Лукас 4
4
Ӏиблисым Хьисэ гуэныхь иригъэщӀэн и гугъэуи ужь къызэритар
1Тхьэм и Псэр и гум хыхьауэ, Хьисэ Иорданыпсым къыӀукӀыжри, Тхьэм и Псэм Ар къумым ишащ. 2Хьисэ гуэныхь иригъэщӀэн и гугъэу, Ӏиблисыр Абы и ужь махуэ плӀыщӀкӀэ къыщитащ а щӀыпӀэм. Хьисэ дзэкъэгъуэ Ӏухуакъым а махуэхэм, ауэ и кӀэм къэмэжэлӀащ. 3Арати, Ӏиблисым Хьисэ къыжриӀащ:
– Уэ Тхьэм ури-Къуэмэ, псалъэ жыӀи, мы мывэр щӀакхъуэ гъэхъу.
4– Тхыгъэ ЛъапӀэм итщ, – жиӀащ Хьисэ, – «ЩӀакхъуэ къудейкъым цӀыхур зэрыпсэунур».
5Ӏиблисым Хьисэ бгы лъагэ гуэрым дришейщ, дунейм тет пащтыхьыгъуэхэр напӀэзыпӀэм къригъэлъагъури, 6мыпхуэдэу къыжриӀащ:
– Мы пащтыхьыгъуэхэм я тепщэныгъэри я щӀыхьри Уэ уэстынщ, сыту жыпӀэмэ ахэр псори сэ си ӀэмыщӀэм илъщ икӀи сызыхуейм изот. 7Аращи, лъэгуажьэмыщхьэу ууврэ щхьэщэ къысхуэпщӀмэ, а псори Уэ ууей хъунущ.
8– Тхыгъэ ЛъапӀэм итщ, – жиӀащ Хьисэ, – «Уи Тхьэу Зиусхьэным и закъуэщ щхьэщэ зыхуэпщӀын икӀи бгъэлъэпӀэн хуейр».
9Абы и ужькӀэ Ӏиблисым Хьисэ Ерусэлим ишэщ, Тхьэм и Унэм и нэхъ лъагапӀэ дыдэм тригъэувэри жриӀащ:
– Уэ Тхьэм ури-Къуэмэ, мыбдежым зедзыхыт; 10сыту жыпӀэмэ Тхыгъэ ЛъапӀэм мыпхуэдэу итщ: «Тхьэм и мелыӀычхэм укъахъумэну унафэ яхуищӀынущ». 11Мыпхуэдэуи итщ: «Уи лъакъуэмкӀэ мывэм ужьэхэмыуэн щхьэкӀэ, мелыӀычхэм я ӀэхэмкӀэ уапхъуэтэнурэ уаӀыгъынущ».
12– Тхыгъэ ЛъапӀэм итщ, – къитыжащ жэуап Хьисэ, – «Уи Тхьэу Зиусхьэныр бгъэунэхуну ухэмыт!»
13Арати, Хьисэ гуэныхь зэрыригъэщӀэн Ӏэмал афӀэкӀ щимыгъуэтыжым, пӀалъэр къэсмэ, къигъэзэжыну, Ӏиблисым Ар къибгынащ.
Хьисэ и лэжьыгъэр Гэлилей хэкум зэрыщиублар
14Абы и ужькӀэ Хьисэ Тхьэм и Псэм къришажьэри, къару иригъэгъуэтауэ, Гэлилейм къишэжащ, икӀи и хъыбар а щӀыпӀэм дэнэкӀи щыӀуащ. 15Я тхьэлъэӀупӀэ унэхэм цӀыхухэр Тхыгъэ ЛъапӀэм щыщӀигъэджыкӀырт Хьисэ, икӀи псоми щӀыхь къыхуащӀырт.
16Хьисэ щапӀа Нэзэрэт къэкӀуэжащ. Сыт щыгъуи хуэдэу, Ар тхьэлъэӀупӀэ унэм щӀыхьащ щэбэт махуэм. ТхьэлъэӀупӀэм щӀэсхэм Тхыгъэ ЛъапӀэм къахуеджэну къэтэджащ Хьисэ. 17Ишаяхь бегъымбарым и Тхыгъэр тхылъымпӀэ шыхьам тету къратащ. Хьисэ Тхыгъэр зэкӀуэцӀихщ, мыпхуэдэ псалъэхэр здит щӀыпӀэр къыщӀигъэщри, къеджащ:
18– «Зиусхьэным и Псэр си гум кърилъхьащ.
Ар щӀищӀар тхьэмыщкӀэхэм хъыбарыфӀ яхуэсӀуэтэн щхьэкӀэ сыкъыхихащи, аращ.
Щхьэхуит зэрыхъужынур гъэрхэм яжесӀэну,
я нэр къызэрыплъэжынур нэфхэм езгъэщӀэну,
гугъу ехьхэм хуитыныгъэ естыну,
19Зиусхьэным цӀыхухэм гущӀэгъу къащыхуищӀыну зэманыр къызэрысар яхуэсӀутэну
сакъыхуигъэкӀуащ Тхьэм».
20Хьисэ Тхыгъэр зэкӀуэцӀишыхьыжщ, тхьэлъэӀупӀэ унэм и лэжьакӀуэм иритыжри, етӀысэхыжащ. Абы щӀэс псори, я нэр трамыгъэкӀыу, Хьисэ еплъырт.
21Хьисэ къыпищащ итӀанэ:
– ВжесӀам федэӀуэху, сыкъызыфхуеджа псалъэр зэщӀащ.
22Хьисэ жиӀам псори арэзы техъуащ, и псалъэ телъыджэхэри гъэщӀэгъуэн ящыхъуащ, икӀи зэупщӀыжырт: «Мыр Исуф и къуэракъэ?» – жаӀэурэ.
23– Дауи, фэ иджыпсту мыпхуэдэ псалъэжь къызжефӀэнущ: «Дохутыр, уэ езыр зыгъэхъуж», е «Кэпэрнэум къуажэм щыблэжьауэ зэхэтха Ӏуэхугъуэхэм хуэдэ ущапӀа лъахэми щылэжь», – жыфӀэу. 24Пэжыр нывжызоӀэ, – къыпищащ Хьисэ и псалъэм, – бегъымбарыр щалъхуа щӀыпӀэм щыпсэухэм ядауэ зэи къэхъуакъым. 25Пэжыр нывжызоӀэ, Иляс бегъымбарым и зэманым илъэсищрэ ныкъуэкӀэ уафэр гъэбыдарэ уэшх къемышхыу икӀи гъаблэшхуэ къэхъуауэ щыщытам, Израилым фызабэ куэд щыпсэуащ. 26АрщхьэкӀэ абыхэм ящыщу зым дежи игъэкӀуакъым Тхьэм Иляс. ЗдигъэкӀуар Сидон#4:26 Сидон – пасэрей Финикием ита мажусий къалэщ. къалэм пэгъунэгъу Сарептэ жылэм дэс фызабэм дежщ. 27Абы ещхьу, Елишэ бегъымбарым и зэманым щыгъуи уэшын уз зэфыкӀ цӀыху куэд Израилым щыпсэуащ, ауэ Елише абыхэм ящыщ зыри игъэхъужакъым, Сирием щыщ НэӀэмин фӀэкӀ.
28Ар щызэхахым, тхьэлъэӀупӀэ унэм щӀэс псори къызэрыгъэгубжьщ, 29къызэрыӀэтри, Хьисэ къуажэм къыдахуащ. Я къуажэр зытет Ӏуащхьэм Хьисэ драшеящ итӀанэ, кърадзыхын я гугъэу. 30Ауэ Хьисэ абыхэм я зэхуакум къыдэкӀри къыӀукӀыжащ.
Хьисэ лӀы гуэрым жин бзаджэ къызэрыхихужар
31Абы и ужькӀэ Хьисэ Гэлилейм хиубыдэ Кэпэрнэум къуажэм кӀуэри, цӀыхухэр щэбэт махуэхэм Тхыгъэ ЛъапӀэм щӀигъэджыкӀын щӀидзащ. 32Псоми яфӀэтелъыджэт Хьисэ и ущиекӀэр, сыту жыпӀэмэ и псалъэхэм тепщэныгъэ яӀэт. 33Жин бзаджэм иӀыгъ цӀыхухъу гуэр щӀэст тхьэлъэӀупӀэ унэм. МакъышхуэкӀэ къэгуоури, мыр жиӀащ абы:
34– Ей, Нэзэрэт щыщ Хьисэ, сыт уи Ӏуэхуу къытхэлъыр? ДыбгъэкӀуэдыну укъэкӀуауэ ара? Ухэтми сощӀэ сэ. Уэ Тхьэм ури-ЛӀыкӀуэ лъапӀэщ!
35– Уи жьэр зэтепӀи, къыхэкӀыж а цӀыхум! – жриӀащ Хьисэ жиным. Жин бзаджэм а лӀыр псоми я пащхьэм щриудри, зыкӀи зэран хуэмыхъуу къыхэкӀыжащ. 36Къэхъуар псоми яфӀэтелыджэу зэупщӀыжырт:
– Мыр зищӀысыр сыт? Тепщэныгъэрэ лъэкӀыныгъэшхуэрэ иӀэу жин бзаджэхэм унафэ яхуещӀри, ахэр цӀыхухэм къахокӀыж.
37Апхуэдэу Хьисэ и хъыбар а щӀыпӀэм дэнэкӀи щыӀуащ.
Хьисэ цӀыху куэд зэригъэхъужар
38ТхьэлъэӀупӀэ унэм къыщӀэкӀыжри, Симэн и унэм еблэгъащ Хьисэ. Симэн и щыкъу анэр плъыржьэр гуащӀэм хигъэзыхьауэ хэлъти, ар игъэхъужыну Хьисэ къелъэӀуащ. 39Хьисэ сымаджэм щхьэщыхьэри, плъыржьэрыр игъэувыӀащ, узри хэкӀыжащ. Арыххэти, Симэн и щыкъу анэр къэтэджри, хьэщӀэхэм Ӏэнэ къахуищтащ.
40Пшапэр щызэхэуэм, уз зэмылӀэужьыгъуэ зэфыкӀ сымаджэхэр Хьисэ къыхуашэу щӀадзащ. Хьисэ и Ӏэр ятрилъхьэурэ, ахэр игъэхъужырт. 41«Уэ Тхьэм ури-Къуэщ», – жаӀэурэ, жин бзаджэхэр цӀыху куэдым кӀийуэ къахэкӀыжырт. Ауэ Хьисэ абыхэм яхуидэртэкъым апхуэдэу жаӀэну, Ар Тхьэм зэри-Мэсихьыр абыхэм ящӀэрти.
42Нэху зэрыщу, Хьисэ къуажэр ибгынэри, щӀыпӀэ пхыдза гуэрым кӀуащ. Абы цӀыху куэд кӀэлъежьащ, Ар къалъыхъуэу. Къыщагъуэтым, я щӀыпӀэр ирамыгъэбгынэн щхьэкӀэ, зэтраӀыгъэну хэтащ. 43Ауэ Хьисэ абыхэм яжриӀащ:
– Тхьэм и Тепщэныгъэм теухуа хъыбарыфӀыр нэгъуэщӀ жылэхэми щысӀуэтэн хуейщ Сэ. Аращ Сэ Тхьэм сыкъыщӀигъэкӀуар.
44Апхуэдэу, Хьисэ Ехьудей хэкур къызэхикӀухьурэ, жылэхэм дэт тхьэлъэӀупӀэ унэхэм уаз щитырт.
ទើបបានជ្រើសរើសហើយ៖
Лукас 4: АдгФЛ
គំនូសចំណាំ
ចែករំលែក
ចម្លង

ចង់ឱ្យគំនូសពណ៌ដែលបានរក្សាទុករបស់អ្នក មាននៅលើគ្រប់ឧបករណ៍ទាំងអស់មែនទេ? ចុះឈ្មោះប្រើ ឬចុះឈ្មោះចូល
© Институт перевода Библии, 2009, 2018, 2021

: