ДжакӀуэ 11

11
ЕпщыкӀузанэ Ӏыхьэ
ЩӀэныгъэм гъунэ иӀэщ
1ФӀы щӀэи псым хэдзэ,
гува-щӀэхами ар уэ бгъуэтыжынщ#11:1 Е «Хы Ӏуэхум уи мылъку хэлъхьи, хэхъуэншэ ухъункъым». Пасэрей Ӏэрытхым къыщыкӀуэр мыращ: «Уи щӀакхъуэ Ӏыхьэр псым хэдзи, махуэ бжыгъэ дэкӀми, бгъуэтыжынщ». Псалъэжьым къикӀыр ӀупщӀ дыдэкъым..
2ХэтыкӀ зэпыт уи мылъкум,
хэгъэгум къыщыхъуну тхьэмыщкӀагъэ псор зыхуэдэр пщӀэкъым#11:2 Мы усэр зэхуэмыдэу къыбгурыӀуэуи хъунущ: 1. уи мылъкур Ӏуэху зыбжанэм хэлъхьи, вакъэ зэв ущихуэ къыпщхьэпэжынщ; 2. тхьэмыщкӀэм дэӀэпыкъуи, вакъэ зэв ущихуэ абыхэми зыкъыпщӀагъэкъуэжынщ..
3Пшэхэм хъумэ псыр ярыз,
уэшхыр щӀылъэм кърекӀых.
ИпщэкӀэми, ищхъэрэкӀэми, жыгыр уамэ,
щыукӀуриям деж ар къыщонэж.
4Жьым кӀэлъыплъым жылэр ипхъкъым,
пшэм еплъакӀуэми ихыжкъым мэшыр.
5Жьым и кӀуапӀэ псори зэрумыщӀэм ещхьу,
сабийм и пкъыр анэм и гущӀэм зэрыщыжми узэрыщымыгъуазэм хуэдэу
сыт ищӀысри къэзыгъэщӀ Тхьэм и Ӏуэхухэри къыбгурыӀуэн плъэкӀынкъым.
6Пщэдджыжьым жылэр пхъы,
пщыхьэщхьэми умыщӀэ псэху жыхуаӀэр,
пщӀэкъым языхэзу къохъулӀэнур,
тӀури къыбдэхъуну щытми хэт ищӀэн?
УныбжьыщӀэху зыгъатхъэ, ауэ УкъэзыгъэщӀар зыщумыгъэгъупщэ
7ГъащӀэр ӀэфӀщ,
и щӀасэщ цӀыхум нэхури.
8Сыт хуэдиз гъащӀэ цӀыхум къыхуимыухами,
гуфӀэ-гупсэу ирепсэу.
Ауэ махуейхэр къызэрыщӀэзэрыхьынури,
ахэр зэрыкуэдынури щремыгъупщэ.
Сыт къэмыхъуми, псори пщӀэншэщ!
9УныбжьыщӀэху, щӀалэ, зыгъатхъэ,
ущӀалэхукӀи уи гум гуфӀэр иремыкӀ.
Уи гум жиӀэм тету псэу,
уи нэр здэплъэми ублэмыплъыкӀ,
ауэ зыщумыгъэгъупщэ, сыт умылэжьми,
Тхьэм и пащхьэ ущихьэжкӀэ, жэуап щыпхьынущ.
10Аращи, зыхуэщӀ пэӀэщӀэ гуныкъуэгъуэм,
гугъуехьхэм уипкъри щыхъумэ –
щӀалэгъуэр напӀэзыпӀэу блокӀ#11:10 НапӀэзыпӀэу блокӀ – еплъ 1:2 и еӀуэлӀапхъэм..

ទើបបានជ្រើសរើសហើយ៖

ДжакӀуэ 11: АдгФЛ

គំនូស​ចំណាំ

ចែក​រំលែក

ចម្លង

None

ចង់ឱ្យគំនូសពណ៌ដែលបានរក្សាទុករបស់អ្នក មាននៅលើគ្រប់ឧបករណ៍ទាំងអស់មែនទេ? ចុះឈ្មោះប្រើ ឬចុះឈ្មោះចូល