Инус 1

1
Инус Тхьэм и унафэр имыгъэзэщӀэну мурад зэрищӀар
1Амыт и къуэ Инус Зиусхьэным и псалъэ къыхуехащ:
2– Тэдж, Нинуй къалэшхуэм кӀуэи, абы дэс цӀыхухэм си тезыр къазэрытепсыхэнур яжеӀэ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ я щӀэпхъаджагъэхэм я хъыбар си деж къэсащ, – жиӀащ Тхьэм.
3Инус тэджщ, Зиусхьэным ӀэщӀэкӀыну мурад ищӀри, ТаршишкӀэ#1:3 Нинуй къалэр нобэрей Иракым итащ, Таршишыр, щӀэныгъэлӀхэм зэралъытэмкӀэ нобэрей Испанием и щӀыналъэм хиубыдэу щытащ. НэгъуэщӀу жыпӀэмэ, а щӀыпӀитӀыр лъэныкъуэ зырызкӀэ зэпэщӀэхауэ, зэпэжыжьэу щытащ. зэджэ щӀыпӀэ пхыдзам кӀуэну ежьащ. Хы Ӏуфэм Ӏус Яфэ къалэм щынэсым, Таршиш кӀуэ кхъухь къигъуэтщ, гъуэгупщӀэ яритри итӀысхьащ. Апхуэдэу, Инус Зиусхьэным ӀэщӀэкӀыну мурад зэрищӀам тету, Таршиш кӀуэну ежьащ.
4Ауэ Зиусхьэным жьышхуэ къригъапщэщ, тенджызым и гущӀыӀум толъкъун лъагэхэм закъыщригъэӀэтри, кхъухьыр щӀилъэфэн гъунэгъу хъуащ. 5ХылӀхэр гужьеящи, щхьэж и тхьэ йолъэӀу, хьэпшып хьэлъэхэр ирадз, кхъухьыр нэхъ псынщӀагъуэ ящӀын щхьэкӀэ.
Инус кхъухьым и лъабжьэм ехауэ ӀэфӀу жейрт абы щыгъуэ.
6Кхъухьым и тетыр Инус деж ехщ, къигъэушри:
– Щхьэ ужейрэ? Тэджи, уи тхьэм елъэӀу; хэт ищӀэрэ, игу дыкъэкӀыжмэ, псым дримыгъэтхьэлэу дыкъригъэлынкӀэ хъунщ, – жриӀащ.
7ХылӀхэм жаӀащ:
– Пхъэидзэ дывгъэщӀи, мы дызыхэхуа гузэвэгъуэр зи лажьэр къэдывгъащӀэ.
Пхъэидзэ ящӀри, Инус и пхъэр къикӀащ.
8Апхуэдэу щыхъум, ахэр Инус еупщӀащ:
– Мы дызыхэт гузэвэгъуэр зи лажьэр хэтми къыджеӀэ. Уи ӀэщӀагъэр сыт? Дэнэ укъикӀрэ, дэнэ ущыщ, сыт хуэдэ лъэпкъ укъызыхэкӀар? – жаӀэри.
9– Сэ сыжуртщ, щӀылъэмрэ тенджызымрэ къэзыгъэщӀауэ, уафэм щыӀэ Тхьэуэ Зиусхьэныр зылъытэхэм сащыщщ, – жэуап яритыжащ абыхэм Инус.
10Инус Зиусхьэным ӀэщӀэкӀын мурад зэриӀэр кхъухьым исхэм щажриӀэм, я гур кӀуэдыпауэ къехъурджэуащ ахэр:
– Апхуэдэу щхьэ пщӀа? – жаӀэри.
11Толъкъунхэр нэхъ ябгэ хъууэ щалъагъум, ахэр Инус еупщӀащ:
– Тенджызыр сабырыжын щхьэкӀэ сыт уэтщӀэн хуейр? – жаӀэри.
12– Псым сыхэвдзи, сабырыжынущ. Сэ сощӀэ толъкъунхэр си зэранкӀэ къызэрыфтегуплӀар, – яритыжащ жэуап Инус.
13АрщхьэкӀэ цӀыхухэм кхъухьбэлагъхэмкӀэ нэхъ хуабжьыжу псыр щӀатхъун щӀадзащ, псы Ӏуфэм есылӀэн я гугъэу, ауэ къайхъулӀэртэкъым, толъкъунхэр нэхъ ябгэжу къэукъубияти. 14Зыри щымыхъужым, Зиусхьэным елъэӀуащ ахэр:
– ДынолъэӀу, Зиусхьэн, мы лӀым и псэм дызэреӀэм щхьэкӀэ думыгъэкӀуэд, псым зэрыхэддзэр гуэныхь тщумыщӀ, лажьэ имыӀэу къыщӀэкӀмэ. Зиусхьэныр Уэращ, узыхуейр къыбогъэхъу, – жаӀэри.
15Абдежым Инус псым хадзащ, зэрыхадзэуи, псыр сабырыжащ. 16ХылӀхэр хуабжьу щышынащ Зиусхьэным, къурмэн хуаукӀащ, псалъи ятащ Ар иджыри ягъэлъэпӀэну.

ទើបបានជ្រើសរើសហើយ៖

Инус 1: АдгФЛ

គំនូស​ចំណាំ

ចែក​រំលែក

ចម្លង

None

ចង់ឱ្យគំនូសពណ៌ដែលបានរក្សាទុករបស់អ្នក មាននៅលើគ្រប់ឧបករណ៍ទាំងអស់មែនទេ? ចុះឈ្មោះប្រើ ឬចុះឈ្មោះចូល