Гъэсэпэтхыдэхэр 26
26
ТӀОЩӀРЭ ЕХАНЭ ӀЫХЬЭ
1Гъэмахуэ шылэм къеса уэсым, гъавэ хыжыгъуэм
къешха уэшхым хуэдэу
къемызэгъщ цӀыху акъылыншэм
ущытхъуныр.
2Бзу ӀубыбыкӀыжым, пцӀащхъуэ зэхэзелъатэм ещхьу
хейм траӀуа гыбзафэ бзаджэхэри техуэнукъым.
3ЩӀопщыр – шым, шхуэӀур – шыдым,
чы цӀынэр – акъылыншэм щхьэкӀэщ.
4Делэм и делагъэ упэмыджэж,
армыхъумэ укъызэрыкӀэрыху щымыӀэу ещхь
ухъунщ.
5Делэм и делагъэ пэджэж,
армыхъумэ нэхъ Ӏущ щымыӀэу
зыкъыфӀэщӀыжынщ.
6Езыр-езыру фэбжь бзаджэр зрехыж,
и ӀэкӀэ бэлыхьми зыхедзэж
акъылыншэм хъыбарегъащӀэу дзыхь хуэзыщӀым.
7Лъашэм и лъэр зэрызэрилъафэм ещхьущ
жыӀэгъуэ Ӏущхэр акъылыншэм
зэрызэригъэзахуэри.
8Мывэр мывэдзым иупхкӀэ пхуэдзыну?!
Акъылыншэм пщӀэ хуэпщӀынри зэщхьыр арщ.
9БанапцӀэ къудамэр чэфым зэрыӀэщӀэлъым ещхьущ
жыӀэгъуэ Ӏущхэр акъылыншэм
зэрызэригъэзахуэри.
10Зэхэдз имыщӀу псори уӀэгъэ зыщӀ шабзауэм
ещхьщ
акъылыншэр е япэ къэсыр лӀыщӀэу зыщтэр#26:10 Пасэрей журтыбзэкӀэ тха Ӏэрытхым къыщыкӀуэ псалъэхэм къарыкӀыр гурыӀуэгъуэ дыдэкъым, зэрызэдзэкӀами къигъэлъагъуэр иӀэнкӀэ хъуну мыхьэнэхэм языхэзырщ..
11Хьэр и къэжьахуэ къызэрекӀуэлӀэжым ещхьу
делэми и делагъэ къытригъэзэж зэпытщ.
12Хуэдэ щымыӀэу Ӏущу зыкъызыфӀэщӀыжа цӀыхур
плъагъукъэ?! –
Абы нэхърэ акъылыншэм иджыри нэхъ
узыщегъэгугъ.
13Щхьэхынэм и псэлъафэщ:
«Аслъэныр гъуэгум тетщ!
Аслъэныр уэрамым щокӀукӀ!»
14Бжэм бжэеӀулӀым къез-незурэ зыдегъазэ,
щхьэхынэри аращ: и пӀэм хэлъщ джэрэзу.
15Щхьэхынэм и Ӏэр шхыным хуехьри,
ар и жьэм ихьыжыну къохьэлъэкӀ.
16Гупсысэр зэрагъэзахуэу псалъэ цӀыхуибл нэхърэ
цӀыху щхьэхынэм нэхъ зыфӀэӀущщ.
17Хьэр тхьэкӀумакӀэкӀэ зезылъафэм ещхьщ
блэкӀрэ пэт и Ӏуэху зыхэмылъ ныкъуакъуэм
хэӀэбэр.
18И акъыл икӀауэ лыгъэ мафӀэр къызыхэлъэлъ
ажалышэр зыпхъым ещхьщ
19и гъунэгъур игъапцӀэрэ
иужькӀэ «СыгушыӀауэ арат!» жызыӀэжыр.
20Пхъэ темылъыжым мафӀэр мэужьыхыж,
бзэгу зыхэмылъ псалъэмакъри мэӀэсэж.
21ФӀамыщӀым дэпыр, пхъэм мафӀэр,
цӀыху бырсырым зэныкъуэкъур
къызэщӀагъаплъэ.
22Бзэгузехьэм и псалъэр хуэдэщ шхын хэплъыхьам,
гущӀэ лъапсэми щызу зыщегъэзагъэ.
23Дыжьыныпс егъэфа кхъуэщыныжьым хуэдэщ
гужьгъэжьыр псалъэ ӀэфӀкӀэ#26:23 Е «гущӀэ псалъэкӀэ». щӀэзыуфэр.
24Бийр къыщопсалъэкӀэ фэрыщӀщ,
и гущӀэ лъапсэм щызэрихьэри бзаджагъэщ.
25ДэхащӀэу щытми абы и псалъэ – дзыхь хуумыщӀ,
бзаджэнаджиблым я тӀысыпӀэщ и гур.
26Ущэхуами лъагъумыхъуныгъэр фэрыщӀыгъэкӀэ,
къыщыщӀэщыжынущ зэм-зэм бзаджагъэр
цӀыху цӀыкӀум я пащхьэ.
27Мащэ зытӀ мащэ ихуэжынщ,
мывэр зыгъэжари мывэм хуэзэжынщ.
28ПцӀыупсым игъэгуӀэхэм гужьгъэжь яхуиӀэщ,
щытхъуакӀуэ нэпцӀми уигъэунэхъунущ.
ទើបបានជ្រើសរើសហើយ៖
Гъэсэпэтхыдэхэр 26: АдгФЛ
គំនូសចំណាំ
ចែករំលែក
ចម្លង

ចង់ឱ្យគំនូសពណ៌ដែលបានរក្សាទុករបស់អ្នក មាននៅលើគ្រប់ឧបករណ៍ទាំងអស់មែនទេ? ចុះឈ្មោះប្រើ ឬចុះឈ្មោះចូល
© Институт перевода Библии, 2009, 2018, 2021