ Мысырым щыщ бзылъхугъэ Хьэджэр Ибрэхьим къыхуилъхуа къуэр Исхьэкъ дэджэгуу. 10Ар щилъагъум, жриӀащ Ибрэхьим:
– Дэху мы унэӀут бзылъхугъэри абы и къуэри; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ мы унэӀутым и къуэр си Исхьэкъ мылъкукӀэ Ӏыхьэгъу дэхъу хъунукъым.
11Ибрэхьим къыщыхъуащ ар и къуэм дежкӀэ мыщӀагъуэу.
12Ауэ Тхьэм къыжриӀащ Ибрэхьим:
– Умынэщхъей ныбжьыщӀэмрэ уи унэӀут бзылъхугъэмрэ папщӀэ; Сарэ сыт къыбжиӀэми, едаӀуэ абы и псалъэм; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Исхьэкъ къытехъукӀыну цӀыхухэращ уэ уи бын пэжкӀэ зэджэнухэр. 13УнэӀутым и къуэми Сэ къытезгъэхъукӀынущ лъэпкъ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ар уэ къыппкърыкӀащ.
14Ибрэхьим къэтэджащ пщэдджыжьым жьыуэ, къищтэщ щӀакхъуэрэ псы фэндри, иритащ Хьэджэр, ахэр абы и дамэхэм трилъхьэри, сабийр и гъусэу, иутӀыпщащ ар. Ар ежьэри къыщикӀухьащ Бэр-Шэвэ губгъуэ нэщӀым. 15Фэндым псы итыжтэкъыми, абы къыщигъэнащ сабийр чыцэ гуэрым деж. 16Езыр ӀукӀри ежьэжащ, щытӀысащ жыжьэу, зы шабзэ уэгъуэкӀэ пэжыжьэу. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ абы жиӀащ: сыхуейкъым слъагъуну сабийр зэрылӀэр. Арати, жыжьэу къэтӀысри, пыхьэу, гъыуэ иригъэжьащ. 17Къызэхихащ Тхьэм сабийм и макъыр; Тхьэм и мелыӀычыр уафэм къыхуеджыхри, Хьэджэр къыжриӀащ:
– Сыт уи лажьэр, Хьэджэр? Умышынэ; Тхьэм зэхихащ сабийм и макъыр, чыцэм къыхэӀукӀыу. 18Тэдж, сабийр къэӀэти, убыд абы и Ӏэр, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Сэ абы къытезгъэхъукӀынущ лъэпкъ ин дыдэ.
19Тхьэм къызэтрихащ абы и нэхэр, икӀи Хьэджэр къилъэгъуащ псы зэрыт псыкъуийр, кӀуэри фэндым изу псы къригъэхъуащ, псы иригъэфащ сабийр.
20Тхьэм къихъумэрт сабийр; арати, ар ин хъуащ; губгъуэ нэщӀым щыпсэун щӀидзащ; къыхэкӀащ абы шабзауэ. 21Ар щыпсэурт Паран губгъуэ нэщӀым, и анэм абы фыз къыщыхуришащ Мысыр щӀыналъэм.
Ибрэхьим Абимэлэх зэгурыӀуэныгъэ зэрырищӀылӀар
22А зэманым Абимэлэх, езым и дзэпщ Пихол и гъусэу къакӀуэри, къыжриӀащ Ибрэхьим:
– Уэ уи гъусэщ Тхьэр сытым дежи, сыт пщӀэми. 23Тхьэлъанэ къысхуэщӀ иджы ауэ щыхъукӀэ, Тхьэм и цӀэкӀэ, ди жагъуэ къомыщӀыну сэри, си къуэми, си къуэрылъхуми; сэ фӀыуэ сызэрыпхущытам хуэдэу, уэри фӀыуэ укъысхущытыжыну, сэри си щӀыналъэу уэ узыщыхьэщӀэми.
24ЖиӀащ Ибрэхьим:
– Си тхьэлъанэщ.
25Абдеж Ибрэхьим егиящ Абимэлэх абы и унэӀутхэм псыкъуийр зэрытрахам папщӀэ.
26Ауэ Абимэлэх жиӀащ:
– СщӀэркъым ар зыщӀар, уэри къызжепӀакъым; сэ уеблэмэ зэхэсхагъэххэкъым абы и гугъу иджыри къэс.
27Ибрэхьим Ӏэщ цӀыкӀуи Ӏэщышхуи ихури, иритащ Абимэлэх, а тӀум зэгурыӀуэныгъэ зэраухылӀащ. 28Ибрэхьим и Ӏэщ цӀыкӀухэм ящыщу щынэбзибл къыхидзащ, щхьэхуэ ищӀащ. 29Абимэлэх еупщӀащ Ибрэхьим:
– Мыбдежым щхьэхуэу къэбгъэува щынэбзиблым сыт къикӀыр?
30– Мы щынэбзиблыр них си ӀэмыщӀэ, сэ мы псыкъуийр къызэрыстӀам и щыхьэт схуэхъун папщӀэ, – жиӀащ Ибрэхьим.
31Абы къыхэкӀыуи фӀищащ а щӀыпӀэм: Бэр-Шэвэ#21:31 Бэр-Шэвэ – абы къикӀыр: блымэ я псынэщ е тхьэлъанэм и псынэщ.; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ абдежым а тӀуми тхьэлъанэ щащӀат.
32Апхуэдэу зэгурыӀуэныгъэ щызэращӀылӀащ Бэр-Шэвэ деж. ИтӀанэ Абимэлэхрэ абы и дзэпщ Пихолрэ заӀэтри ягъэзэжащ Филишт щӀыналъэм. 33Ибрэхьим Бэр-Шэвэ деж мэз тӀэкӀу щигъэтӀысри Зиусхьэну мыкӀуэдыжыну щыт Тхьэм#21:33 мыкӀуэдыжыну щыт Тхьэм – пасэрей журтыбзэкӀэ Ел Олам. абдеж щелъэӀуащ.
34Махуэ куэдкӀэ щыпсэуащ Ибрэхьим Филишт щӀыналъэм хэхэсу итӀанэ.

Currently Selected:

1 Мусэ 21: KbdNTGP2017

Highlight

Copy

Compare

Share

None

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in