Инус 3

3
Инус Тхьэм и унафэр зэригъэзэщӀар
1Зиусхьэным и псалъэ етӀуанэу къыхуехащ Инус:
2– Тэдж, Нинуй къалэшхуэм кӀуэи, бжесӀар абы дэс цӀыхухэм яхуэӀуатэ.
3Инус тэджри Зиусхьэным къызэрыжриӀам тету Нинуй къалэ кӀуащ. Нинуй къалэр апхуэдизкӀэ инти, махуищ нэхъ мащӀэкӀэ пхузэпычынутэкъым. 4Арати, Инус къалэм дыхьащ. МахуэкӀэ кӀуа нэужь, къэувыӀэри, цӀыхухэм мыпхуэдэ псалъэкӀэ захуигъэзащ:
– Махуэ плӀыщӀ дэкӀмэ, Тхьэм Нинуй зэтрикъутэнущ, – жиӀэри.
5Нинуйдэсхэм ар щызэхахым, Тхьэм и псалъэр я фӀэщ хъуащ, нэщӀ ихьащ, цӀыкӀуи ини, зыри къэмынэу псоми чэтэн джанэ кӀыхь зыщатӀэгъащ#3:5 Пасэ зэманым КъуэкӀыпӀэ Гъунэгъум щыпсэуа цӀыхухэм тобэ къызэрахьыжам икӀи гуауэшхуэ зэраӀэм и нэщэнэу чэтэн пхъашэм къыхэщӀыкӀа джанэ кӀыхь зыщатӀагъэу щытащ. .
6Нинуй къалэм и пащтыхьым деж а хъыбарыр щынэсым, и тахътэм къытекӀщ, и пащтыхь щыгъыныр зыщихщ, абы ипӀэкӀэ чэтэн джанэ зыщитӀагъэри, сахуэм хэтӀысхьащ. 7Пащтыхьым къыбгъэдэкӀыу къалэм мыпхуэдэу щагъэӀуащ:
– Пащтыхьымрэ и блыгущӀэтхэмрэ я унафэкӀэ цӀыхуми, Ӏэщ пӀащэми, Ӏэщ цӀыкӀуми зыри яшхи ирафи хъунукъыми, Ӏэщыр хъуакӀуэ дэвмыгъэкӀ. 8ЦӀыхум имызакъуэу Ӏэщми чэтэн щэкӀ тефпхъуи, Тхьэм фыхудэкъугъей, дэтхэнэ зыми щӀэпхъаджагъэ лэжьыныр, лей зехьэныр щырырегъэт. 9Хэт ищӀэрэ, Тхьэр хущӀегъуэжмэ, и губжьыр къыттримыкъутэу дыкъелынкӀэ хъунщ.
10Тхьэм къалэдэсхэм ящӀар, лей зехьэныр зэрыщагъэтар щилъагъум, хущӀегъуэжри, насыпыншагъэу къахуигъэкӀуэну жыхуиӀар къахуигъэкӀуакъым.

ទើបបានជ្រើសរើសហើយ៖

Инус 3: АдгФЛ

គំនូស​ចំណាំ

ចែក​រំលែក

ចម្លង

None

ចង់ឱ្យគំនូសពណ៌ដែលបានរក្សាទុករបស់អ្នក មាននៅលើគ្រប់ឧបករណ៍ទាំងអស់មែនទេ? ចុះឈ្មោះប្រើ ឬចុះឈ្មោះចូល