Лукас 2

2
Хьисэ къызэралъхуар
1А махуэхэм Рим къэралыгъуэшхуэм щыпсэу цӀыху псори ябжын хуейуэ къайсэр Август#2:1 Къайсэр Август – ди эрэм ипэ къихуэу 31-нэ гъэм щыщӀэдзауэ, ди эрэм и 14-нэ гъэм нэсыху Рим къэралыгъуэшхуэм и тепщэу щытащ. унафэ къыдигъэкӀащ. 2Ар къыщыхъуар Курний Сирием и унафэщӀу щыщыта зэманырщ, абы щыгъуэщ цӀыхухэр япэ дыдэу щабжар. 3Арати, зрагъэбжын щхьэкӀэ, щхьэж и къуэпсыр къыщежьэ жылэм кӀуэжащ. 4Псоми хуэдэу, Исуфи Гэлилей хэкум хиубыдэ Нэзэрэт къуажэм икӀри, Ехьудей хэкум ит, Даут къыщалъхуа Бэтлъэхъем къуажэм кӀуащ, Исуф езыр Даут къытехъукӀыжахэм ящыщти.
5Зригъэбжыну щыкӀуэм, Исуф и къэшэн Мэрям лъэщыджэшхуэ хъуауэ щӀыгъут. 6ЗдэкӀуэм нэсауэ, Мэрям и лъхуэгъуэр къэсри, 7и щыпэлъхуу щӀалэ къилъхуащ. Хъыданжэрумэм кӀуэцӀишыхьри, жэмэщым щӀэт шхалъэм дилъхьащ, къуажэм къэкӀуа цӀыхур зэрыӀувым къыхэкӀкӀэ егъэзыпӀэ къалъысатэкъыми.
Мэлыхъуэхэм мелыӀыч къазэрыхуехар
8А щӀыпӀэм пэмыжыжьэу, мэлыхъуэ гуп губгъуэм ист, я мэл хъушэхэр жэщкӀэ яхъумэу.
9Зиусхьэным и мелыӀыч я пащхьэм къихутэри, Зиусхьэным и нэхур абыхэм къатепсащ. Къащытепсэм, хуабжьу шынащ ахэр. 10Ауэ мелыӀычым къажриӀащ:
– Фымышынэ! ГуфӀэгъуэ иным и хъыбар зэрылъэпкъыу къыфхуэсхьащ. 11Фыкъезыгъэлынур Даут и къуажэм нобэ къыщалъхуащ. Зиусхьэныр, Мэсихь хъужыр аращ. 12Мыпхуэдэущ ар къызэрыфцӀыхунур: жэмэщым щӀэт шхалъэм дэлъу, сабий къалъхуагъащӀэ хъыданжэрумэм кӀуэцӀышыхьауэ къэвгъуэтынущ.
13А мелыӀычым нэгъуэщӀ мелыӀыч гупышхуэ напӀэзыпӀэм гъусэ къыхуэхъури, Тхьэм щӀыхь хуащӀурэ, жаӀащ:
14– Уафэм щӀыхьыр Тхьэм щейщ!
ЩӀылъэми Тхьэр зыхуэарэзыхэм я гур гупсэхугъуэкӀэ гъэнщӀауэ щытщ!
15МелыӀычхэм уафэм заӀэтыжа нэужь, мэлыхъуэхэм жаӀащ: «ДывгъакӀуи, Бэтлъэхъем къыщыхъуауэ Зиусхьэным зи гугъу къытхуищӀа Ӏуэхум девгъэплъ». 16Арати, ахэр пӀащӀэу кӀуэри, Мэрями, Исуфи, шхалъэм дэлъ сабийри къагъуэтащ. 17Къыщагъуэтым, сабийм теухуауэ мелыӀычым къажриӀар Мэрямрэ Исуфрэ хуаӀуэтэжащ. 18Мэлыхъуэхэм я хъыбарыр зэхэзыха псоми ар ягъэщӀэгъуащ. 19Мэрям а псори игу ириубыдэрт икӀи егупсысырт. 20Мэлыхъуэхэм зэхахамрэ ялъэгъуа псомрэ щхьэкӀэ Тхьэм щӀыхь хуащӀрэ щытхъу хужаӀэу ягъэзэжащ, мелыӀычым къазэрыжриӀам хуэдабзэу псори я нэкӀэ ялъэгъуати.
Исуфрэ Мэрямрэ Хьисэ цӀыкӀу Тхьэм и Унэм зэрахьар
21Махуий дэкӀауэ, сабийр сунэт ящӀын хуей щыхъум, Мэрям лъэщыджэ мыхъу щӀыкӀэ мелыӀычым къыжриӀам тету щӀалэ цӀыкӀум Хьисэ фӀащащ.
22Мусэ бегъымбарым къыхуеха Теурэт Хабзэм и унафэм тету Исуфрэ Мэрямрэ зыщагъэкъэбзэжын хуей махуэхэр#2:22 Зыщагъэкъэбзэжын хуей махуэхэр – Теурэтым ипкъ иткӀэ, бзылъхугъэм щӀалэ цӀыкӀу къилъхуа нэужь, ар махуэ 40-кӀэ мыкъабзэу ябжырт. А пӀалъэм и кӀуэцӀкӀэ бзылъхугъэр Тхьэм и Унэ щӀыхьэну хуиттэкъым. блэкӀа нэужь, сабийр Ерусэлим яхьащ, Зиусхьэным и пащхьэм ирахьэн папщӀэ, 23сыту жыпӀэмэ Зиусхьэным и Хабзэм мыпхуэдэ унафэ итщ: «Щыпэлъхуу дунейм къытехьэ дэтхэнэ хъулъхугъэри Зиусхьэным ейуэ щытын хуейщ». 24Абы къищынэмыщӀауэ, Зиусхьэным и Хабзэм ипкъ иткӀэ, абыхэм «губгъуэ тхьэрыкъуитӀ е тхьэрыкъуэ шыритӀ» къурмэну яукӀын хуейт.
25Шемэн и цӀэу лӀы гуэр Ерусэлим щыпсэуащ а лъэхъэнэм. Ар езыр цӀыху щыпкъэт, Тхьэм и жыӀэ тӀу зымыщӀт, Тхьэм Израилым и гуныкъуэгъуэр игъэтӀысу и гур фӀы щищӀыжыну пӀалъэм пэплъэрт, Тхьэм и Псэр и гъусэ зэпытт. 26Тхьэм и Псэм къригъэщӀауэ ар щыгъуазэт Зиусхьэным къигъэкӀуэн хуей Мэсихьыр и нэкӀэ имылъэгъуауэ дунейм зэремыхыжынур. 27Арати, Шемэн Тхьэм и Псэм къришажьэри, Тхьэм и Унэм щӀишащ. Сабийм теухуауэ Теурэт Хабзэм гъэзэщӀапхъэу къигъэув псори зэфӀагъэкӀыну Исуфрэ Мэрямрэ Хьисэ цӀыкӀу Тхьэм и Унэм щыщӀахьэм, 28Шемэн сабийр ӀэплӀэкӀэ къищтэщ, Тхьэм щӀыхь хуищӀри, жиӀащ:
29– Иджы, Зиусхьэн, уи унэӀуту щыт сэ си гур зэгъауэ сыбоутӀыпщыж, псалъэ жыпӀам тету;
30-31лъэпкъ псоми я пащхьэм щыбгъэхьэзыра уи КъегъэлакӀуэр си нэкӀэ слъэгъуащи.
32Абы Тхьэм и пэжыгъэм и нэхур мажусий лъэпкъхэм къатригъэпсэнущ
икӀи уи лъэпкъыу уи израилым и щӀыхьыр иӀэтынущ.
33Хьисэ теухуауэ Шемэн жиӀар Исуфрэ Мэрямрэ яфӀэтелъыджэ хъуащ. 34Ар абыхэм Тхьэм и цӀэкӀэ яхуэхъуахъуэри, сабийм и анэ Мэрям мыпхуэдэу жриӀащ:
– Мы си ӀэплӀэм илъ щӀалэм Израилым и цӀыху куэд текӀуэдэнущ, куэди къригъэлынущ икӀи куэдым ямыдэн нэщэнэ Тхьэм ищӀынущ мыр. 35Апхуэдэу цӀыху куэдым я гурылъ щэхухэр нахуэ къэхъунущ. Уэ езым уи псэр, джатэм къиуӀам хуэдэу, гукъеяуэм къиуӀэнущ.
36Ашер#2:36 Ашер – Ибрэхьим и къуэрылъху Екъуб и къуэ пщыкӀутӀым я зырщ. къытехъукӀыжа ФэнуӀил ипхъу Хъанэ, Тхьэм и бегъымбарыр, абы щыӀэт. И ныбжьыр фӀыуэ хэкӀуэтат абы. ДэкӀуэри, илъэсибл фӀэкӀа зэдэмыпсэуауэ, 37и лӀыр дунейм ехыжри, фызабэу къэнауэ псэурт ар. И ныбжьыр илъэс пщӀейрэ плӀырэ ирикъуат. А цӀыхубзым Тхьэм и Унэр зэи ибгынэртэкъым. Тхьэр жэщи махуи игъэлъапӀэрт, елъэӀурт, нэщӀ ис зэпытт. 38Ар асыхьэтым абыхэм къабгъэдыхьэри, Тхьэм щытхъу хужиӀащ. Ерусэлим Тхьэм хуит щищӀыжынум пэплъэ псоми сабийм и хъыбар яхуиӀуатэу щӀидзащ итӀанэ.
39Зиусхьэным и Хабзэм тету псори ягъэзэщӀа нэужь, Мэрямрэ Исуфрэ Гэлилей хэкум ит я къуажэ Нэзэрэт ягъэзэжащ. 40Сабийр хэхъуэрт, акъылрэ къарурэ зыхилъхьэрт, Тхьэм и нэфӀ къыщыхуэ зэпытт.
НыбжьыщӀэ Хьисэ Тхьэм и Унэм зэрыкӀуар
41Хьисэ и адэмрэ и анэмрэ гъэ къэс Ерусэлим кӀуэ я хабзэт, ӀутӀыж щынэ щаукӀ махуэшхуэм хэтыну. 42Хьисэ и ныбжьыр илъэс пщыкӀутӀ щрикъум, я хабзэм тету, ахэр Ерусэлим кӀуащ, махуэшхуэм хэтыну. 43Абы и ужькӀэ ахэр къежьэжащ, ауэ Мэрямрэ Исуфрэ ямыщӀэу, Хьисэ Ерусэлим къыдэнащ. 44Гъуэгум къадытетхэм Ар яхэт я гугъэу, Мэрямрэ Исуфрэ зы махуэ гъуэгуанэ якӀуа нэужь, я благъэхэм, я цӀыхугъэхэм деж щӀалэр щалъыхъуэн щӀадзащ. 45Щамыгъуэтыжым, абы лъыхъуэурэ, Ерусэлим ягъэзэжащ. 46Махуищ дэкӀауэ, Хьисэ дин егъэджакӀуэхэм яхэсу икӀи абыхэм жаӀэм едаӀуэрэ еупщӀу Тхьэм и Унэр зыдэт пщӀантӀэм къыщагъуэтыжащ. 47КъедаӀуэ псоми яфӀэтелъыджэт Абы иӀэ зэхэщӀыкӀымрэ и жэуапхэмрэ. 48Хьисэ къыщалъагъум, Мэрямрэ Исуфрэ ягъэщӀэгъуащ.
– Си щӀалэ! Сыт къыдэпщӀар? – жиӀащ и анэм. – Уи адэмрэ сэрэ гузэвэгъуэр ди псэм телъу укъыдолъыхъуэ.
49– Сыт сыкъыщӀэфлъыхъуэр? – жиӀащ Хьисэ. – Си Адэр здэщыӀэм сэри сыщыӀэн зэрыхуейр фымыщӀэу ара?
50Ауэ абыхэм къагурыӀуакъым Хьисэ жиӀам къригъэкӀар. 51Мэрямрэ Исуфрэ я гъусэу Хьисэ Нэзэрэт игъэзэжри, жыӀэщӀэ цӀыкӀуу къекӀуэкӀащ. ЩӀалэм дилъагъу Ӏуэхугъуэ псори зыщимыгъэгъупщэу, и анэм игу ириубыдэрт. 52Ар хэхъуэрт, хэхъуэхуи и акъылым зиужьырт, Тхьэри цӀыхухэри къыхуэгуапэ зэпытт.

ទើបបានជ្រើសរើសហើយ៖

Лукас 2: АдгФЛ

គំនូស​ចំណាំ

ចែក​រំលែក

ចម្លង

None

ចង់ឱ្យគំនូសពណ៌ដែលបានរក្សាទុករបស់អ្នក មាននៅលើគ្រប់ឧបករណ៍ទាំងអស់មែនទេ? ចុះឈ្មោះប្រើ ឬចុះឈ្មោះចូល