Лукас Хэзыгъэгъуазэ
Хэзыгъэгъуазэ
Ныбжьэгъу лъапӀэхэ!
Ӏинджылыр Тхыгъэ ЛъапӀэм (Библием) и зы Ӏыхьэщ. Ӏинджылым нэмыщӀ, Тхыгъэ ЛъапӀэм хыхьащ Мусэ бегъымбарым итхыжа Теурэтыр, нэгъуэщӀ бегъымбархэм я тхылъхэр, икӀи Забурыр. Тхьэм цӀыху лъэпкъыр гуэныхьым къригъэлыну мурадышхуэ зэриӀэр а тхылъхэм къыдагъащӀэ. Ауэ а мурадышхуэр нэгъэсауэ белджылы къэзыщӀыр Ӏинджылырщ.
Адыгэхэм хьэрыпыбзэм къыхэтхауэ къэдгъэсэбэп «Ӏинджыл» псалъэр нэхъапэу алыджыбзэм (пасэрей грекыбзэм) къыхэкӀащ «Евангелион» и фӀэщыгъэцӀэу. «ХъыбарыфӀ» жиӀэу аращ абы къикӀыр. Езы Хьисэ Мэсихь и ущием фӀищыжауэ щытащ апхуэдэу. Ӏинджылыр топсэлъыхь Хьисэ и гъащӀэмрэ и лэжьыгъэмрэ, Абы цӀыхур зыхуригъэджамрэ зыхуиущиямрэ, и ӀуэхущӀафэ телъыджэхэм, Ар зэрылӀа щӀыкӀэмрэ лӀахэм къазэрыхэтэджыкӀыжамрэ.
Ӏинджылым тхылъ тӀощӀрэ блырэ щызэхуэхьэсащ. Япэ ит тхылъиплӀым Хьисэ Мэсихь и дуней гъащӀэр къаӀуэтэж. Ныбжьэгъу лъапӀэ, иджыпсту пӀэщӀэлъ тхылъыр а тхылъиплӀым ящыщ зыщ. Ар ди эрэм и япэ лӀэщӀыгъуэм и етӀуанэ Ӏыхьэм Лукас итхыжащ. ЩӀалэ ныбжьым щитам Лукас щӀэныгъэ куу игъуэтауэ щытащ, дохутыр ӀэщӀагъэм хуеджащ. Мажусий диныр ӀэщӀыб ищӀри, ар Хьисэ и Ӏумэтым иуващ, Хьисэ лӀыкӀуэ ищӀа Паул щӀыгъуу гъуэгуанэ куэд зэпичащ, абы пэжкӀэ бгъэдэтащ. Ӏинджылым и япэ сатырхэм Лукас щыжеӀэ нэхъапэм ятхауэ щыта хъыбархэмрэ зытепсэлъыхь Ӏуэхур зи нэгу щӀэкӀахэм я гукъэкӀыжхэмрэ къызэригъэсэбэпар.
Ди эрэм и япэ лӀэщӀыгъуэм Палестинэм щекӀуэкӀа Ӏуэхугъуэхэрщ Ӏинджылым купщӀэ хуэхъуар. А лъэхъэнэм Палестинэр рим императорхэм я ӀэмыщӀэ илъащ. Ауэ абы щыпсэуа журтхэм я диныр яхъумэжын яхузэфӀэкӀащ. А диным и лъабжьэр – Теурэт Хабзэр – абыхэм Тхьэм къахилъхьауэ щытащ, Мусэ бегъымбарыр лӀыкӀуэ къищӀри. Мусэ и ужькӀэ бегъымбар куэдым жаӀэу щытащ Мэсихьыр, Тхьэм и ЛӀыкӀуэр, дунейм къызэрытехьэнур, Абы цӀыхур гуэныхьымрэ лӀэныгъэмрэ я ӀэмыщӀэ къызэрырихынур. И пӀалъэр къэсри, Палестинэм щыщ Бэтлъэхьем къалэ цӀыкӀум къыщалъхуащ цӀыхур куэд щӀауэ зыпэплъэ Мэсихьыр – Иисус Христос. Ар дунейм къызэрытехьам и хъыбарыр дэтхэнэ цӀыхум дежкӀи хъыбар гуфӀэгъуэщ, ар дэнэ щыпсэуми, сыт хуэдэбзэкӀэ псалъэми. Ар зи фӀэщ зыщӀ цӀыхухэр гуэныхьымрэ ажалымрэ къригъэлыну Тхьэм къигъэкӀуар Аращ.
Ӏинджылыр дунейм къызэрытехьар алыджыбзэщ, сыту жыпӀэмэ а лъэхъэнэм Палестинэми абы пэгъунэгъу щӀыпӀэхэми а бзэр щацӀыхуу, ирипсалъэу щытащ. Хьисэ и дин лъапӀэр къызэрежьэ лъандэрэ блэкӀа лӀэщӀыгъуэ тӀощӀым ар бзэ куэдыкӀейкӀэ зэрадзэкӀащ.
Ӏинджылыр адыгэбзэкӀэ япэ дыдэ къыщыдэкӀар 1993 гъэрщ (Ӏинджыл псори щызэхуэхьэса «ХъыбарыфӀ» тхылъым иту). Ауэ нэхъри ебгъэфӀакӀуэ мыхъун щыӀэкъым. Илъэс пщыкӀуплӀ дэкӀри 2007 гъэм а тхылъым аргуэру хэплъэжщ, хэлэжьыхьыжри, гъэтэрэзауэ щӀэрыщӀэу къыдагъэкӀыжащ. Ӏинджылыр зэзыдзэкӀахэмрэ редакторхэмрэ куэд яхузэфӀэкӀащ абы и купщӀэр адыгэбзэкӀэ еджэхэм я деж нахьэсынымкӀэ. 1993 гъэм къыдагъэкӀа Ӏинджылми 2007 гъэм къыдэкӀами я текстыр нэхъри зэребгъэфӀэкӀуэфынум шэч хэлъкъым, ар адыгэхэм нэхъ благъэ, гурыӀуэгъуэ, зэхэщӀыкӀыгъуэ ящыхъун папщӀэ. Фи пащхьэ итлъхьэ тхылъым елэжьын щаублар 2002 гъэращ икӀи, къапщтэмэ, ар щӀэрыщӀэу зэрадзэкӀыжащ.
Хьисэ къыщалъхуари щапӀари къуэкӀыпӀэ хэкущ икӀи а щӀыпӀэм щызекӀуэу щыта хабзэхэм щӀапӀыкӀащ. Абы къыхэкӀкӀэ мы тхылъым и напэкӀуэцӀхэм къыщыгъэлъэгъуа хабзэхэр, а лъэхъэнэм псэуа цӀыхухэм я дуней еплъыкӀэр адыгэ тхылъеджэхэм благъэ, гурыӀуэгъуэ ящыхъун хуейщ. А лъэхъэнэм Палестинэм щекӀуэкӀа гъащӀэм, диным тхылъеджэ псори щымыгъуэзэнкӀэ хъунущи, псалъэ гугъухэм, псалъэ тӀорысэхэм я мыхьэнэм ухэзыгъэгъуазэ щапхъэхэр текст щӀагъхэм тедзауэ хэдгъэхьащ. * нагъыщэкӀэ къыхэгъэщхьэхукӀа псалъэхэр гурыӀуэгъуэ щыдощӀ тхылъым и кӀэм ит псалъалъэм. Абы къищынэмыщӀауэ, тхылъым и кӀэм Палестинэми, Ерусэлими, Тхьэм и Унэми я сурэтхэр щывгъуэтынущ.
Библиер зэдзэкӀынымкӀэ Институтым и гуапэ хъунущ, мы тхылъымкӀэ гу нэхъ зылъыфтахэмрэ фи чэнджэщхэмрэ.
Библиер зэдзэкӀынымкӀэ Институтым фӀыщӀэ яхуещӀ Лукас къиӀуэтэжа Ӏинджылыр зэзыдзэкӀахэмрэ текстым елэжьахэмрэ.
Библиер зэдзэкӀынымкӀэ Институт
ទើបបានជ្រើសរើសហើយ៖
Лукас Хэзыгъэгъуазэ: АдгФЛ
គំនូសចំណាំ
ចែករំលែក
ចម្លង

ចង់ឱ្យគំនូសពណ៌ដែលបានរក្សាទុករបស់អ្នក មាននៅលើគ្រប់ឧបករណ៍ទាំងអស់មែនទេ? ចុះឈ្មោះប្រើ ឬចុះឈ្មោះចូល
© Институт перевода Библии, 2009, 2018, 2021

: